ФIыщIэ мыухыжыр худощI ди Тхьэшхуэу Iэмал къыдэзытам мазэм я нэхъ лъапIэм дыхэтыну: псапэр куэду къыщыдлэжьыфынум, гуэныхьыр куэду къыщытхуэгъуфынум, Жэнэтыр къыщыдлэжьыфынум, Жэхьэнэмэм дыкъыщелыфынум.
Пэжращи, нобэ хуэдэ махуэхэм ди псапэхэр дымыгъэбагъуэмэ дапщэщ псапэ Iуэхум нэхъыбэу дыщегупсысынур?! Нобэ хуэдэ махуэхэм ди гуэныхьхэр къытхуэмыгъумэ, дапщэщ ахэр къытхуэгъуну дыщыгугъэнур?!
«Насыпыншэщ – нэщI мазэм хиубыда пэтрэ и гуэныхьыр къыхуамыгъэгъуауэ ар изыгъэкIар»,- къыджеIэ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэн ди Бегъымбар лъапIэм, e. (Тирмизий, Ибн Хьиббан, Iэл-Хьаким).
Нобэ дызыхэт мазэ лъапIэм нэхъыбэ дыдэу гулъытэ зыхуэщIын хуей лъэныкъуэхэм ящыщщ ди мылъкум псапэ хэттыкIыныр: тхьэмыщкIэр, зеиншэр, хуэныкъуэр дгъэгуфIэурэ, щIыхуэ зытелъым и щIыхуэр хуэтпшыныжурэ, вакъэзэв иувам зыщIэдгъакъуэурэ.
Алыхьым лIыкIуэу къытхуигъэкIуэжа ди Бегъымбар лъапIэращ e дэ ди щапхъэри, абы хуэдэу цIыху жумарт мы дунейм тетакъым, нэхъыбэ дыдэу ар жумарт щыхъутэри НэщI мазэ лъапIэр къыщихьам дежт.
А цIыху лъапIэм Алыхьым папщIэ сыт ищIэми ар фIэмащIэу и гъащIэр ихьащ. Пщэдей дауэ сэ езым си Iуэхур зэрыхъунур жиIэу а гупсысэм къызэтригъэувыIэу щытакъым а цIыху лъапIэр, атIэ фэкъырагъыми, мылъкуншагъэми зыкIи щымышынэ цIыхум и мылъку тыкIэ, и псапэ щIэкIэ иIащ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мылъкум теухуауэ нобэ псапэ щIэкIэ щыIэхэм ящыщщ: нэщI исар хэбгъэщхьэжыныр.
«НэщI исар хэзыгъэщхьэжа цIыхум абы и псапэм хуэдиз дыдэ къехь, абы щхьэкIэ модрей нэщI исахэм я псапэм зыри хэмыщIу«-, жеIэ عليه الصلاة والسلام-м. Аращи, зы махуэ мыхъуу, зэуэ махуитI, е махуищ, е нэхъыбэж къэбнэщIыну хуеймэ цIыхур хэгъэщхьэж. (Тирмизий).
КъинэмыщIауэ, мылъкум теухуауэ псапэ щ1эк1э щы1эхэм ящыщщ: сэдэкъэ тыныр. Сэдэкъэ тынми гъэщIэгъуэну хэлъ Iуэхугъуэхэм ящыщщ: цIыхур сымаджэмэ абы и хъужыным сэдэкъэр, Алыхь IэмыркIэ, сэбэп зэрыхуэхъур. ЖеIэ Бегъымбарым e: «Фи сымаджэхэр сэдэкъэкIэ вгъэхъуж!«. (Iэлбаний хьэдисыр хьэсэну къилъытащ).
ЩIэныгъэлIышхуэ Ибн Iэл-Къэйим رحمة الله عليه мыбы ехьэлIауэ гъэщIэгъуэну гу зылъитахэм ящыщщ: Дохутырыр сымаджэм щеIэзэм деж, хущхъуэ ирихьэлIэм имызакъуэу, сымаджэм и гум, и псэм и щытыкIэм емыплъмэ, а лъэныкъуэм гулъытэ хуимыщIмэ, сымаджэм зыгуэрым и гуапэ ищIыну, сэдэкъэкIэ зыгуэрым хуэупсэну, и гупысэр Алыхь Иным и дежкIэ иунэтIыну къыхуримыджэмэ, ар дохутыркъым, атIэ дохутырыфэ зытригъэуауэ аращ абы.
