ФIыщIэри щытхъури зыхуэфащэр Алыхь Закъуэрщ. Аращ щытхъу къызыхуэтхьри, гущIэгъурэ дэIэпыкъуныгъэрэкIэ дызыщыгугъри. Ди псэм бзаджагъэ хэтми, ди лэжьыгъэм Iеягъэ хэлъми дащихъумэжыну Алыхьым дыкъуоувэ. Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувар абы тезышыжыфын щыIэкъым, Абы имыузэщIари зыузэщIыфын щыIэкъым.
Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм.
Муслъымэн жэмыхьэт! Илъэсым махуэхэм я нэхъ лъап1эу хэтыр Зуль-Хьиджджэ мазэм и махуипщ1рамэ, а махуипщ1ым я нэхъ лъап1эр нобэрей махуэращ. Илъэсым гьидит1 хэтмэ, а гьидым язри нобэрей махуэращ.
Апхуэдэ ф1ыгъуэ ухиубыдэныр ф1ыгъуэшхуэщ, ауэ псом хуэмыдэжу иджыпсту ехъулIэпар гу къабзэкIэ, нет пэжкIэ хьэж зыщIыну ежьахэращ, щIыпIэ лъапIэхэм щы1эхэращ, мы дин лъапIэм и къежьапIэ хъуа щIыналъэхэр зи нэгу щIэкIхэращ.
Ауэ и щIыналъэ исыжми, зигукIэ абыхэм яхэтым и нет закъуэмкIэ псапэшхуэ къехь. Абы имызакъуэуи хьэж зыщIхэм я IуэхущIафэ гуэрхэри зи унэ исми илэжьыфу Алыхьым ищIащ. Нэхъыщхьэ дыдэу абы щыщу къыхэщри – къурмэн укIынращ.
Къурмэныр Ислъам диным и хабзэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ. Къурмэн зэриукI къудеймкIэ цIыхум Алыхь Талэм и пащхьэм деж пщIэшхуэ къыщелэжь, мыткIэ абы и лымкIэ зыкIэлъыIэбэ Iыхьлыхэм, благъэхэм, факъырэхэм я гъуэгукIэ псапэшхуэ къехь.
Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم –м жеIэ: «Къурмэн гьид махуэм къурмэн укIыным хуэдэу Алыхьым фIыуэ илъагъу цIыхум илэжькъым». (Тирмизий).
Мы къурмэным и мыхьэнэр, и купщIэр сыт жаIэу лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم еупщIауи къаIуэтэж. – «Фи адэшхуэ Ибрахьим и хабзэу къыфхуэнащ», — жиIэу жэуап къитыжауэ, — псапэу къыдэкIуэм щыщIэупщIэхэм, — «Къурмэныпхъэм и цы налъэ къэс зы псапэ къыдэкIуэу», — жиIауэ. (Ибн Маджэ).
МыткIэ абы ехьэлIауэ езы лIыкIуэ лъапIэмصلى الله عليه وسلم и IуэхущIафэм игугъу тщIымэ, Ибн Гьумэр رضي الله عنهما жеIэ: (Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم –р Мэдинэ къалэм илъэсипщIкIэ дэсащ къурмэныр илъэс къэскIэ иукIыу). Абыи къегъэлъагъуэ къурмэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ длэжьынум я нэхъыф1ыр къурмэн ук1ынрауэ щыщытк1э, фикъх илъэныкъуэкIэ мыбы ехьэлIауэ тщIэн хуейхэм ящыщ гуэрхэр зэ дигу къэдгъэкIыжми лейкъым.
Псом япэрауэ къурмэныпхъэ хъур тщIын хуейщ. Ар – е махъшэ, е Iэщышхуэ, е мэл лIэужьыгъуэхэм ящыщу щытын хуейщ. Абыхэм нэмыщI къурмэну быукIыну къакIуэкъым.
