Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

(ADY) Гум зыщигъэпсэхур

22.06.2012
Просмотров 3 211

الحمد لله الذي شرحَ صدور العابدين، وأنزلَهم نُزُل المُقرَّبين، أحمده — سبحانه — حمد الشاكرين الذاكرين.

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له كلمةٌ انقسَمَت لأجلها الخليقةُ إلى مؤمنين وكافرين، ولأجلها نُصِبَت الموازينُ.

وأشهد أن سيدنا ونبيَّنا محمدًا عبدُ الله ورسوله وأمينُه على وحيِه، وخيرتُه من خلقِه، أرسله الله رحمةً للعالمين، وإمامًا للمُتَّقين، وحُجَّةً على الخلق أجمعين، اللهم صلِّ وسلِّم على عبدك ورسولك محمدٍ، وعلى آله وصحابته أجمعين، والتابعين ومن تبِعَهم بإحسانٍ إلى يوم الدين.  أما بعد:

Гьибадэт Iуэхум (Алыхьым хуэлэжьэн Iуэхум) зи фIэщу хэтхэм я гур зэIузыха, гупсэхугъуэр къабгъэдэзылъхьа, увыпIэ лъагэхэр абыхэм яхуэзыгъэфэща Аллаху Тэгьалам фIыщIэр хуэфащэщи, фIыщIэ нэгъэса Абы худощI!

Щыхьэти дытохъуэ тхьэ зэрыщымыIэм Алыхьым къищынэмыщIа.  А шэхьадэт псалъэращ цIыхухэр муслъымэнрэ джауру зэхэзыдзыжар, Къемэт махуэшхуэми тэрэзэхэр щIагъэувынур аращ.

Апхуэдэуи щыхьэт дытохъуэ Бегъымбар Мухьэммэдыр صلى الله عليه وسلم Алыхьым и пщылIу икIи и лIыкIуэу зэрыщытым, дзыхь къыхуищIуи уэхьийр къызэрыхуигъэкIуам, цIыхуу щыIэми зэрахигъэлъэпIыкIам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм цIыху губзыгъэу тетым къалъыхъуэ я гум мамырыгъэ къизылъхьэн, гупсэхугъуэ къезытын. Абы ипкъ иткIи, ар къехъулIэн папщIэ, щхьэж езым къыгурыIуэм, зэригъэзахуэм, и фIэщ хъум елъытауэ щхьэусыгъуэ гуэрхэр елэжь.

Языныкъуэм я гугъэщ Iуэхур мылъкум е хьэпщып гуэрым елъытауэ. Абы ипкъ иткIэ, зэхъуапсэ машинэр къащэхумэ, е я нэ къызыхуикI унэр ящIмэ, е щхьэгъусэ зэрагъэгъуэтмэ, абыкIэ гупсэхугъуэ ягъуэтыну. Ауэ ахэр псори щхьэгъэпцIэжщ.

Муслъымэнхэм зыри къалъыхъуэжын хуэмейуэ хьэзыру Алыхьым къаритащ ар къазэрехъулIэн Iэмал. А Iэмалыр цIыхур къэзыгъэщIа Алыхьым имыщIэмэ хэт ищIэн-тIэ?!

Алыхьым ищIэр нэхъыфI дыдэу зыщIэр Алыхьым и лIыкIуэращи صلى الله عليه وسلم, абыи хузэфIэкI къигъэнакъым ар къыдгуригъэIуэным теухуауэ. Дауи къигъэнэнт «Сэ сывиадэпэлъытэу фызогъаджэ, фызогъасэ…» къыджезыIам?! (Ахьмэд, Абу Дауд, НэсаIий. И иснадыр пэжщ).

Гум зигъэпсэхуным япэ дыдэ щхьэусыгъуэ хуэхъур иманыр, фIэщхъуныгъэращ дауикI. Алыхьым теухуауэ фIэщхъуныгъэ зи гум имылъым гупсэхугъуэм и мэ къыщIихьэнукъым. КъурIэн лъапIэми къызэрыхэщщи, фIэщхъуныгъэ зимыIэм и гур зэхуэшауэ, зэщIэкъузауэ, жьы хуримыкъу хуэдэу щытщ. (Iэл-Iэнгьам, I25).

