Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

Шэгьбан мазэ

30.06.2012
Просмотров 3 143

Муслъымэн жэмыхьэт! Ислъам диным и мазэ къэбжыкIэмкIэ Рэджэб мазэр икIмэ Шэгьбан мазэр къоунэху.

А мазэм ирихьэлIэу псы къалъыхъуэн мурад яIэу е нэгъуэщI мурад гуэркIэ хьэрыпхэр гуп-гупу зэбгрыкIыу зэрыщытам папщIэ Шэгьбан фIащащ абы, жаIэ щIэныгъэлIхэм… ЛIыкIуэ лъапIэм,  صلى الله عليه وسلم-эм, и щхьэгъусэ ГьаIишэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къеIуэтэж: «Алыхьым и лIыкIуэм апхуэдизрэ нэщI иIыгъыу екIуэкIти, зэикI хэшхэкъым, жыдигъэIэт. МынэщIуи апхуэдизрэ екIуэкIти, нэщI иIыгъыххэкъым, жыдигъэIэт. Мазэ псо икIэм нэсу къинэщIауи слъэгъуакъым Рэмэданым къищынэмыщIа, Шэгьбаным хуэдэу нэхъыбэрэ зыхэнэщIыхьа (мази) слъэгъуакъым ..«. (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ).

Адрей мазэхэм я нэхъ лейуэ Шэгьбаным нэхъыбэрэ щIыхэнэщIыхьым Зейд и къуэ Iусамэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр, щIэупщIати: «А мазэр Рэджэбымрэ Рэмэданымрэ я зэхуакум зэрыдэтым папщIэ цIыхухэм яIэщIогъупщыкI (абы тогупсысыкIхэ). А мазэми ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр дунейуэ щыIэм я Тхьэм и деж драхьейри, нэщI сису си лэжьыгъэр драхьеину нэхъ къызощтэ«, — къыжриIэжат абы бегъымбарым,  صلى الله عليه وسلم-эм. (Щэхьихь Iэт-Тэргъиб уэт-Тэрхиб). ЩIэныгъэлIхэм жаIащ: цIыхухэм ялэжьар Аллаху Тэгьалам и пащхьэм махуэ къэс иралъхьэ; къинэмыщIауи, тхьэмахуэм къриубыдэу ялэжьари блыщхьэ махуэмрэ махуэкумрэ Абы и пащхьэ зэ иралъхьэж; абы нэмыщIауэ илъэс псом ялэжьар Шэгьбан мазэм ирихьэлIэу и пащхьэ иджыри зэ иралъхьэж…. Мис апхуэдэущ хьэдис дыкъызэджари къыбгурыIуэн зэрыхуейр… (Хьашиет Iэс-Синдий гьэла Iэн-НэсаIий).

Алыхьыр рэхьмэткIэ зыхуэупсэн Ибн Рэджэб щIэныгъэлIым етх мыпхуэдэу: (Шэгьбан мазэм ирихьэлIэу нэщI пIыгъыныр «хьэрэм мазэхэм» ирихьэлIэу яIыгъ нэщIым нэхърэ нэхъыфIщ. Псапэу ялэжьым я нэхъыфI дыдэри Рэмэданым пэгъунэгъуу ялэжьращ: е Рэмэданым ипэ къихуэу е иужь иту.

Рэмэданым пэгъунэгъуу яIыгъ нэщIыр адрей нафилэ нэщIхэм йофIэкI, фарз нэмэзхэм ящIыгъу суннэтхэр адрей нафилэ нэмэзхэм зэрефIэкIым хуэдэу…), — етх Ибн Рэджэб. «ЛэтIаIиф Iэл-Мэгьариф».

Хьэдис дыкъызэджам къызэрыхэщащи, Шэгьбан мазэр мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ мазитIым, Рэджэбымрэ Рэмэданымрэ, я зэхуакум дэтщ. Абы ипкъ иткIи а мазэмкIэ куэдым Iэпэдэгъэлэл ящI.

Куэдми къафIощI Рэджэб мазэр хьэрэм мазэхэм зэрыхиубыдэм папщIэ абдежым нэщI щыпIыгъыныр Шэгьбаным нэхърэ нэхъыфIыу, ауэ ар пэжкъым.

НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIи абы къыбгурегъаIуэ, цIыхухэм мыпхуэдэ щIыпIэм, е мыпхуэдэ зэманым, е мыпхуэдэ цIыхум лъапIэныгъэ бгъэдэлъщ жаIэу кърахьэкIхэмкIэ щыуэнкIэ зэрыхъунухэр. АтIэ абы къафIэщIым нэхърэ нэгъуэщIхэр нэхъ лъапIэу къыщIидзыжынкIи зэрыхъунур.

КъинэмыщIауи абы къыхощ, цIыхухэм псапэ Iуэхухэр къафIэмыIуэхущэ хуэдэу щыхъуам деж, уэ нэхъ уи фIэщу псапэ къэхьыным уелIэлIэныр зэрыфIыр.

Абы ипкъ иткIи ди япэ ита цIыхуфIхэм яхэтащ, ахъшэм нэмэзымрэ жасымрэ я зэхуакум псапэ нэмэз нэхъыбэу дэзыщIыхь. «А зэманыр цIыхухэм къафIэмыIуэхущэу благъэкI, псапэ щIэнми тогупсыскIхэ, дэ абыхэм дахиубыдэну дыхуейкъым»,- жаIэу щытащ…

Абы ещхьщ бэзэрым ущытеткIэ Алыхьыр зыщомыгъэгъупщэныр, Абы и цIэр уи бзэгупэм темыкIыныр; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а щIыпIэм цIыхухэр дуней Iуэхум дехьэхыIуэри Алыхьыр ящогъупщэ. Мис апхуэдэм деж Алыхьыр зи гум имыхур нуру абыхэм къахэлыдыкIынущ.

ЦIыхухэм Алыхьыр щащыгъупщэм деж уэ пщымыгъупщэныр фIыгъуэшхуэщ. Ауэ фэрыщIагъ жыхуаIэм егъэлеяуэ ухуэсакъын хуейщ. Ар уи лэжьыгъэм къыхыхьэмэ, абы уи псапэри игъэкIуэдыжынущ, уеблэмэ гьэзаби къуигъэлэжьынущ.

ФэрыщIагъыншэу нэхъ пхуэлэжьыну Iуэхухэм ящыщщ нэщI Iыгъыныр. Илъэс бжыгъэкIэ зы цIыхум къимыщIэу нэщI зыIыгъа щыIащ. щэдджыжьым и шхыныр иIыгъыу къыдэкIти, шхын иIыгъыр тхьэмыщкIэхэм яхуиугуэшыжт. И унэм исхэм: «шхын къыщищтакIэ шхащ», жаIэт, лэжьапIэ зыдэкIуами: «щымышхэкIэ и унэ щышхэу къэкIуа хъунщ», жаIэт.

НэщI зэриIыгъыр Iэмал зэриIэкIэ къызэрыдамылъэгъуным елIалIэу щытащ цIыхуфIхэр: «НэщI фису нэху фыкъекIамэ фи щхьэцхэм дагъэ ящыфхуэ», -жиIэу щытащ Ибн Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным. Абы я зэманым щхьэцыр и пIэ ирагъэувэн, цIыхуми теплъэ дахэ иIэ хъун папщIэ дагъэхэкI гуэр къагъэсэбэпу щытащ.

Аращ Ибн Мэсгьуд зи гугъу ищIри. Ари щIыжиIэр, цIыхур теплъэгъуафIэу, нэхъ лейуэ гугъу ехьуи къыхэмыщмэ, нэщI зэриIыгъри нэхъ гъэпщкIуа хъунщ, жиIэу арат.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхухэм диныр IэщIыб щащIыжам деж диныр зепхьэныр зэрынэхъ гугъуми шэч хэлъкъым. Щынэхъ гугъукIи и псапэр нэхъыбэ хъунущ. Зы Iуэхугъуэ гуэрым хэлэжьыхьхэм я бжыгъэр нэхъыбэхукIэ абы и дэхынри нэхъ тынш мэхъу, ауэ жейхэр щынэхъыбэм деж зи нэр къызытехауэ утыкум итхэм я лэжьыгъэр нэхъ хьэлъэ мэхъу!