ЕтIуанэрауэ, я ныбжькIэ къапщтэмэ, махъшэр нэхъ мащIэ дыдэу илъэситху, Iэщышхуэр нэхъ мащIэ дыдэу илъэситI, мэл лIэужьыгъуэр нэхъ мащIэ дыдэу илъэс ирикъуауэ щытын хуейщ. КIуэ, мэлыр мазих нэхърэ нэхъыбэ хъуарэ, езыри инрэ илъэс ирикъуахэм къахэмыщмэ – ари мэхъу.
Ещанэрауэ, къурмэныпхъэ пщIынур Iэмал зэриIэкIэ нэхъ ирикъуауэ, ныкъусаныгъэ гуэри бгъэдэмылъу щытын хуейщ. Аращ хуэфащэр ар зи цIэкIэ быукI Алыхь Иным.
Хьэдисхэм къызэрыхэщымкIэ, сымаджэу зи узыр наIуэр, е щIакъуэу зэхэпщIэу ещIэкъуауэр, е гъуру зи къупщхьэм куцI имылъыр, е зи нитIым языр къэмыплъэр къурмэныпхъэ пщIы хъунукъым.
МыдэкIэ IэщышхуэмкIэ нэхъыбэ дыдэу цIыхуибл узэхыхьэ мэхъу, нэхъ мащIэ зэхыхьэми ягъэ кIынукъым, ауэ хыхьэу хъуам къурмэн яукIын мурад яIэу щытын хуейщ.
Зы унагъуэм зы мэл яукIмэ зэфIокI, Iэщышхуэм и Iыхьэ бланэмкIи зы унагъуэм я къалэныр ящхьэщокI.
Iэщышхуэм къикI лыр щаугуэшыжкIэ Iэмал имыIэу лыр шэчауэ зэхуэдэу теугуэшэжын хуейщ, армырамэ, абы риба хыхьэнкIэ шынагъуэщ.
МыдэкIэ лыр унагъуэм кърахьэлIэжа нэужькIэ и гуэшыкIэм ехьэлIауэ къатщтэмэ, псом нэхъыфI дыдэр ар Iыхьищ ипщIыкIынращ: зы Iыхьэр унагъуэм исхэм яшх, зы Iыхьэр тхьэмыщкIэхэм ябот, зы Iыхьэр Iыхьлы-благъэ, гъунэгъу-жэрэгъухэм яхухыбох.
КъинэмыщIауи, зэрытщIэщи къурмэн гьидыр махуищ мэхъу, махуищым и кIуэцIкIэ дапщэщи къурмэныр быукI мэхъу, ауэ нэхъыфIыр дауикI япэрей махуэращ. Ещанэ махуэм и дыгъэр къухьамэ къурмэным и зэманыр икIауэ аращ.
Къурмэныфэр е нэгъуэщI зыгуэр къурмэныпхъэм щыщу пщэну ухуиткъым, атIэ е уэ уи щхьэкIэ къыбогъэсэбэп е сэдэкъэуэ бот.
НэхъыфI дыдэр уэ eхуэшэрыуэмэ уи IэкIэ къурмэныр быукIыжынращ. Ар мыхъумэ уэ ущхьэщыту. Ауэ ущымытыххэуи ебгъэукIыну ухуитщ.
Къурмэныр пхуэзыукIам езы къурмэныпхъэм щыщ гуэр укIыпщIэу епт хъунукъым, атIэ абы щымыщу ептынумэ нэгъуэщI зыгуэр ет.
Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! Мы махуэ лъапIэхэм псапэу длэжьари длэжьынури Алыхьым къабылу тIих, етIэнэгъэ пIалъэ дыузыншэу, иман дбгъэдэлъу Алыхьым дынигъэс!
ФIыгъуэ куэдрэ, гуфIэгъуэ куэдрэ мы махуэм Алыхьым къытхудигъакIуэ. Муслъымэным я насыпыр текIуауэ, я пэжыр наIуэ хъуауэ Алыхьым дигъэлъагъу!