ФIыщIэ худощI Алыхьу КъэзыгъэщIым, зыузэщIым, зыубзыхум. ХудощI фIыщIэ къытхуищIэ фIыгъуэшхуэхэм, къызэрытхуэупсэ нигьмэтышхуэхэм папщIэ.
Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, щIылъэми уафэми узыхуэпщылI хъуну нэгъуэщI зэрыщымыIэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم –эм и бегъымбарыгъэм, цIыхуфIу щыIам я нэхъыфIу, къыхахахэм къыхахыжауэ зэрыщытам.
Дыщывгъэшынэ Алыхьым щышынэкIэ пэжкIэ, абы хуэфэщэжуи дывгъэпсэу, абы хуэфэщэжуи дывгъэлIэж!
Муслъымэн жэмыхьэт! Ди фIэщхъуныгъэм и пкъо нэхъыщхьэ дыдэхэми, гупсэхугъуэм и пкъыгъуэ нэхъ ин дыдэхэми ящыщщ: Алыхьым иухам арэзы дытехъуэныр, абы и IэфIри и гуащIэри, ифIри и Iейри ди гум тедгъэхуэныр.
Езы Алыхьышхуэми сыт жиIэр:
﴿ مَا أَصَابَ مِن مُّصِيبَةٍ إِلاَّ بِإِذْنِ اللَّهِ وَمَن يُؤْمِن بِاللَّهِ يَهْدِ قَلْبَهُ ﴾
«Алыхьым и Iизыныншэу зы лажьи къэхъуркъым. Алыхьыр зи фIэщ хъум и гур иузэщIынущ…». (Iэт-Тэгъабун, 11).
Алыхьым и Iущыгъэ мыухыжым къыхэкI Iуэхугъэхэми ящыщщ: цIыхухэр зэмыщхьу къызэригъэщIар, я зэфIэкIкIи ахэр зэхуэмыдэ зэрищIар, зым иримытар адрейм зэрыритар, абы пэкIуэуи адрейм зыгуэр зэрыхуищIар.
Апхуэдэу щымытамэ, мы дунейр и пIэм ижыхьынут, гъащIэри къэувыIэнут, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыр адрейм хуэмыныкъуэжу щытынути, хьэрычэт лъэпкъ щыIэжынутэкъым.
ЖеIэ ди Тхьэшхуэм: «Мы дунеягъэкIэ ахэр (цIыхухэр) зыхэпсэукIынур яхуэдгуэшащ, зыхэр адрейхэм яхэдгъэфIыкIащ, зыхэр адрейхэм яхуэлэжьэн щхьэкIэ…». (Iэз-Зухъруф, 32). ИкIи, абы Iущыгъэрэ губзыгъагъэу хэлъыр къыдгурыIуэу, Алыхьым и ухыныгъэм арэзы дытехъуэн хуейщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Дэни пхьыжын, дэ тщыщ куэдыр Алыхьым и Iущагъым егупсысыну, Абы и ухыныгъэм арэзы техъуэну хуэхьэзыркъым, атIэ езым имыIэ зиIэ илъагъумэ, и кIуэцIыкIыщIэм зызыпегъазэ!
Фыгъуэн хьэлыр хьэлу щыIэм я кIэщ. Ар зи хьэлри цIыху сымаджэщ. ЦIыху сымаджэращ нэгъуэщIхэм фIы къехъулIэну зыфIэмыфIыр е къехъулIа фIыр яфIэкIуэдыжмэ нэхъ къэзыщтэр. Уеблэмэ, езым къемыхъулIэIами едэ абы, ауэ щидэр нэгъуэщIми къемыхъулIэмэщ. НтIэ, сымаджэ жыхуаIэжыр апхуэдэ зыгуэркъэ?!
ЦIыху фыгъуэр нэхъыбэу зэфыгъуэри нэхъ гъунэгъуу къыбгъэдэтхэращ. Ефыгъуэнущ ар и Iыхьлым, и благъэм, ныбжьэгъум, и гъунэгъум…. Уеблэмэ, езым къыдалъхуа дыдэхэри зыгуэркIэ къытекIуэмэ и псэм ар техуэнукъым.