Гупсэхугъуэр иманым къызэрыдэкIуэм шэч хэлъкъым, ауэ Iуэхур а иманыр ди гум илъ хьэмэрэ имылъ, ар зэхэтщIа хьэмэрэ иджыри зэхэдмыщIа? Аращ Iуэхур.

Нэмэз щIыкIэ зэрызебгъэса къудейм щхьэкIэ, хьэмэрэ «субхьанэллах, ма ша Аллах, Аллаху Iэкбэр» псалъэхэр зэрыжыпIэфым папщIэ абы унэсауэ зыкъыпщыхъуж хъунукъым.

Абы къыкIэлъыкIуэу гум зезыгъэгъэпсэхунур: гур Алыхьым пыщIауэ, лъагъуныгъэ абы хуиIэу, и нэр Абы и фIыгъуэхэм къахуикIыу щыщытым дежщ. Армырауэ, Алыхьым нэмыщI нэгъуэщI зыгуэрым гур пыщIа хъуамэ, а зэрыпыщIам елъытауэ гугъу ехьыжынущ.

ЦIыхум зыщIыпIи хуэмыхьыжыну и адэ-анэр, и быныр, и щхьэгъусэр, фIы къыхуэзыщIэ дэтхэнэри фIыуэ елъагъу. «Ахэр умылъагъу» зыми къыбжиIэкъым, уеблэмэ умылагъууи пхузэфIэкIынукъым, ауэ гупсэхугъуэ абыхэм я лъагъуныгъэм къыпхуихьынукъым. Ахэр лъагъу, ауэ уазэрыщымыгъупхъэкIэ уащымыгугъ!

Гум зезыгъэгъэпсэхухэм ящыщщ: пхузэфIэкIым теухуауэ цIыхухэм е псэущхьэхэм сэбэп уахуэхъуныр. Ар ирехъу уи мылъкукIэ, е къулыкъу пIыгъымкIэ, е щIэныгъэкIэ, е нэгъуэщI зыгуэркIэ.

Зыгуэрым фIы щыхуэпщIам деж, а зыхуэпщIар абы зэрыщыгуфIыкIым нэхърэ нэхъыбэу уэ абы ущогуфIыкI, уи гум зегъэпсэху, дэрэжэгъуэ абы къует. Ар шэч зыхэмылъщ.

Езы Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم гъэщIэгъуэну щапхъэ къытхуехь сэдэкъэ зи мылъкум хэзыгъэкIыфымрэ, зи мылъкум тегужьеикIауэ щытымрэ я щытыкIэр.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام: «Нэпсеймрэ сэдэкъэ зи мылъкум хэзыгъэкIыф (жумартымрэ) ящхьщ гъущI джанэ зыщыгъ цIыхуитIым. Жумартым сэдэкъэ итыну мурад щищIым и деж джанэр Iэхуит-лъэхуит мэхъу… Нэпсейм сэдэкъэ итыну мурад щищIым деж джанэм зызэхуешэ, езым зэIишыну хуейщ, ауэ зэIыкIкъым…». (Бухъарийрэ Муслимрэ).

Абы къегъэлагъуэ фIы зыщIэм гупсэхугъуэ зэригъуэтыр, зымыщIэм и гур зэхуэшауэ зэрыщытыр.

Аллаху Тэгьалам и цIэр куэдрэ жыпIэныр, уи гум Ар йомыгъэхуныр – зикрыр – щхьэусыгъуэшхуэ хуохъу гум зигъэпсэхуным. Зикрым я нэхъыфIри я нэхъ инри Алыхьым и Псалъэ – КъурIэн лъапIэращ.

КъурIэным уеджэмэ Тхьэ ЛъапIэм уепсалъэ хуэдэщ. Тхьэшхуэм уепсэлъэным нэхъ гуфIэгъуэрэ, нэхъ гугъэпсэхурэ щыIэн хуейкъым.

КъурIэным и мазэр – нэщI мазэри – къэблэгъэпащ. Абы ипкъ иткIи, КъурIэным ди гур хуэдгъэзэныр, ди бзэгур абы едгъэсэныр икъукIэ зи чэзу Iуэхугъуэщ.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, гупсэхугъуэ къыдэзытыну Iуэхугъуэхэри Алыхьым псынщIэ тщищI!

.