Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

38. ХуэзыщIэмрэ, зыхуащIэмрэ

11.06.2019
Просмотров 489

Муслъымэн жэмыхьэт!  Хьэл-щэн дахэу ди дин дахэм дыкъызыхуриджахэр куэд мэхъу. Ахэр зэрыдахэм къыхэкIкIэ цIыхухэм ахэр фIыуэ ялъагъуу, ахэр зыхэлъ цIыхухэри фIыуэ ялъагъуу щытщ.

Хьэл дахэхэм языныкъуэр цIыхум къыдалъху, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Алыхь Иныр абыкIэ къыхуэупсауэ къохъу; языныкъуэ хьэл дахэхэр цIыхур езыр зэлэжьыжурэ зыхелъхьэж, ауэ Езы Алыхьым ар псынщIэ цIыхум щимыщIмэ, езым ищIэм зыри къимыкIыу псыхэкIуадэ хъунущ.

Арат Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и дугьэхэм мыр щIахэтар:

«وَاهْدِنِي لِأَحْسَنِ الْأَخْلَاقِ لَا يَهْدِي لِأَحْسَنِهَا إِلَّا أَنْتَ، وَاصْرِفْ عَنِّي سَيِّئَهَا لَا يَصْرِفُ عَنِّي سَيِّئَهَا إِلَّا أَنْتَ».

«Хьэлым я нэхъ дахэм (Я-Алыхь) сыхуэузэщI, абы я нэхъ дахэм хуэзыузэщIыфын щыIэкъым Уэр нэмыщI; хьэл Iейм сыкъыбгъэдэш, абы сыкъыбгъэдэзышыфын щыIэкъым Уэр нэмыщI!». (Муслим).

НтIэ, хьэл щэн дахэу икIи щытыкIэ дахэу Аллаху Тэгьалами фIэфIу икIи псапи къыдигъакIуэу, адэкIи цIыхухэми яфIэфIу щытхэм ящыщщ: цIыхур хьэлэлу, жумарту щытыфыныр, къузгъуну, нэпсейуэ щымытыныр.

Пэжым дыхуеймэ, цIыхуфI, цIыху жумарт, цIыху хьэлэл куэду муслъымэнхэм диIэми, зы щIыпIи пхуэмыхьыжыну нэхъыбэр я мылъкум щысхьу, зыгуэрым зыгуэр хуэщIэн хуей хъумэ дунейр зэрагъэзахуэу, ауэ я щхьэм щхьэкIэ зыгуэр ящIэнумэ – ящIэр яфIэмащIэу мылъкур халъхьэу щытхэщ… Аращ ди зэхэтыкIэр.

Ар къызыхэкIыр, нэпсеягъэр цIыхум и псэм, и лъым хэтщи аращ. ЩIыхэтри, цIыхур ныкъусаныгъэ защIэу зэхэлъщи аращ: зыгуэр къыхуэту, а къыхуэтыр иригъэкъужыну хущIэкъуу, а зыхущIэкъум хунэмысу, и ныбэри из хуэмыщIу, ищIа щигугъэжым деж нэщI хъужу, илъагъуу хъуам хуэныкъуэу къыщыхъужу, илъэгъуар имыIэмэ насыпыншэу зыкъыщыхъужу щытщи аращ.

Аракъэ цIыхур къэзыгъэщIыжа Аллаху Тэгьалам жиIэр:

﴿ إِنَّ الْإِنْسَانَ لِرَبِّهِ لَكَنُودٌ * وَإِنَّهُ عَلَى ذَلِكَ لَشَهِيدٌ * وَإِنَّهُ لِحُبِّ الْخَيْرِ لَشَدِيدٌ ﴾

«ИпэжыпIэкIэ, цIыхум и Тхьэм фIыщIэ хуимыщIкIэ. АбыкIи езыр щыхьэткIэ. Мылъкури егъэлеяуэ фIэIэфIкIэ!». (Iэл-Гьадият, 6-8).

Ауэ, Алыхьыр зыхуэупса цIыхум а хьэл мыхъумыщIэр хэлъкъым, зэзэмызэ шейтIанымрэ и псэмрэ къыщеныкъуэкъум и деж, зогупсысыж, гупсысэ Iейр къызыхэкIар къыгуроIуэжри, и хьэл дахэ зэсам и деж егъэзэж, и мылъкум щымысхьу псапэ хитыкIыу мэхъуж.

