Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

(ADY) Джаур къэралым ущыдыгъуэ хъуну?

28.05.2014
Просмотров 7 192

Муслъымэну зи диным хуэпэжыр, акъыл къабзи зиIэр мы тхыгъэм и фIэщыгъэцIэ къудейм къигъэуIэбжьынущ икIи занщIэу жэуап зыхуэмей упщIэ игъэувынущ: «Дэни ирехъу, хэт теухуауи ирехъу удыгъуэныр дауэ зэрыхъунур, диным дауэ ар зэридэнур?!».

ИкIи аращ Iуэху зэрыщытыр. Мы Iуэхугъуэр зэпкъырытхыну, дэлилхэр къыхуэтхьурэ утыкум къитлъхьэну дыхуэныкъуэтэкъым, апхуэдизкIэ гурыIуэгъуэщи. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щхьэзыфIэфIыныгъэм ихь языныкъуэхэм «дэ дыхьэбыршыбырщи додыгъуэ!» жамыIэфу, ялэжь мыхъумыщIагъэр диным кIэрапхэну, диным и къуагъым къуэувэну яужь итхэщи, Iуэхум дытепсэлъыхьын хуей мэхъу.

— Гуэныхь ялэжьри, иужькIэ «Алыхьым иухат ар, имыухатэмэ длэжьынтэкъым», — жызыIэу дэувэжхэм Ибн Гьумэр رضي الله عنه егъэлеяуэ къагъэгубжьауэ щытащ. Абы щыгъуэми жиIат: «ЦIыху гуэныхь къэзыхьу, абыкIэ зызымыусыжыр, и щхьэм еуэжыр нэхъыфIщ, махуэкIэ нэщI зыIыгъыу, жэщкIи нэмэз зыщIыу, гуэныхь къыIэщIэщIэмэ «ар Алыхьым сигъэщIащ», — жызыIэм нэхърэ!». «Iэл-Мунъе уэл-Iэмэл», нап. 25-26.

Абы ещхьщ мы хьэл Iейр зыхэлъхэу, ар диным кIэрызыпхэну яужь итхэр. 

УхуеймэКъурIэнкIэ, ухуеймэСуннэкIэ къащтэ, абы адэкIэ щIэныгъэлIхэм жаIахэр хэлъхьэж, къинэмыщIауи акъыл къудейкIие гупсыс: мы Iуэхугъуэм тегъэщIапIэ зыри къыхуигъуэтыфынукъым, атIэ ахэр псори къедауэу къыпэщIэувэнущ щхьэзыфIэфIым. 

Къэрал гуэрым ущискIэ, абы къыщекIуэкI хабзэхэм утетыну псалъэ ябот. Ауэ дауикI, гу зылъытапхъэращи, Алыхьым и диным къемызэгъ гуэр блэжьыну ухуиткъым, Iэмалыншагъэ дыдэ уи Iуэхур мыхъуауэ. 

КъекIуэкI хабзэхэм утетыну псалъэ зэрыптым ипкъ иткIэ, уэ документ къуат, адрей цIыхухэм хуащIэ хабзэ Iуэхутхьэбзэхэри уэ къыпхуащIэ, зыри мыхъужыххэмэ къыпхуащIэн хуейуэ я хабзэм итщ. А хабзэм цIыху щхьэхуэ гуэрхэр ебакъуэу, езыхэм я щхьэзыфIэфIыныгъэр халъхьэмэ, абы щхьэкIэ зыри зихъуэжкъым, атIэ Iуэхур зытещIыхьын хуейр къэралым и хабзэращ. 

Апхуэдэ щIыкIэкIэ къэралым ущискIэ, уэ цIыхухэм дзыхь къыпхуащI, зыгуэр я щIыбагъкIэ япщIэну ягу къэкIыххэкъым. Арамэ, а дзыхьым ухуэпэжу ущытын хуейщ.

ЩIэныгъэлIышхуэ Ибн Хьэджэр етх: «Зи дзыхь къозыгъэзам, къуигъэзам ехьэлIауэ ухуэпэжын хуейщ, ар муслъымэнми джаурми».«Фэтхь Iэл-Барий, 5/402». 

Псалъэ птам утетыжын зэрыхуейр КъурIэнкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, Iэл-МаIидэ сурэм и япэрей аятыр аращ зытепсэлъыхьыр: «Уэ (Алыхьыр) зи фIэщ хъуахэ! ЗэгурыIуэныгъэм фытетыж».  Iэл-IисраI сурэм и 34-нэ аятым Iуэхум и лъэужь хъунур къыхощ: «Псалъэ фтам и жэуапыр фхьыжынущ», — жиIэу.

Суннэм дыхэплъэмэ, Бухъарийрэ (34) Муслимрэ (58) къаIуэтэжа хьэдисым нээхъыбэ ухуейкъым мыбы ехьэлIауэ. А хьэдисым къыхощ, псалъэ итам епцIыжыр мунафикъ цIыхурауэ, муслъымэным ар къызэремызэгъыр. 

ЩIэныгъэлIхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ имам Мухьэммэд ибн Iэл-Хьэсэн, Алыхьыр рэхьмэткIэ зыхуэупсэныр. Абы и тхылъ «Iэс-Сиер» 2/66 зыфIищам къыщыхигъэщащ мы Iуэхур. Уеблэмэ, ар зытепсэлъыхьар дар Iэл-Хьэрб зыхужаIэ щIыналъэращ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зауэ дыдэ зращIылIауэ муслъымэнхэр зыпэщIэт къэралращ. ЗэгурыIуэныгъэкIэ абы ихьа цIыхум гъэпцIэныгъэ зыхэлъ Iэухугъуэ илэжь зэрымыхъунур.

Имам Шафигьий رحمة الله عليه мы Iуэхугъуэр къиIэтри, апхуэдэ дыдэу щызэпкърихащ и тхылъ «Iэл-Iумм»-ым, 4/284.

Шэмсул-IэIиммэ Iэс-Сэрэхъсий щIэныгъэлI иным къыхегъэщ, гъэпцIэныгъэкIэ цIыхум къыIэрыхьа мылъкур е къидыгъуар къуищэну къыббгъэдилъхьэмэ, ар къэпщэхъу зэрымыхъунур икIи зэрыхьэрэмыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар фIеягъэкIэ къалэжьа мылъкущ.([1])

Ибн Къудамэ, хьэнбэлий щIэныгъэлIым, мы Iуэхугъуэм тегъэщIапIэ хуещI хьэрэму къэкIуа Iуэхугъуэхэр муслъымэн джауркIэ зэрызэхимыдзыр. Муслъымэным епщIэ мыхъунур джаурми епщIэ зэрымыхъунур». ([2])

Уеблэмэ, абы и псалъэхэм къазэрыхэщымкIэ, псалъэ гуэркIэ уэ хабзэ къекIуэкIым утетыну къыхомыгъэщами, абы щхьэкIэ къэмынэу къекIуэкIым утетын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы узэрис къудейм, дзыхь къызэрыпхуащIым къагъэлъагъуэ уэ а хабзэхэм утетыну уи пщэ зэрыдэплъхьэжар. 

Зыми ухимыгъэзыхьауэ зы къэрал гуэрым ущискIэ, абы кърикIуэну псоми ухуэхьэзыру,псалъэ птами утетыжыфу щытын хуейщ; 

Щэхьабэхэм ящыщу Хьузейфэрэ абы и адэмрэ джаурхэм псалъэ иратауэ щытат, Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, и дзэм хэмыхьэнхэу. Абы щыгъуэлIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIауэ щытат: «Фыкъытхэмыхьэу вгъэзэж-тIэ, псалъэ яфтар дгъэпэжынщ, Алыхьри ди дэIэпыкъуэгъу хъунщ«.[3] 

Хьудейбийе зэгурыIуэныгъэм щыгъуэ Бегъымбар лъапIэм, صلى الله عليه وسلم Абу Бэщир жриIауэ щытат: «Уэ, Абу Бэщир! Уэ зэрыпщIэщи мыбыхэм дэ псалъэ яттащ. Дэ ди псалъэ депцIыжуи ди хабзэкъым. Аращи укъыздикIам кIуэж!«.

— Уа, джаурхэм септыжыну ара: си диныр сIэщIэзыудыну, гьэзаби сэзыгъэшэчыну хуейхэм?!- къыщIэупщIэжащ Абу Бэщир.

— «Зыхуэгъэшэч, Алыхьым къуитыжыну псапэми щыгугъ; жьыдэхупIэрэ, хэкIыпIэрэ Алыхьым къыпхуигъуэтынщ«, — жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэмصلى الله عليه وسلم.[4] 

Имам Бухъарий и тхылъым зэритщи (273I), Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Мугъирэ ибн Шугьбэ джахилийе зэманым зы гуп яхэту гъуэгу техьати, ахэр зэтриукIэщ, я мылъкур зэщIикъуэри, итIанэ къакIуэри Ислъам диным къихьауэ щытауэ. Абы щыгъуэ, ЛIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жыриIауэ щытащ абы: «Ислъам диныр къызэрыпщтар тфIэкъэбылщ, ауэ мылъку къэпхьар гъэпцIэныгъэм къыхэкIа мылъкущи, дэ абы дыхуэныкъуэкъым«. 

Бухъарий и тхылъми[5] Муслим и тхылъми[6] ярытщ, Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным къиIуэтэжауэ: Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, Мугьаз щэхьабэр Йемен щIыналъэм щигъакIуэм, абы ис цIыхухэр абы щыгъуэ китаб Iыхьлыхэт, иджыри диныр къащтатэкъым, ахэр диным къыхуриджэну еущиери, итIанэ мыр жыриIат: «Лей къызытехьам и дугьэм щышынэ, абырэ (абы и дугьэмрэ) Алыхьымрэ я зэхуаку зыри дэлъкъым«.

Абы къикIращи, лей епх хъунукъыммуслъымэнми, джаурми. Хьэуэ жыпIэрэ, зыхуэгъэхьэзыр къырикIуэнум. 

Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم-эр Мэккэ къалэм илъэс пщыкIущкIэ джаурхэм яхэсат муслъымэнхэри щIыгъуу, зы цIыхуи хуит ищIауэ щытакъым зыгуэр къадыгъуну, е лъы ягъэжэну, е зыгуэрым и щIыхькIэ лей ирахыну.

Абы иужькIэ хиджрэ нэхъыбэм ящIащ, ауэ хиджрэ зыхуэмыщIу къыдэнахэми ящыщ зыгуэрым дыгъуэныр хуигъэдурысауэ зы щапхъэ къыпхуэхьынукъым, апхуэдиз лей къатехьэу щыта пэтрэ.

Яхуигъэдурысакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дыгъуэныр икIагъэщ, емыкIушхуэщ, хьэлыншагъэщ. Абы есам ар хьэл хуохъури, зэхимыныжыфу къыдокIуэкI. 

КъинэмыщIауэ, мыбдежым къыхэгъэщыпхъэращи:  дин зетхьэм, Ислъам дину дыщIэгушхуэм и цIэр дахэу Iэтауэ щыдгъэтыным, сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми хэтIэтыкIыным дегупсысын хуейщ дэтхэнэ зыри. Мы дуней мылъкур щIэпту утелэжьэн хуейщ а Iуэхугъуэм. НтIэ, абы и пхэнж дыдэр щхь ялэжьрэ языныкъуэм. Сом гъур тIэкIу щхьэкIэ мы дин лъапIэм и напэр щIытрахэр сыт?! ЦIыхухэр мы диным щIыщагъащтэр сыт?! 

Алыхьым урихьэтырмэ къызжеIэт:  цIыхур Ислъам диным къыхуебджэу, диныр къищтэнуи уи нэ къыхуикIыу, «диныр къабзагъэщ, диныр пэжагъщ» жепIэу, ауэ абы хэту щэхуу и жыпым уиIэбэу, зыгуэрхэр къыфIэбдыгъуу…  Ар сыт хьэдыгъуэдахэ?! Делэ дыдэм имыщIэн Iуэхущ ар! 

МыдэкIэ, муслъымэным и щIыхь ихъумэжыну, лей къызэрырахын щхьэусыгъуэ имылэжьыну, щIагъэпудын гуэр имыщIэну и къалэнщ. НтIэ удыгъуэу дауэ ахэр къузэрохъулIэнур?! Дыгъуэм зигъэпщкIуу, къижыхьу, и щхьэр здихьынур имыщIэу къонэ. Зэм фIэцIэфтмэ етIуанэм фIэцIэфтынукъым. Яубыдынщи, ирадзэнщ. И щхьэри, и унагъуэри, и Iыхьылыхэри, и ныбжьэгъухэри бэлыхь хидзэнщ. 

Абы нэхърэ нэхъ Iеижращи, «удыгъуэ хъунущ, джаур мылъкур хьэлэлщ», жызыIэр абдежми къыщызэтеувыIэжынукъым, атIэ я мылъкур щыхьэлэлкIи я цIыхубзхэри хьэлэлуращ, жиIэфынущ. Сыт-тIэ абы ижуькIэ абы муслъымэнагъым щыщу къыхуэнэжынур?! 

Псори къэгъэнауэ, мы Iуэхугъуэр шэч зыхэлъ Iуэхугъуэхэм ящыщу убжми, шэч зыхэлъым муслъымэныр къыпекIуэкIын хуейт, ауэ шэч зыхэлъхэми ящыщкъым мыр, атIэ хьэрэм цIафтэу нэр къизыщIхэм ящыщщ. ЦIыхум ар щIилэжьыр и делагъэ, и хьэл зэблэша, Iэщ хъуэпсэкIэ зэриIэращ, гугъу зыримыгъэхьу тыншу мылъкур зыIэщIигъэхьэну зэрыхуейращ! 

Минрэ илъабжьэкIэ мы Iуэхугъуэр хьэлэл хуэдэу къытщигъэхъуну зыгуэрхэр яужь ихьэми, Iуэху хьэлэлым мыхъумыщIэ къыщыдэкIуэм и деж, мыхъумыщIэми ущыхуишэм и деж хьэрэм зэрыхъум сыт иращIэнур абыхэм?! Мы Iуэхугъуэм мыхъумыщIэу къыдэкIуэм и бжыгъэр къэлъытэгъуейщ!

Ауэ мыр хьэлэлу дэ ди фIэщ зэрыпщIын мы дунейм теткъым, атIэ и лъабжьэри и къудамэри хьэрэмэщ. 

Алыхьым дыщогугъу мыпхуэдэ мыхъумыщIэхэр ди гъащIэм хихыну, муслъымэн диныр къабзэу зезыхьэхэр нэхъыбэ ищIыну, пэжым дытемыкIыу дигъэпсэуну! 

Щхьэныкъуэ А.
25.05.14

[1] «Iэл-МэбсутI» 10\96.

[2] «Iэл-Мугъний» 9\237.

[3] КъиIуэтэжащ имам Муслим (1787).

[4] КъиIуэтэжащ имам Бухъарий (2731).

[5] (1395).

[6] (19).