Муслъымэн жэмыхьэт! Дыгъэм и нурыр щIым къытепсэн зэрыщIидзэу, цIыхухэр зэрызу е гуп-гупу уэрамым къыдыхьэн, дунейм къытехьэн щIадзэ, ерыскъыуэ Алыхьым къахуиухар къалъыхъуэну, я унэ ирахьэлIэну.
Хьэлэмэтыщэу ик1и 1ущагъышхуэ хэлъу зэхигъэуващ Аллаху Тэгьалам цIыхухэм я ерыскъы къэлэжьыкIэр, ахэр зыхэпсэукIынур къызыхэкIыр.
Къащтэ цIыхум яшх щIакхъуэ закъуэм и Iуэхур. ЦIыху дапщэм я ерыскъыр пыщIа а зы закъуэм, ц1ыху дапщэ ирипсэурэ абы?!
Гуэдз жылэр зыщэм и деж щыщIэдзи, адэкIэ ар хэзысэр, абы телажьэр, ар къезыхьэлIэжыр, ар зыхьэжыр, ар зыщэжыр, ар зыгъажьэр, нэгъуэщI куэди къепхыжащ абы и Iуэхум. Иджы ахэр псори зэрыпсэур а щIакхъуэмкIэщ.
АдэкIэ зи ерыскъыр щIы лъабжьэм е псы лъабжьэм къыщIэзыхыну зыхуиухахэр щэ, уафэгум иту зи шхын къэзылэжьхэр щэ?!
Зи псэуныр цIыхухэм я сымэджэным пыщIахэр щэ? Уеблэмэ, узыр нэхъ хьэлъэхукIэ икIи нэхъ шынагъуэу щытыхукIэ абы фейдэ нэхъыбэ къыхах дохутырхэм е нэгъуэщ1хэм.
АдэкIэ, дунейм и хуабагъым епхыжа лэжьыгъэхэр, Iэмэпсымэхэр, щыгъын лIэужьыгъуэхэр, дунейм и щIыIагъми апхуэдэ дыдэу!
АдэкIэ, цIыхухэм я гуфIэгъуэхэм, хьэгъуэлIыгъуэ сыт хуэдэхэм ирипсэухэр щэ?! ЦIыхухэм я гузэвэгъуэм зи ерыскъыр къыхэкIхэр щэ?!
Аращ Езы Алыхь Инми жиIэр:
«Дэ ахэр зыхэпсэукIынур мы дунейм щахуэдгуэшащ, зыхэр адрейхэм яхэдгъэфIыкIащ, зыхэр адрейхэм яхуэлэжьэн щхьэкIэ«. (Iэз-Зухъруф, 32).
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дин дахэ зетхьэм лэжьыгъэм езым пщIэ хуещI, лэжьыгъэм пэрытхэм, IэщIагъэ зиIэхэм я цIэр фIыкIэ къыхегъэщ.
Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Гьумэр жиIэт: «ЦIыхум соплъри сигу ирохь, пщIэи хуэсщIыну сыхуейуэ сохъу, иужькIэ IэщIагъэ иIэм теухуауэ сыщIоупщIэри, «IэщIагъэншэщ», жаIэмэ, си гур бгъэдокI».
КъурIэн лъапIэмрэ, Суннэ къабзэмрэ ухэплъэжмэ Бегъымбархэм ящыщ куэдым IэщIагъэ яIэу, лэжьыгъэ гуэрми пэрытхэу щытауэ къыхощ.
Псалъэм папщIэ, Iэдэм вакIуэлIу, Идрис дэрбзэру, Нухьрэ, Зэкэрийярэ пхъащIэу, Дауд гъукIэу щытахэщ, Мусэ лIыщIэу илъэсипщIкIэ лэжьащ. Алыхьым и сэламыр псоми къарих!
Дэ ди Бегъымбар лъапIэми عليه الصلاة والسلام لى الله عليه وسلم бегъымбарыгъэр къыхуэмыкIуэ ипэ мэл игъэхъуу Мэккэ и бгы лъапэхэм и къуэ куухэм дэтащ, адэкIэ цIыхум я мылъкур яхуихъумэу ик1и яхуигъэбагъуэу сатум пэрытащ, бегъымбарыгъэр къыхуэкIуа нэужьи и вакъэр езым идыжу, и щыгъынми елэжьыжу, и унэм щIэсыжмэ унэ лэжьыгъэ илэжьу и гъащIэр ихьащ.
ЦIыхуу Алыхьым къигъэщIам я нэхъ лъапIэхэм, псоми я пашэхэм, я тхьэмадэхэм апхуэдэ псэукIэ яIащ. Лэжьыгъэм ахэр игъэпудакъым, атIэ лэжьыгъэм и пщIэр лъагэ ящIу дунейм тетахэщ.
ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «ЦIыхум езым и IэмкIэ къилэжьыжам нэхъыфI зэикI и кIуэцIым ехкъым!«. (Бухъарий).
Бегъымбарыр عليه الصلاة والسلام لى الله عليه وسلم и Iэщхьабхэр щIыгъуу щысу зылI къалъэгъуащ Iэщхьабхэм и къарумрэ, и жанагъымрэ ягъэщIагъуэу. Абы къыхэкIкIэ: — Я рэсулэл-Лах, мыр Алыхьым и гъуэгум тету псэуамэ сыт хъунт?-, жаIащ. Апхуэдэу щыжаIэм Бегъымбарыр عليه الصلاة والسلام لى الله عليه وسلم къэпсалъэри жиIащ: «И сабийм я шхын къилэжьыну дэкIамэ – ар Алыхьым и гъуэгум тетщ, зи ныбжьыр хэкIуэта адэ-анэм я шхын къилэжьыну дэкIами – ар Алыхьым и гъуэгум тетщ, и щхьэ имыгъэпудыжын, ц1ыхухэм яхуэмыныкъуэн папщIэ езым и шхынур къилэжьыжыну дэкIамэ – ари Алыхьым и гъуэгум тетщ. Ауэ фэрыщIагъым зэрихуэу, зигъэпIиину дэкIамэ – ар шейтIаным и гъуэгум тетщ«. (ТIэбэраний).
Арамэ, нобэ зи унагъуэр зыпIыжын мурад зиIэу лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыт ди щIалэхэр псори Алыхьым и гъуэгум тету аращ. Ауэ абыхэм къалэжьыр зышхыну хуей Iуэхуншэхэр, лэжьэным теухуауэ хуэмыхухэр, хуэмыныкъуапэ пэтрэ цIыхум елъэIухэр зытетыр шейтIаным и гъуэгуращ.
Хьэдис лъапIэм къыхощ, хуэмыныкъуапэу лъаIуэ цIыхур Къемэт махуэм и нэгум лы имылъыжу екIуэлэжыну, абыкIэ цIыхухэм къахэщу, абыкIэ цIыхухэм къацIыхуу.
Нобэ апхуэдэхэм уащрихьэл1эр мащIэкъым. Муслъымэнхэр зэрыгумащIэр, гущIэгъу зэрахэлъыр, псапэ щIэнри зэрафIэфIыр ящIэри ар бзаджагъэкIэ, хьилагъэкIэ куэдым къагъэсэбэп. Ауэ, апхуэдэм къыхэкIа мылъкур зыми берычэт хуэхъуакъым, IэфIуи ар ишхакъым.
Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Гуныкъуэгъуэр ди мащIэу, гухэхъуэр ди куэду, ди Iуэхур ефIакIуэу, муслъымэнхэм ди бжыгъэр хэхъуэу, бжыгъэм игъусэу фIыгъэми зиубгъуу Алыхьым дигъэпсэу!