Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

(ADY) Гур кIуэдмэ шыр жэкъым

18.08.2014
Просмотров 5 528

Гьалим (дин щIэныгъэлI) псалъэр зыхуэфащэхэр: акъылкIэ зырагъащIэ щIэныгъэм имызакъуэу, Алыхьым фIэфI хьэл-щэн дахэри яхэлъу, а хьэл-щэным и хьэтыркIэ Алыхьым къуигъэхъулIэ гулъытэ куури ябгъэдэлъу щыт цIыху нэсхэращ. Мис апхуэдэу къалъытэу дунейм тетахэм ящыщщ Тырку щIыналъэм щыпсэууэ лъэужь махуэ къызэзынэкIа Сулейман Хилми Ефэндыуэ, Тхьэр зыхуэарэзынри.

Ар езыр Истанбыл дэсти «си дин сыщыгъуэзарэт» жызыIэхэм и гъащIэр ятригъэкIуадэу, къылъэмыIэсыфхэм езыр ялъэIэсу и дунейр ихьт. Апхуэдэ дыдэуи щIэныгъэмрэ, щIэныгъэ цIыхухэмрэ пщIэ яхуищIу, ахэр къилъыхъуэу, къигъуэту, якIэлъыкIуэ-якIэлъыжэу екIуэкIт. Мис абы къыхэкIкIэ зэгуэрми а зэманым и къады нэхъыщхьэм и деж кIуащ; илъагъун, бгъэдэсын, щIэупщIэн, и ущие зэхихын мурад иIэу. Уеблэмэ и еджакIуэхэм, и бын дыдэхэм ящыщ зы-тIуи зэдишэу ахэри игъэгушхуэн, зэрагъэгъуэта гъэсэныгъэ-щIэныгъэм къады нэхъыщхьэри щигъэкIуфIыкIын гупсыси иIат, ауэ иужьым и закъуэу кIуэныр нэхъ тыригъэкIуэжри, ахэр зэдимышэу кIуащ хьэщIапIэ.

Куэдрэ щысахэми, мащIэрэ щысахэми, псалъэр бысымрауэ, хьэщIэр едаIуэурэ зэрызэбгъэдэса зэманым къыриубыдэу къадым «уигу хэзыгъэхъуэн къыжьэдэмыкIа» жыхуаIэм хуэдэу: зэманыр Iей зэрыхъуам, диныр еудыха зэрыхъуам, зыкъиужьыжын гугъапIэ къызэрымылъагъуэм тепсэлъыхьащ, тхьэусыхащ.

Зы лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, абы жиIэр пэжт. Сыту жыпIэмэ, а лъэхъэнэм а щIыпIэм динымрэ муслъымэнымрэ яхуэгъэзауэ зэикI щемыкIуэкIа егъэзыныгъэ щызекIуэт. Ауэ итIани а щIыналъэшхуэм я дин Iуэхур зегъэкIуэныр зыхуагъэфэща лIым гурыфIыгъуэ пхуэхъун къызэрыжьэдэмыкIыр и жагъуэ хъуащ хьэщIэм. ЕджакIуэхэм ящыщ къызэрыздимышами щыгуфIыкIыжащ; «къыздэсшахэтэмэ ахэми ягу кIуэдынкIэ хъунут. Муслъымэным зыкъаужьыжын гугъапIэ щымыIэжу къащыхъунут. Мы щIэныгъэлIышхуэм и еплъыкIэр апхуэдэу щыщыткIэ, дэ ди еджэнми мыхьэнэ иIэнукъым, жаIэнурэ, ягу я щхьэ зэтекIынут», жиIэу тэджыжащ хьэщIэр.

Дунейр къызэриухуэ лъандэрэ, Iэджэрэ ягъэунэхуащ Iиман-дин зезыхьэхэм мы хъыбарым къыхэщ еплъыкIитIыр: гу кIуэдыныгъэмрэ, гурыфIыгъуэ гуэр къэлъагъуфын, уи лъэр щIэмыхуу плъэкI блэжьын бгъэдыхьэкIэмрэ.

