Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Iущыгъэр

Псалъэм я нэхъ пэжыр Алыхьым и псалъэращ, гъуэгум я нэхъ захуэри Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм и гъуэгуращ, Iуэхум нэхъ Iейуэ хэпщIыхьынури абы емызэгъ щIэ гуэр хэплъхьэнращ, апхуэдэ щIэ псори бидгьэщ, бидгьэ псори гъуэщэныгъэщ, гъуэщэныгъэ псоми узыхуашэнур мафIэрщ.

 Муслъымэн жэмыхьэт! Имам Бухъарий етхыж, Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه къиIуэтэжауэ, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIауэ: «Узэхъуэпсэну щыIэр IуэхугъуитI къудейщ: мылъку Алыхьым зыритауэ, пэжым ар тезыгъэкIуадэм ищIэмрэ, Iущыгъэ Алыхьым зыбгъэдилъхьауэ, абыкIэ Iуэхухэр зэхэзыгъэкIым, ар цIыхухэм яхэзыпщэм ищIэмрэ».

 Iущыгъэр Алыхьым и щифэтхэм щыщщ, ищIэу хъуари, жиIэу хъуари а щифэтым тещIыхьащ. ИхъуреягъкIэ зыплъыхь, плъагъум фIыуэ егупсыси Алыхьым и Iущыгъэм гъунапкъэ зэримыIэр нэрылъагъу пщыхъунущ!

 А Iущыгъэм щыщ зыгуэр цIыхум щыхэлъым деж гъащIэр куэдкIэ нэхъ тынш мэхъу; а Iущыгъэр Iуэхум зэрыхалъхьам папщIэ сыт хуэдизым я гур щабэ хъуа, диным я гупэр хуагъэза? А Iущыгъэр Iуэхум зэрахамылъхьам, псынщIагъыр, хьэлыншагъыр япэ зэрырагъэщам папщIэ сыт хуэдизым я гур якъута?!

 А Iущыгъэр къазэрыхуэтым папщIэ, сыт хуэдизым я унагъуэр зэтракъута, я мылъкур иракъухьа, я пщIэр хаута, я напэр зытрахыжа?!

 КъурIэн лъапIэр Iущыгъэ защIэу зэхэлъщ, абы ар къызэрыхэпхын щIэныгъэ убгъэдэлъмэ. Уеблэмэ, зэрыжаIэмкIэ, мы дунейм лъэпкъыу тетым Iущыгъэу къабгъэдэкIам хуэдэ е абы и лъабжьэр КъурIэн лъапIэм хэбгъуэтэнущ.

 Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и Суннэри абыкIэ гъэнщIащ, куэдым дежи ар нэгъэсауэ цIыху Iущу зэрыщытар нэрылъагъуу къыхощ. Езым къедаIуэхэми къемыдаIуэхэми зэрадекIуэкIам, псоми бзэ зэрыз къазэрыдигъуэтам къагъэлъагъуэ ар.

 Iэусымрэ Хъэзрэджымрэ зэрызэригъэкIужар, Мухьажирхэмрэ Анщархэмрэ зэкъуэш зэрищIами нэгъуэщI къыхэщкъым а Iущыгъэм фIэкIа.

 Уеблэмэ, апхуэдизкIэ и Iущагъыр инт, апхуэдизкIэ жыжьэ плъэфти, къращIэф къэзымыгъэна цIыхухэм ятеухуауэ шхыдэным ипIэкIэ, -Мыбыхэм езыхэм диныр къагурымыIуэми, ар къызыгурыIуэн я кIуэцIым Алыхьым къыригъэкIынщ!, — жиIэфауэ щытащ а цIыху Iущым صلى الله عليه وسلم . ИкIи къыригъэкIащ.

 Муслъымэн жэмыхьэт! Дэ ди щхьэкIэ ди дин зехьэкIэми, нэгъуэщIхэм диныр зэрабгъэдэтлъхьэ щIыкIэми зыгуэр къыхуэт, жытIэмэ, мы нобэ зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр къыхуэтщ.