Мыпхуэдиз псалъэмакъыу къэхъум, мыпхуэдиз зэщыхьэм, зэфIэнэм я нэхъыбэр, Тхьэм ещIэри, къызыхэкIри, а фыгъуэн хьэлращ.
ЦIыху фыгъуэнэдым Алыхьым и ухыныгъэр, КъэдэркIэ дызэджэр нэгъэсауэ и фIэщ хъууэ щытамэ, зэикI зыми ефыгъуэнутэкъым, арщхьэкIэ и иманыр хурикъукъым абы.
ЦIыху фыгъуэнэдыр Алыхьым и Iущыгъэм щыгъуазэу щытамэ, а хьэл мыхъумыщIэр хэлъынутэкъым, арщхьэкIэ и акъылыр хунэскъым абы.
ГъэщIэгъуэнракъэ, Алыхьым и захуагъэр мыбдежми нэрылъагъу щохъу. Фыгъуэнэдым япэ дыдэ лей езым зырихыжу аращ. Япэ дыдэ фыгъуэным и зэран зэкIыр езыращ, япэ дыдэу а мафIэм исыжри езыращ.
Иблис нэлатым Iэдэм عليه السلام-ым сэждэ хуищIын щIимыдар къызыхэкIар а фыгъуэнращ. Ауэ зи щхьэ къихуэжари езыращ. ДунеягъэкIэ нэлатым хэту и гъащIэр абы ирехьэкI, Ахърэтым дежи гьэзабым я нэхъ гуащIэр къыпоплъэ абы.
Муслъымэныр зыгуэрым игъэнэщхъеймэ, игъэгупсысэмэ абыхэм щхьэкIэ псапэ абы къехь, ауэ фыгъуэнэдыр сыт хуэдизу мынэщхъеями, сыт хуэдизу мыгупсысами зы псапи хуатхынукъым, атIэ гуэныхьым итхьэлэнущ.
Аращ хуэфащэри цIыху икIэм. ЦIыхухэм гуфIэгъуэ щаIэм деж абы и гузэвэгъуэщ, цIыхухэр гуфIэу илъэгъуамэ, абы и кIуэцIыр а гуфIэгъуэм къресыкI. ЦIыхухэр тыншу илъэгъуамэ езыр гугъу йохь. Мы дунейм ар зыгъэгуфIэфынур зыщ: зэфыгъуэм и Iуэхур дэхуэхынращ, и унэгъуэбжэр хуищIыжынращ.
Фыгъуэнэдыр Алыхьым дэуэгъу хуэхъу хуэдэщ. ЖыриIэ хуэдэщ абы Алыхьышхуэм: — Сэ къызомыту мобы щIептар сыт? – Сэр нэхърэ ар сыткIэ нэхъыфI? Абы къыIэщIэпхыжу сэ щхьэ къызомытрэ? Сэ къызомытми къыIэщIэхыж ар абы!!…
Мы упщIэхэр егъэлеяуэ шынагъуэщ, цIыхур диныншэу къагъэнэнкIи бетэмалщ. Арауэ къыщIэкIынщ ЛIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم-эм щIыжиIэр: «Иманымрэ фыгъуэмрэ зы цIыхум и гум зэдизэгъэнукъым». (Ибн Хьиббан, Iэл-Бейхэкъий).
Фыгъуэныр апхуэдизкIэ Iейщи, цIыхур зэфыгъуэм сыт хуэдэ фIы къыбгъэдэмыкIами, сыт хуэдэ щIэныгъэ бгъэдэмылъами, а фIыр мыфIу, а щIэныгъэри мыщIэныгъэу къыщIыригъэдзыфынущ фыгъуэнэдым. Журтхэри зытекIуэдэжар аращ.
Муслъымэн жэмыхьэт! А къыжытIахэри, нэгъуэщI куэди къызыпкърыкI мы хьэл мыхъумыщIэм ди гур щыкIын хуейщ, нэгъуэщIхэми ягур абы щыдгъэкIын хуейщ.
Алыхьым дыщихъумэ а хьэл мыхъумыщIэм. Алыхьым ди зэхэтыкIэр, ди зэхущытыкIэр дахэ, екIу тхуищI. ДунеягъэкIи къабзэу дызэбгъэдигъэти, Ахърэтми Жэнэтыр екIуэлIапIэ псоми тхуищI!