Нобэ ди деж дызыхэтри аракъэ? Диныр цIыхум ялъэIэсын папщIэ, абы езым хэлъ дахагъэр, Iущыгъэр, гуапагъэр, гъэсэныгъэр, зэфIыныгъэр къэгъэлъэгъуэным ипIэкIэ, нэгъуэщI бгъэдыхьэкIэхэр къагъэсэбэпу цIыхур Iузыгъэщтхэр зэрыщыIэм ещхьщ; гурыфIыгъуэр, гукъыдэжыр, фIым щыгугъыныр, зышыIэныр къигъанэу – гу кIуэдыныгъэр, гу зэвыр, губжьыр, пIэщIэныр къыхэзых зэрыщыIэри. Ауэ, гугъэ нэпцIым уигъэудэIуу, уигу фIы пщIыжу дунейм утетыныр зэрымыпэжым хуэдэ къабзэу, уеблэмэ нэхъыбэжу къуаншагъэщ – Алыхьым и дин дахэр дахагъэкIэ цIыхум ялъэIэсыным уи гугъэр хэпхыжынри. Сыту жыпIэмэ, а гупсысэ пхэнжым пIэщIигъэгъупщыкIынкIэ мэхъу Алыхь ЛъапIэм зы жэщ зы махуэм къыриубыдэу цIыхуцIэ зиIэ псоми Iиман-дин къаригъэщтэныр зэрылъэкIынур. Апхуэдэу къабзэу, а еплъыкIэ мызахуэм умылъагъужыф уищIынкIэ хъунущ, иджыпсту дыдэ Iиман-диным хуейуэ, ар яхуэфащэу, абы хуэщIауэ щытхэм Алыхь ЛъапIэм ар къаригъэхъулIэу, псы уэрым хуэдэу цIыху уэр Ислъам диным къихьэу зэрыщытри; ахэр мы дунейм и дэнэ щIыпIэ щыпсэухэуи щырет.

Iиман диным и бийуэ, щIебийри имыщIэжу и бийуэ, и Iей фIэкIи зезымыхуэхэми Iэмалрэ, фIэкIыпIэрэ зэриIэкIэ уафIэмынэу; Iиман диныр къафIэмыIуэхуу, абыкIэ зэикI къемыплъэкIыу дунейм тетхэми езыхэм гу къыплъатэху ягугъу умыщIу щытми – Iиман-дин хуейхэмрэ, ар къэзыщтагъэххэу, зыIыгъхэу я гъащIэр муслъымэну къэзыхьахэмрэ ди Iуэхур хуэфащэу зыхуей хуэгъэзэныр дэтхэнэ муслъымэнми тхурикъунущ лэжьыгъэуи, гупсысэгъуэуи, гуныкъуэгъуэуи, гурыфIыгъуэуи.

Уеблэмэ, мы иужьрейращ псом нэхърэ нэхъапэри, нэхъ Iуэхушхуэри.

Ислъам диным папщIэ удауэным нэхъри, нэгъуэщI дин зезыхьэхэр Ислъамым къыхуебджэным нэхъри куэдкIэ нэхъапэщ  икIи нэхъ Iуэхушхуэщ – мы дуней хъурейм цIыхуипщI фIэкIа муслъымэн темыту щытмэ, а цIыхуипщIыр нэгъэсауэ муслъымэну щытыныр, мис апхуэдэ зэбгъэдэтыкIэкIи зэбгъэдэтыныр.

Мис ар къыдэхъулIэжмэ, дуней фIыгъуэри, Ахърэт фIыгъуэри къыдэхъулIэжауэ, цIыхуцIэ зиIэми щапхъэ махуэ дахуэхъуауэ аращ.

Ар иджыри къыдэхъулIэжыным зи гугъэ хэзыхыжауэ щыта къады нэхъыщхьэмрэ, абы хуэдэхэмрэ я цIэ зыми къыриIуэжкъым. Ауэ абы зи гугъэ хэзымыхыжауэ щыта Сулейман Хилми Ефэндымрэ, абы хуэдэхэмрэ мелуан бжыгъэхэм я щапхъэщ, я гъуазэщ.

Аращи, гур иремыкIуэд, шыр ирежэ!

 

Гуэщокъуэ Абдул-Бакъи.