Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

39. Хъэуариджхэм зэрану къахьыр

11.06.2019
Просмотров 608

Муслъымэн жэмыхьэт! Гъуазэ тхуэхъуну Аллаху Тэгьам КъурIэн лъапIэр къытхуригъэхащ. Абы итыр зэпкърихыжу Бегъымбар лъапIэ, صلى الله عليه وسلم, къытхуигъэкIуащ, Суннэ жыхуэтIэр къыдитащ. КъурIэнымрэ, Суннэмрэ къыщыкIуар зэгъэзэхуэжауэ щIэныгъэлIхэм ди пащхьэ къыралъхьэжащ.

Иджы ахэр псори дыщиIэкIэ, гъуэгу захуэм тещхьэрыукI, Iуэхум пхэнжу бгъэдыхьэ, гъуэщэныгъэм хыхьэ, щымыщ къыхэзылъхьэ, щыщыр хэзых щIыщыжыIэжыр сыт, цIыхум яхуэмыгъуэтыр сыт?-, жиIэн хуейщ цIыху губзыгъэм.

Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, сыт хуэдэ Iуэху теухуауи цIыхухэм къахокI: е езыгъэлей е зыгъэлалэ; е зыдэзыхьей е зыщIезыгъэх.

Ебгъэлеинри, бгъэлэлэнри, зыдэпхьеинри, зыщIебгъэхынри дахэкъым икIи щIагъуэкъым, узыщыгуфIыкIыни абы яхэткъым, ауэ дэтхэнэра а тIум нэхъ шынагъуэр жыпIэмэ, нэхъ шынагъуэр езыгъэлейхэращ, зыгъэткIийхэращ.

Аращ щIыжиIэр ди Бегъымбар лъапIэм, صلى الله عليه وسلم: «Диным егъэлеиныгъэ хэвмылъхьэ, фэ фи япэ итахэр зыгъэунэхъуар диным егъэлеиныгъэ зэрыхалъхьаращ«. (Iэхьмэд, НэсаIий, Ибн Маджэ). Аращ щIыжиIэр: «Унэхъуащ езыгъэлейхэр«. (Муслим).

Унэхъуащ, щыжиIэкIэ, абы дунеягъэри, ахърэтри къеубыд. Езыгъэлейр дунеягъэкIи унэхъуауэ, дунеягъэкIи насыпыншэу, ахърэткIи унэхъуауэ, ахърэткIи насыпыншэу аращ.

Езыгъэлей цIыхум и Iуэхур жыжьэ нэскъым, езыри жыжьэ нэскъым, атIэ и Iуэхури кIэщIщ, и гъащIэри кIэщIщ.

Аращ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم хъэуариджхэр нэхъ къыхигъэщу и хьэдисхэр къыщIэкIуэр, я щытыкIэ, я дуней тетыкIэ, я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр зэпкърыхауэ къыщIыдбгъэдилъхьэр.

Хъэуариджхэр япэми щыIащ, ноби щыIэщ, ди япэкIи щыIэнущ. Абы щыхьэт тохъуэ хьэдисхэр.

Езы Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم пэщIэувэжа, абы гурыщхъуэ хуэзыщIу пэпсэлъэжа цIыху щыщыIакIэ, абы иужькIэ къэкIуэну унафэщIхэм, щIэныгъэлIхэм, цIыху пашэхэм апхуэдэ я щхьэ къызэрырикIуэфынум шэч хэлъкъым.

Хъэуариджхэм я Iуэхур нэхъ шынагъуэу щIыщытым и щхьэусыгъуэр:   абыхэм диныр нэхъ къафIэIуэхуу, абыхэм диныр нэхъ яхэлъу, адрейхэм диныр къафIэмыIуэхуу, адрейхэм диныр яхэмылъу зыкъагъэлъагъуэри аращ.

Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и псалъэхэм къахощ, абыхэм я нэмэз щIыкIэр плъагъумэ уэ уи нэмэз щIыкIэр зыми хомыбжэжу ухъуу, я нэщI IыгъыкIэри арауэ, сыт хуэдэ я гьибадэтри апхуэдэу. Ауэ ар дауикI зэ еплъыгъуэкIэщ апхуэдэу зэрыщытыр. 

