Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

33. Уи япэкIэ бгъэжа мывэм уIуощIэж…

11.06.2019
Просмотров 565

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, зи тепщэныгъэми, зи къаруми, зи зэфIэкIми, зи гъэгъуныгъэми гъунапкъэ имыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауи Iыхьэгъу зэримыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэр صلى الله عليه وسلم абы и пщылIу зэрыщытым, цIыхум къахихыу иужь дыдэу лIыкIуэу къызэригъэкIуэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Псалъэм и пэублэу тхьэшынагъэм и Iуэхур къыхэгъэщыпхъэщи къыхыдогъэщ. Ар япэ изыгъэщыр, адэкIэ къыкIэлъыкIуэу жиIэнуми, ищIэнуми егупсысынущ.

Мы дунейр Аллаху Тэгьалам къигъэщIри, щыпсэунухэри къытригъэхьэжащ, зэрыпсэуну щIыкIэри къахипщэжащ.

Зым иримытар адрейм иритащ, зым хузэфIэмыкIыр адрейм хузэфIэкIыу ищIащ, зыр адрейм зэрыхуэныкъуэр ищIэжу псори зэрыIыгъын папщIэ.

Къулеягъэри, тхьэмыщкIагъэри; насыпри, насыпыншагъэри; узри, узыншагъэри… псори Аллаху Тэгьалам къигъэщIащ цIыхухэр игъэунэхун папщIэ. Щытыншым и деж фIыщIэ ящIрэ ямыщIрэ, щыгугъум и деж шыIэныгъэ яхэлърэ яхэмылърэ зэхэгъэкIа хъун папщIэ.

ЖеIэ Езы Алыхь Иным:

﴿ قُلِ اللَّهُمَّ مَالِكَ الْمُلْكِ تُؤْتِي الْمُلْكَ مَنْ تَشَاءُ وَتَنْزِعُ الْمُلْكَ مِمَّنْ تَشَاءُ وَتُعِزُّ مَنْ تَشَاءُ وَتُذِلُّ مَنْ تَشَاءُ بِيَدِكَ الْخَيْرُ إِنَّكَ عَلَى كُلِّ شَيْءٍ قَدِيرٌ﴾

«ЖыIэ: «Уэ Тхьэуэ тепщэ­гъуэр зиIэ! Уэ узыхуейм теп­щэгъуэр ибот, узыхуейм тепщэгъуэр къыIэщIыбохыж, узыхуейр уоIэт (богъэлъапIэ), узыхуейр ибохьэх (уогъэ­пуд). ФIыгъэ псори Уэ пIэ­щIэлъщ, Уэ сытри пхузэфIокI«. (Iал Гьимран сурэ, 26-нэ аят).

ЗэрыжытIауэ, Аллаху Тэгьалам ар апхуэдэу щIищIар, цIыхухэр игъэунэхун щхьэкIэщи: къулейм и мылъкум теухуауэ фIыщIэ ищIрэ имыщIрэ Аллаху Тэгьалар къызэреплъыр щыремыгъупщэ, къулейсызми шыIэныгъэ дахэ хэлърэ хэмылърэ теухуауэ Алыхь Иныр къоплъри, ари иресакъ.

А гъэунэхуныгъэр щымыIамэ мы дуней гъащIэри зэтеухуа хъунутэкъым. ЦIыхухэм зыр зым гущIэгъу хуащIыжу, зыр адрейм кIэлъыкIуэу, кIэлъыIэбэу, зыщIигъакъуэу щымытамэ, дуней гъащIэр кIыфI дыдэ хъунут, Iэджэ гузэвэгъуи къэхъунут.

И узыр зэригъэхъужын хущхъуэ цIыхум зэримыIэр плъагъуу, модрейм и щIыфэр ауан къамыщIу зэрыщIиуфэн щыгъын зэримыгъуэтым ущыгъуазэу, адэкIэ, адрейм и ныбэ изу и унагъуэр зэримыгъэшхэфым хэпщIыкIыу… а псом иужькIэ, уил абы щхьэкIэ мыузу, абы ищIыIужкIэ муслъымэнуи зыубжыжу мы дунейм утетмэ, уэ утхьэгъэпцIщ.