 Псалъэм папщIэ, мыхъумыщIэ гуэр тлъэгъуащ е абы и хъыбар зэхэтхащ. МыхъумыщIэр муслъымэным идэн хуейкъым дауикI, ауэ дауэ ар лъэныкъуэ зэредгъэзыфынур, сытхэр ди Iэмал, ди зэфIэкIыр дэнэ зыдынэсыр, дэ ар ди унафэ хьэмэрэ димыунафэ?? Мы упщIэхэм я жэуапыр дымыщIэу зыри тщIэ хъунукъым, утыкуми дилъадэ хъунукъым.

 Зы мыхъумыщIэр Iупхыу, абы ипIэ апхуэдэ дыдэ мыхъумыщIэ къиувэжмэ пщIам зыри къикIкъым; мыхъумыщIэ нэхъ иныж къиувэнумэ Iуэхум ухэIэбэ хъуххэнукъым. Ахэр зэдгъэзахуэрэ Iуэхум дыщыпэрыхьэкIэ? Зэдгъэзахуэтэмэ, мы нобэ тлъагъу хьэдэгъуэдахэ къомыр тлъагъунтэкъым.

 Е хъуащIа гуэр, Iуэху дахэ гуэр диным хэту зэхэтхащ. А дахэм иджыпсту и чэзу, зыжеIэпхъэр хэт, зыдыжыIыпхъэр дэнэ деж? Иджыпсту къагурыIуэну хьэмэрэ зэман хуей? Мыхэри зэдгъэзэхуэн хуейщ.

 КъурIэн лъапIэр зэуэ къемыхыу илъэс тIощIрэ щым теугуэшауэ къызэрехам куэдым урегъэгупсыс.

 ГьаIишэ رضي الله عنها и псалъэхэм къахощыж, Аллаху Тэгьалам зэуэ фадэм и Iуэхур пиупщIатэмэ, жыIэмыдаIуэ хъунухэр куэд хъунут, атIэ я иманыр зэтес ищIри, итIанэ Iуэхури пиупщIыжащ, жиIэу.

 Иманыр зиIысыр, КъурIэным и купщIэр, дыщIэпсэур, дыщIэлIэжыр, дызыхуэкIуэжыр… Мыхэращ псоми я лъабжьэр. А лъабжьэхэр къэдгъанэу кIапэлъапэхэм депэщэщу дыдэувэмэ, Iуэхур ипэкIэ кIуэтэнукъым, атIэ къикIуэтыжынущ.

 Иджыпсту, Алыхьым и шыкуркIэ мэжджыт зэрыз, е тIурытI, е нэхъыбэж зыдэмыт къуажэ щыIэкъым. Ар зы лъэныкъуэкIэ хъарзынэщ, ауэ мэжджытым цIыхур емыкIуалIэмэ, абы нэмэзыр ирамыхьэлIэмэ, абы губзыгъагъэ гуэр къыщIамыхмэ, сыт абы мы дунейм и мыхьэнэр?

 Мис ар жытIам и зы щапхъэщ. «Мэжджыт щIын» жыпIэмэ, сэбэп хъун куэд бгъуэтынкIэ хъунущ, ауэ мэжджыт щIам зыгуэр щIэтщIыхьынщ, зы хъейр щыдлэжьынщ, жыпIэмэ, къыбдэувынур куэдкIэ нэхъ мащIэжщ. Абы и щхьэусыгъуэр ди акъылыр зэгъэндзэкIащи аращ, фэрыщIагъым дызэрехуэ, унэр щытмэ додэ, абы зыри щIэмысми, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум къыддалъагъур а унэм и IуплъапIэращ, абы и кIуэцIым зыри щIэмысми, зыри щIэмылъми Iуэхукъым…..

 Алыхьым Iущыгъэр къытхипщи, ди хъейр зыхэлъым ди Iэр тыригъахуэ! Ди блэкIам нэхърэ ди къэкIуэныр нэхъ дахэ Алыхьым тхуищI, ди щIыналъэр мы дин дахэмкIэ къытхуигъэщIэращIэ!