Хъэуариджхэм я Iуэхур нэхъ шынагъуэу щIыщытым и щхьэусыгъуэр:  ахэм «дэ дынэхъыфIщ, фэ фынэхъ Iейщ» жаIэу Iуэхур къагъэнэжкъыми аращ, атIэ езыхэм хуэдэу зэблэшауэ диныр зезымыхьэм еныкъуэкъунухэщ, уеблэмэ, «сыцIыхущ жыпIэу мы дунейм ущIытетыр сыт уэ?!» жаIэу цIыхум и лъыр ягъэжэным теухуауэ къуат щыIэкъым абыхэм.

Мунафикъхэмрэ, хъэуариджхэмрэ лъэныкъуэ зэрызкIэ диным, адэкIэ диныр зезыхьэхэм йоныкъуэкъу: зыр щэхуу, адрейр нахуэу; зыр къоубзэурэ, адрейр къопыджурэ.

Мунафикъым ухуэзэмэ, уэ пхуэдэу диныр зезыхьэ щымыIэу къыпщигъэхъунущ, ауэ уи щIыбагъкIэ уи мащэр къитIынущ; хъариджийм ухуэзэмэ, уи нэгум къыриубыдэнурэ хьэдыгъуэдахэр къыуипэсынущ, мащэ къэтIами занщIэу уридзэну хэтынущ. Мунафикъыр напитIмэ, хъариджийр напэншэщ.

Мы Iуммэтым нэхъ цIыхуфI дыдэу иIэхэм хабжэ Гьусман, رضي الله عنه-р, а цIыху телъыджэр, а цIыху къабзэр, а цIыху жумартыр зыIэщIалъхьэжри ежьэжащ а напэншэхэм.

Гьусман иужькIэ зи пщIэ нэхъ лъагэ дыдэу мы Iумэтым диIэ Гьэлий, رضي الله عنه-р, ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и малъхъэр, хахуэм я нэхъ хахуэр, щIэныгъэмрэ, лIыгъэмрэ нэгъэсауэ зыхэлъу щытари зыIэщIэкIуэдэжар а хъэуаридж напэншэхэращ.

Мис апхуэдэурэ, муслъымэным зыфI къытхэкIмэ, щапхъэуи дгъэлъэгъуэн утыкум къихьэмэ, Iэмал имыIэу хъэуариджхэмрэ, мунафикъхэмрэ къыкъуокI, абы еныкъуэкъуну, абы и Iуэхур IэщIаудыну, абы и пщIэр хаутэну.

Арамэ, дывмыгъэбэлэрыгъ! Ди фIыр дывгъэхъумэ, ди нэхъыжьхэм я пщIэр лъагэу дывгъэIыгъ, абыхэм яхуэмыфащэ езыпэсхэм яхуэфащэ псалъэ зэхедгъэхыжыфу, яхуэфащэ IуэхущIафэрэ едгъэлъэгъужыфу дызэхэвгъэт!

Жылэм, жэмыхьэтым цIыху еджа, цIыху гъэса къыхэкIын папщIэ, абы илъэсипщI бжыгъэ ехь, абы егъэлеяуэ лэжьыгъэшхуэ пыщIащ. Апхуэдиз илъэсым зэтеува цIыхум зы напIэзыпIэкIэ дытеплъэкъукIмэ, аргуэру илъэсипщI бжыгъэкIэ дыкъикIуэтыжу, апхуэдэ цIыху къытхэкIыным иджыри илъэсипщI бжыгъэкIэ дыпэплъэу дызэхэтынущ.

Къэхъуам дерс хэдвгъэх! Ди къэкIуэным нэхъ губзыгъэу девгъэгупсыс! КъыздикIари, къыздихуари умыщIэу мы утыкум къизэрыхь жьэрыIэзэхэм дажьэдэплъэу дызэхэвмыгъэту, илъэсипщI бжыгъэкIэ зи хьэлкIи, зи щIэныгъэкIи екIуу зыкъэзыгъэлъэгъуэфа цIыху пэжхэр ди пашэу, абыхэм я жьауэм дыщIэту дывгъэпсэу!

Нобэ зэхэтхами и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, цIыху щхьэхуещэхэм я зэран Алыхьым къыдимыгъэкI! Пэжыр ди гъуазэу, пэжым тетхэр ди пашэу, абыхэм я жьауэм дыщIэту, жэмыхьэтым дыхэту Алыхьым дигъэпсэу!