Ауэ, Алыхьым и шыкуркIэ дэ апхуэдэ муслъымэн тхьэгъэпцIхэр ди мащIэщ. АтIэ, зыгуэр зэрызэхахыу, «зыгуэркIэ сэбэп дыхъуфыну?», — жаIэу утыкум къохьэ фIы щIэныр зыфIэфI цIыхуфIхэр.

Аллаху Тэгьалам фIыр, дахагъэр, гуапагъэр, цIыхугъэр… ахэр къигъэщIу я закъуэ къигъэнэжакъым, атIэ ахэр зыфIэфI, ахэм хуэпабгъэ, ахэр зезыхьэн, гъащIэм щыщи зыщIын цIыху мы дунейм къытригъэхьэжащ.

Аллаху Тэгьалам цIыхум фIы къыхуищIэну мурад ищIмэ, адрей цIыхухэм я Iуэхур а цIыхум и IэкIэ зэфIокIыу, абы и деж щызэблэкIыу ещI.

Нэхъыбэ Алыхьым зыритами, нэхъыбэ цIыху къепщIауэ щытынущ. Аращи, цIыху куэд къыпкIэлъыкIуэмэ, я гукъеуэр куэду къыббгъэдалъхьэмэ, уэ Алыхьым куэд къыпхуищIауэ аращи, уи щIыбыр цIыхум яхуэбгъазэу, уи бжэр бгъэбыдэжрэ ущIэтIысхьэжмэ, уэ езым мафIэ зыщIэбдзэжауэ, уэ къыпббгъэдалъхьа фIыгъуэм уелъэпауэжауэ аращ.

Хьэдис пэжым мыр къыщокIуэ: «Зы муслъымэныр адрей муслъымэным и къуэшщи, абы лей тыригъэхьэнукъым, утыкуи ар къыринэнукъым. Зи къуэшым и Iуэхум хэтым, и Iуэхум Алыхьыр къыхэтынущ. Муслъымэным зы гузэвэгъуэ щхьэщызыхым, Къемэт махуэм и гузэвэгъуэхэм щыщ Алыхьым щхьэщихыжынущ. Муслъымэным зыгуэр хущIэзыуфэм, Алыхьым езыми Къемэт махуэм хущIиуфэнущ«. (Бухъарий, Муслим).

Ибн Рэджэб щIэныгъэлI иным жеIэ: «ЦIыхуфI гуэрхэм къабгъэдэкIауэ къаIуэтэж: Алыхьу, гъусэ зимыIэм и цIэкIэ соIуэ, дэ зыгуэрхэр къытхэтащ, Iэджэ лажьи яIэу, ауэ цIыхухэм я лажьэм теухуауэ я бзэм зэрыхуитыжхэм ипкъ иткIэ, езыхэми я лажьэр Алыхьым яхущIиуфауэ. Ауэ нэгъуэщI зы гупи диIащ, лажьэ гуэри ябгъэдэлъу умылъагъуу, ауэ адрей цIыхухэм я лажьэхэм теухуауэ я бзэр яутIыпщат, ахэр утыку Iуэху къащIати, езыхэми я Iуэхур цIыхухэм къатIэщIауэ«.

Аращ. Уи япэкIэ бгъэжа мывэм уигъэлъэпэрапэжынущ, нэгъуэщIым къыхуэптIа мащэм уэ уихуэжынущ. Ар цIыхухэм къагупсыса Iуэхукъым, атIэ Алыхьым дунейр зэрызэтриухуа хабзэщ.

Алыхьым гущIэгъу къытхуищI дэтхэнэ зыми! Ди хъейр зыхэлъми ди гупсысэр нигъэсыну, ди Iэри абы кIэлъигъэсыжыну Алыхьым долъэIу! Нобэрей махуэ лъапIэм фIыгъуэу хэлъыр зылъыIэсын жэмыхьэт Алыхьым дищI!