ЖиIэр сыт Тхьэшхуэм:

﴿ وَمَنْ يُوقَ شُحَّ نَفْسِهِ فَأُولَئِكَ هُمُ الْمُفْلِحُونَ ﴾

«Хэт и псэр нэпсеигъэм щихъумэфми ехъулIащ«. (Iэл-Хьэшр, 9).

Аращ, ехъулIащ цIыхум къыхужаIэнумрэ, фIыщIэ къызэрыхуащIынумрэ щымыгугъуу фIы зыщIэфхэр, псапэ зылэжьыфхэр, зи мылъкум сэджытрэ, сэдэкъэрэ хэзыгъэкIыфхэр.

ЕхъулIащ къызыгурыIуэхэр фIы ялэжьмэ, ар мащIэми куэдми зэрымыкIуэдыжынур, дунеягъэкIи ахърэткIи абы зэрыщыгуфIыкIыжынур, яшхар кIуэдыжу, ятар къызэрынэнур.

Мыдрейуэ, къырат фIэкIа зыту емыса цIыхур, и Iэгур дэгъэзеяуэ къыралъхьэ мыхъумэ, егъэзыхауэ езым ирилъхьэу хабзэ зимыIэр тIэкIу къызэтеувыIэрэ, «уа мыпхуэдэ псэукIэм нэмыщI нэгъуэщI псэукIи щыIэу пIэрэ, дэ езым адрейхэм етту, дахуэупсэу?»- жиIэу зэ зэупщIыжатэмэ, и дунейм, къыхуэмыцIыхужу, фIы илъэныкъуэкIэ зихъуэжынут, зыдимыгугъамкIи и насыпыр къикIынут.

Пэжращи, мылъкур зыратыр абы щыгуфIыкIмэ, мылъкур зытыр абы нэхъыбэжу щогуфIыкI, нэхъыбэ IэфIагъи, фIыгъуи зэхещIэ.

Мис аращ насып дыдэ жыхуаIэрb: цIыху гуэр зэрыбгъэгуфIам уэ езыр нэхъыбэжу уригуфIэжу, абы и Iуэхур зэрыдэбгъэкIам уэ езым дэрэжэгъуэ нэхъыбэжу къуиту упсэуныр.

Абы хэлъ IэфIагъымрэ, гуфIэгъуэмрэ цIыхум зэ зэхищIэмэ: «сэ иджыри къэс сызэрыпсэуам зыри къикIкъым, псэукIэ пэжри мыращ»-жиIэу хъунущ, апхуэдиз зэманыр купщIэншэу зэригъэкIуэдами хущIегъуэжынущ.

ЦIыхур пщэдджыжьым нэху къекIамэ, «си щхьэ, си ныбэ нэхъапэщ»-, жимыIэу, езым нэхърэ нэхъ хуэныкъуэу, зи Iуэхур гугъуу, вакъэ зэв иту щыт гуэрхэм защIигъэкъуэну, а гупсысэм къырихуэкIыу унэм къыщIэкIмэ, апхуэдэ цIыхур Алыхь Талэм и жьауэм щIэту аращ.

ЖиIэр сыт ди Бегъымбар лъапIэу, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъ дахэр зылъысыным: «Дунеягъэм и гузэвэгъуэхэм щыщ гуэр муIминым щхьэщызыхым, Къемэт махуэм и гузэвэгъуэхэм ящыщ гуэр Алыхьым щхьэщихынущ; щIыхуэр тыжыныр къызытехьэлъэ цIыхум Iуэхур щызыгъэпсынщIэм, дунеягъэкIи ахърэткIи и Iуэхур Алыхьым псынщIэ щищIынущ; муслъымэным (къыIэщIэщIа щыуагъэр) хуэзыбзыщIым, и щыуагъэр Алыхьым дунеягъэкIи, ахърэткIи хуибзыщIынущ; цIыхур и къуэшым дэIэпыкъуу и Iуэхум хэтыхукIэ, Аллаху Тэгьалари цIыхум къыдэIэпыкъуу и Iуэхум къыхэтынущ«. (Муслим).

Алыхь Ину, Закъуэм долъэIу нобэ зэхэтхам и сэбэп къыдигъэкIыну, фIы лэжьыныр, псапэ щIэныр тлъигъэкIыну, нэху дыкъекIамэ цIыхум щхьэпэ дазэрыхуэхъуным дегупсысу дигъэпсэуну, апхуэдэ псэукIэми и сэбэп дунеягъэкIи, ахърэткIи къыдигъэкIыжыну!