Сэдэкъэм и хьэтыркIэ цIыхур Iэджэ гузэвэгъуэми къол, Iэджэ лъэпощхьэпоми къыпокIуэкI, Iэджэ мыхъумыщIэми фIокI. Ар зыгъэунэхуам ещIэ, ар къызыфIэмыIуэхуу унэхъуами къыгуроIуэ.
Сэдэкъэм, абы щыщщ сэджытри, цIыхур егъэкъабзэ. Аращ, цIыхум и мылъкур сэдэкъэм, сэджытым зэрагъэкъабзэм хуэдэу, езы дыдэри ягъэкъабзэ. ЖеIэ Тхьэшхуэм абы теухуауэ:
﴿ خُذْ مِنْ أَمْوَالِهِمْ صَدَقَةً تُطَهِّرُهُمْ وَتُزَكِّيهِمْ بِهَا ﴾
«Абыхэм я мылъкум хэкIыу сэджыт къеIых, ирикъабзэжын, я псапэри ирибагъуэн щхьэкIэ…». (Тэубэ, 103).
Къемэт махуэм нэхъ махуэ шынагъуэ щыIэкъым, нэхъ махуэ хуаби щыIэнукъым, цIыхухэр дыгъэм зэхисыхьэу, я пщIэнтIэпсым итхьэлэжьу щызэхэтым деж Жьауэм щIэтынухэм ящыщщ: фэрыщIагъыншэу сэдэкъэ зыту щытахэр.
А махуэ шынагъуэм иужькIэ цIыхур гупитIу зэхэкIынущ, зым ЖэнэтымкIэ, адрейм ЖэхьэнэмкIэ иунэтIынущи, Жэхьэнэмэ шынагъуэм укъезыгъэлыну Iэмалхэм ящыщщ – сэдэкъэр. ЖеIэ e: «Хъурмэ хьэдзэ ныкъуэкIэ мыхъуми Жэхьэнэмэ мафIэм зыщыфхъумэфынумэ зыщыфхъумэ!«. (Муслим).
«Зы пщэдджыжь къэмынэу мелыIычыт къохри, зым: Я-Алыхь, зи мылъкум хэзыгъэкIым мылъку къыхэгъахъуэ, зи мылъкур зыубыдым и мылъкум Iисрафыр къыхэлъхьэ!-, жаIэри мэлъаIуэ«, — къыджеIэ ди ЛIыкIуэ лъапIэми, ари ди гум ирелъ! (Бухъарий, Муслим).
Мы хьэдисымкIи зэхуэтщIыжынщ ди хъутIбэр:
«Нобэ нэщI иIыгъыу хэт нэху къекIар?-, жиIэри e щэхьабэхэм къеупщIащ. – Сэ сыкъекIащ, — жиIащ Абу Бэкр. – «Нобэ Жэназы Iуэху хэт хэта?«-, жиIэу щыщIэупщIэм, — Сэ сыхэтащ, — жиIащ Абу Бэкр. – «Нобэ тхьэмыщкIэ хэт игъэшха?«-, жиIэу щыщIэупщIэм, — Сэ згъэшхащ, — жиIащ Абу Бэкр. – «Нобэ сымаджэ хэт щIэупщIа?«-, жиIэу щыщIэупщIэм, — Сэ сыщIэупщIащ-, жиIащ Абу Бэкр. Абы иужькIэ жиIащ ЛIыкIуэ лъапIэм e: «Ахэр зэгъусэу зылэжьым Жэнэтыр къелэжь!«. (Муслим).
И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Зи мылъкур дуней нэпцIым изыхыфу, дуней пэжым сэдэкъэкIэ зыхьыфын Алыхьым дищI!