Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

32. Уи гуэныхьым уигъэнэщхъейрэ?

11.06.2019
Просмотров 697

ФIыщIэ Алыхьым худощI, щэхуу щыIэм щыгъуазэм, гуэныхьу щыIэр зыгъэгъум, ди дагъуэхэр тхуэзыгъэпщкIум, ди гузэвэгъуэхэр тщхьэщызыхым.

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, абыкIэ дыкъыщелыну дыгугъэу, Къемэт махуэшхуэу, гур къилъэтыным хуэдэу цIыхухэр гузэвауэ щызэхэтыну махуэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэри صلى الله عليه وسلم  Алыхьышхуэм зэрилIыкIуэм икIи зэрипщылIым, псэемыблэжу дин Iуэхур зэригъэкIуэтам, сыт хуэдэ гугъуехьри и фэ зэрыдигъэхуам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Иджыпсту цIыхум я бзэгупэм нэхъыбэу телъ псалъэр: «узыншагъэм нэхъапэ зыри щыIэкъым!», — жыхуиIэращ. Абы хэплъхьэн зыри щыIэкъым, узыншагъэ псалъэм, Iэпкълъэпкъым и узыншагъэм фIэкIа нэгъуэщI къимыкIыу къагурымыIуэмэ.  

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым и узыншагъэр къызэрыфIэIуэхум емыкIуи, гуэныхьи хэлъкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъри анэмэту Аллаху Тэгьалам къыдитащ — дыхуэсакъыну, тхъумэну, зыхуей хуэдгъэзэну.

Iэпкълъэпкъыр зыхуей хуэмызэмэ, цIыхум къыщIагъэщIа къалэныр нэгъэсауэ хуэгъэзэщIэнукъым. ЦIыху узыншэм и Iуэху щIэкIэмрэ сымаджэм и IуэхущIэкIэмри зэхуэдэ зэикI хъунукъым.

Ауэ Iэпкълъэпкъым и узыншагъэм нэхърэ нэхъапэу, нэхъыбэри укIэлъыплъын хуейуэ зыгуэр щыIэщ. Ар а Iэпкълъэпкъыр зезыгъэкIуэж, абы унафэ хуэзыщIыж, абы къару къезытыж гуращ.

Хьэдис лъапIэм къызэрыхэщщи: «Iэпкълъэпкъым зы пкъыгъуэ гуэр хэтщи, ар зэтеувэмэ, Iэпкълъэпкъыр псори зэтоувэ, ауэ ар зэIыхьэмэ, Iэпкълъэпкъ псори зэIохьэ. Ар гуращ!«. (Бухъарий, Муслим).

Iэпкълъэпкъыр узыншэми, уз къеуэлIами абы и къэщIэкIэ гуэр щыIэжщ, япэм ящIэу щымытауэ, нобэ куэди къахутащ абы теухуауэ, ауэ гум и Iуэхур зэрызэхагъэкIрэ куэд щIащ, ар зэрынэхъ шынагъуэм щхьэкIэ диным абы и Iуэхур зэпкърихащ.

Гууэ зи гугъу тщIыр Iэпкълъэпкъым хэт лы Iыхьэракъым, а лы Iыхьэр езы Iэпкълъэпкъым щыщщ, атIэ гууэ зи гугъу тщIыр а лы Iыхьэм и кIуэцIкIэ къекIуэкI гупсысэ, зэхэщIыкIращ.

Iэпкълъэпкъым ещхь дыдэу цIыхум и гум уз гуэрхэр къоуалIэ. КъоуалIэри, сымаджэ мэхъу, уеблэмэ, къоуалIэри гур малIэ.

НэгъуэщI жыIэкIэ гуэруи жеIэ ар عليه الصلاة والسلام-ым: «Щыгъыныр зэрылажьэм хуэдэу, фи кIуэцIым ит иманыр мэлажьэри, фелъэIу Аллаху Тэгьалам иманыр фи гу кIуэцIым къыщигъэщIэрэщIэжыну!«. (Хьаким, ТIэбэраний).

ЦIыху гуэныхьыншэ щыIэкъым, щымыуэри лIари зэхуэдэщ. ЦIыхур щыпсэукIэ, дунейми щытеткIэ, цIыхуми щахэткIэ, Iуэхуи щадищIэкIэ зыгуэрхэр IэщIэкIынущ, щыуагъэ гуэрхэри къыIэщIэщIэнущ.

Уеблэмэ, фэ гуэныхь фымылэжьу щытамэ, фэ мы дунейм фытрихыжынурэ, гуэныхь зылэжь цIыху фи пIэ Алыхьым къыригъэувэнут, — жиIэу къыхощ хьэдисым.

Абы сыт и щхьэусыгъуэр? Абы и щхьэусыгъуэр, гуэныхь къызыIэщIэмыщIэ цIыхур, цIыху псалъэр нэхъ къыхыдогъэщ, апхуэдэ цIыхур цIыху хуэдэу къызэтенэжынутэкъым, атIэ гуэныхьыншагъэм щигъэкIынурэ, нэхъ Iеиж хъунут, атIэ цIыхур цIыху хуэдэу къызэтезыгъанэр, щыуагъэ ищIэм и щхьэр тIэкIу къызэрыришэхыжращ.

Аращи, шынагъуэр гуэныхьыншагъэракъым, атIэ шынагъуэр гуэныхьыр гуэныхь хуэдэу къыпщымыхъужу ухъунращ, гур абы теухуауэ быдэ, пхъашэ хъуууэ, цIыхум зыри имылажьэ игугъэжу зигъэунэхъужынращ.  

Зигъэунэхъужынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гуэныхьыр къыфIэмыIуэхужу, гуэныхьыр гуэныхь хуэдэу имыбжыжу, гуэныхь ищIауи цIыхум къыщымыхъужу… абы нэса цIыхур унэхъури къэсэхыжащ.

Абы нэса цIыхум зы лъэбакъуэ ичыжмэ иманыншагъэм хэбэкъуэнущ. Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым зыгуэр еупщIат: — Гуэныхьыр сыт зиIысыр?-, жиIэри. – «Зы Iуэху гуэрым теухуауэ уи гум узэрихуэмэ, уи гур абы щыщтэмэ – ар къэгъанэ!«, — къыжриIащ абы عليه الصلاة والسلام-ым. – НтIэ, Iиманыр сыт зиIысыр?-, жеIэри къоупщI аргуэру. – «Гуэныхь пщIам уигъэнэщхъеижмэ, псапэ пщIам уигъэгуфIэмэ – уэ Iиман уиIэу аращ!«, — къыжриIащ абы ЛIыкIуэ лъапIэм, صلى الله عليه وسلم-эм. (Имам Ахьмэд).

Абы къикIращи, цIыхум гуэныхь ищIам иримынэщхъеижу, имыгъэгупсысэу, имыгъэпIетейуэ Iуэхур абы нэсамэ, абы и Iиманым и Iуэхур шынагъуэу аращ.

Иджы дэтхэнэ зыри дызэвгъэгупсысыж, ди щытыкIэми девгъэплъыж, ди щхьэри къэдвмыгъэгъэпцIэж, а хьэдис дыкъызэджам теухуауэ псапэмрэ гуэныхьымрэ дазэрыхущытыр зэ зэхэдвгъэгъэкIыж.

Аллаху Тэгьалам гущIэгъу къытхуищI дэтхэнэ зыми, дифI, ди хъейр зыхэлъым ди Iэр тыригъахуэ, ди зэран зыхэлъым дыщихъумэ, иман диIэу дигъэпсэу, Iиман диIэу и пащхьэ дыришэж!