Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

11. Зи бзэм хуитыжыр, цIыхухэм я бзэм щыхъумащ

10.06.2019
Просмотров 468

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам цIыхум къыбгъэдилъхьэ фIыгъуэхэр, къыхуищIэ нигьмэтхэр бжыгъэншэщ. Ахэр цIыхум тIысу къыхуэбжынукъым, ахэм я фIыщIэри нэгъэсауэ хуэщIынукъым.

А нигьмэтхэри зэхуэдэкъым, атIэ нахуэрэ щэхуу зэхедз. ЖеIэ Езы Алыхь Закъуэм:

﴿ وَأَسْبَغَ عَلَيْكُمْ نِعَمَهُ ظَاهِرَةً وَبَاطِنَةً ﴾

«Нахуэуи щэхууи и нигьмэтхэр къывбгъэдилъхьащ…». (Лукъман, 20).

ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: нигьмэт нахуэхэм и щапхъэщ, Ислъам динымкIэ Алыхьыр цIыхум къызэрыхуэупсар, КъурIэныр къызэрыбгъэдилъхьар. Нигьмэт щэхухэм ящыщщ: цIыхум и щыуагъэ гъэпщкIуахэр, и гуэныхь щэхухэр Алыхьым зэрыхуибзыщIыр.

Мис а иужьрейри Алыхьым фIыщIэ щIыхуэщIын хуей нигьмэт нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Къызыщывгъэхъут:  гуэныхьым мэ къапихыу щытамэ, мыпхуэдэу зыр зым дыхуэгуапэу дызэбгъэдэсыфынут?

Къызыщывгъэхъут: цIыхум гуэныхь къихьар и натIэм къытридзэу е и бжэ зыщIыхьэжым тетхауэ ирихьэлIэжу щытамэ сытыт къэхъунур? Апхуэдэу щытамэ, сыт хуэдиз зэкъуэш зэфIэкIуэдыжынут, сыт хуэдиз унагъуи лъэлъэжынут, сыт хуэдиз зэблагъи бий зэхуэхъужынут…?!

Ауэ Аллаху Тэгьалам ауэ сытми уи гуэныхьыр пхущIиуфэнукъым, атIэ ар къэблэжьын хуейщ, ар къызэралэжь Iэмалхэми уателэжьэн хуейщ.

А Iэмалхэм ящыщщ: уэ езы дыдэр гуэныхь къэпхьахэм уатемыпсэлъыхьыжыныр, Алыхьым щIиуфа уи гуэныхьыр уэ езым тафэм къытомыдзэжыныр. Хьэдисым къызэрыхэщщи, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зиIэ цIыхум и гуэныхьыр къыхуэмыгъуным езыр щхьэусыгъуэ хуохъуж.

ЦIыхум гуэныхь ищIахэр иIуэтэжу щыдэтым и деж, Аллаху Тэгьалам пщIэ хуимыщIу, Абы къигъэкIуа ЛIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم жиIа псалъэхэр зыми химыбжэу, мыдэкIэ, муслъымэнхэми ятеIукIыну цIэр къыфIэмыIуэхуу аращ.

Напэтех зылэжьам ар ибзыщIын ипIэкIэ, абы зыригъэщIагъуэу, ар зэрыхуэщIам иригушхуэжу утыкум къитIысхьауэ абы щытепсэлъыхьым и деж, абы ищIэм зэранрэ мыхъумыщIагъэу къыдэкIуэм ущIэмыупщIэ.

АдэкIэ, муслъымэным и гуэныхьыр бзыщIауэ, къуажэ Iуэху мыхъуу къызэтенэным нэхъыбэ дыдэу щхьэусыгъуэ яхуэхъухэм ящыщщ: нэгъуэщI зыгуэрым гуэныхь къыIэщIэщIам тепсэлъыхьу, ар ауан ищIу дэмытыныр.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Уэ, зи бзэгукIэ диным къихьэу, зи гум диныр иджыри имыхьа гуп! Муслъымэнхэм фахуэмыпсалъэ, я щыуагъэхэри къэфтIэщIыну, абыкIэ я напэр тефхыну фыхэмыт! И къуэшым и напэр апхуэдэу тезыхыну яужь ихьам, Езы Алыхьыр яужь къихьэнурэ, и унэм зыдыщIэсым и напэр трихынущ«. (Абу Дауд).

ЦIыхум гуэныхь дэплъэгъуар хуубзыщIмэ абы къикIкъым гуэныхьыр къыпфIэмыIуэхуауэ, гуэныхь ялэжьынуи цIыхухэр хуит пщIауэ, атIэ, уеблэмэ, гуэныхьыр къэгъэувыIа щыхъури, гуэныхьыр къыпфIэIуэхуа щыхъури, ар къызыIэщIэщIам щэхуу убгъэдэтIысхьэрэ уеущиемэщ, чэнджэщ дахэ ептмэщ.

Мис а хьэлыр пхэмылъмэ, уэ зыхуэгъэхьэзыр уи япэкIэ бгъэжа мывэм узэригъэлъэпэрэпыжынум.

Ди япэ фIыкIэ ита зы нэхъыжь жеIэ: «Сэ цIыху сырихьэлIащ, ядэбгъуэн щымыIэу цIыху къабзэхэу, ауэ цIыхухэм ятепсэлъыхьын щIадзэри, езы цIыхухэми мобыхэм дагъуэхэр къыхуагупсысу щIадзауэ. НэгъуэщI цIыхуи сырихьэлIащ: ядэбгъуэну куэду яхэлъу, ауэ цIыхухэм яхуэмыпсалъэу, я щыуагъэ ауан ящIу зэрыдэмытым папщIэ, езы цIыхухэми и гугъу къамыщIу!».

КъинэмыщIауэ, цIыху жумартым, цIыху хьэлэлым хуагъэгъум хуэдиз, цIыху быдэм, цIыху нэпсейм хуагъэгъукъым цIыхухэм. Арамэ, уэрамым зи цIэр IейкIэ дэлъыным тешыныхь цIыхур сэдэкъэм щыремысхь.

Мыри къыхощ хьэдис пэжым дызыхэт Iуэхугъуэм теухуауэ: «Зи губжьыр езыкъухым и щыуагъэр Алыхьым хущIиуфэнущ«-, жеIэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم. (Щэхьихь Iэл-Джамигь).

КъинэмыщIауи, мыбы теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ: гуэныхь, щыуагъэ къызыIэщIэщIа цIыхур нэхъыфIкIэ Алыхьым щыгугъыныр, и напэр тыримыхыну, и Iуэхур къуажэ Iуэху имыщIыну фIыкIэ Алыхьым дежкIэ гупсысэныр.

«Сэ си пщылIыр къызэрызэгупсысым хуэдэу сыкъыхущIэкIынущ«, — жиIэкъэ Алыхь Иным. ФIыкIэ щыгугъым фIы игъуэтыжынущ, IеймкIэ плъэм Iей илъагъунущ.

Мис ахэри, нэгъуэщIхэри щыIэщ, цIыхум зырихъумэжыну, цIыху сурэтым иту псэууэ, напэ хужькIи Алыхьым и пащхьэ ирихьэжынуи, ахэм девгъэгупсыс, ахэр зыхэдвгъалъхьэ! Алыхьым нэхъыфIкIэ дыщогугъури, нэхъыфIыр зыхуищIэн жэмыхьэт Алыхьым дищI!