Арауэ къыщIэкIынщ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм  صلى الله عليه وسلم-эм щIыжиIэри: «(ЦIыхухэр) щызэрызехьэ (щызэрызекъуэ) зэманым деж гьибадэт зылэжьыр хуэдэщ сэ си деж хьиджрэ ищIу къэIэпхъуам«. (Муслим).

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI. ЛэжьыгъэфI илэжьам и хъер зылъагъужын, Ахърэтми щыгуфIыкIыжын муслъымэн Алыхьым дищI!

أَقُولُ قَوْلِي  وَأَسْتَغْفِرُ اللهَ لِي وَلَكُمْ وَلِسَائِرِ الْمُسْلِمِينَ، فَاسْتَغْفِرُوهُ وَتُوبُوا إِلَيْهِ إِنَّهُ, هُوَ التَّوَّابُ الرَّحِيمُ

ЕтIуанэ хъутIбэ

اَلْحَمْدُ لِلَِّهِ رَبِّ الْعَالَمِينَ، وَصَلَّى اللهُ وَسَلَّمَ وَبَارَكَ عَلَى الْمَبْعُوثِ رَحْمَةً لِلْعَالَمِينَ، نَبِيِّناَ مُحَمَّدٍ وَعَلَى آلِهِ وَصَحَابَتِهِ أَجْمَعِينَ. وَبَعْدُ:

Муслъымэн жэмыхьэт! Шэгьбан мазэр нэщI IыгъынкIэ нэхъ къыщIыхэщым иджыри зы щхьэусыгъуэ иIэщ:

ЗэрытщIэщи, Шэгьбаныр НэщI мазэм ипэ къит мазэщ. Абы ипкъ иткIи мазэ псо зэуэ къэбнэщIыным ухэмыхьэ ипэкIэ, абы нэщIкIэ зыхуэбгъэхьэзыр, абы зыхуебгъасэ хуэдэ мэхъу…

Ар ещхьщ лIыкIуэ лъапIэм  صلى الله عليه وسلم-эм жэщым псапэ нэмэз ищIыну къыщытэджам деж ипэ иту кIэщIу тIысыгъуитI ищIу зэрыщытар. АбыкIэ адэкIэ къэкIуэным зыхуигъэхьэзыр хуэдэу.

КъинэмыщIауи, Шэгьбаныр Рэмэданым и бжэIупэ, и куэбжэпэ хуэдэу зэрыщытым папщIэ Рэмэдан мазэ дыдэм щалэжьхэри мы мазэм щалэжь.

Псалъэм папщIэ: нэхъыбэрэ нэщI яIыгъ, нэхъыбэрэ КъурIэным йоджэхэ, сэдэкъэ нэхъыбэу ят.

Сэлэмэ ибн Сухейли Хьэбиб ибн Iэби Сабити жаIэу щытащ: «Шэгьбаныр КъурIэн зыIэщIэлъхэм я мазэщ».

Иужь дыдэу мы зыри жыIэжыпхъэщ: имам Iэн-Нэуэуий и тхылъ «Iэл-Мэджмугь»-ым щетх: (РэгъаIиб нэмэз зыхужаIэри, Шэгьбан мазэм и кум хуэзэ жэщым ящI нэмэз рэкгьэтищэри бидгьэ мыхъумыщIэхэм ящыщщ. Тхылъ гуэрхэм ахэр зэрыратхами, хьэдис гуэрхэр и тегъэщIапIэ хуэдэу къызэрахьами уигъэбэлэрыгъ хъунукъым, атIэ ахэр псори пэжкъым…).

Iэн-Нэуэуий имызакъуэу нэгъуэщI щIэныгъэлI куэди тепсэлъыхьащ а жэщым ехьэлIауэ я нэхъ лейуэ зыри къызэрымыкIуэм.

Аращи фIыр здэщымыIэм къыщыдвмыгъэлъыхъуэу, зэрыпэжри, зэрыдахэри зэхэгъэкIауэ щыт Iуэхугъуэхэм ди фIэщу девгъэлэжь!