Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэ лъапIэр зэрызэфIэкIыу хьэж щIыным и мазэхэр къэунэхуащ, хьэж зыщIыну мурад зыщIахэм я хъуэпсапIэр нэхуапIэ ящIыну Iэмал ягъуэтащ.
Ягъуэтащ Iэмал Аллаху Тэгьалам фарз ищIа Iуэхугъуэр ягъэзэщIэну, псапэ куэд къалэжьыну, я анэм къызэрилъхуахэм хуэдэу гуэныхьыншэу я унэ къагъэзэжыну.
А псор къызэхъулIам бегъымбар лъапIэм e зи гугъу ищIари къехъулIэнущ. ЖиIэр сыт гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым:
“وَالْحَجُّ الْمَبْرُورُ لَيْسَ لَهُ جَزَاءٌ إِلاَّ الْجَنَّةُ”
«ЕкIуу хьэж зыщIам Жэнэт фIэкIа нэгъуэщI зыри хуэфащэкъым». (Бухъарий).
Муслъымэн жэмыхьэт! Хьэж щIыныр Ислъам диныр зытет пкъо нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. Нэмэзитхур щIыныр, Рэмэданыр къэнэщIыныр, мылъкум сэджыт хэгъэкIыныр зэрыфарзым хуэдэ дыдэщ хьэж щIынри.
Хьэж хуэщIын пэтрэ имыщIу дунейм ехыжами и Iуэхур егъэлеяуэ шынагъуэщ. ЩIэныгъэлI инхэу Сэгьид ибн Джубейр, Ибрахьим Iэн-Нэхъэгьий, Муджаhид, ТIауус сымэ, дэтхэнэ зыми жаIауэ къаIуэтэж: «Хьэж щIыныр къытехуа пэтрэ, ар имыщIу дунейм хэт ехыжауэ къасщIэми, абы и жэназым сыхэувэнукъым». (IихьяI гьулум Iэд-Дин).
Абы тещIыхьауэ, зы щIэныгъэлI гуэр и гъунэгъу бейр дунейм ехыжати, и жэназым хыхьауэ щытакъым, хьэж щIыныр модрейм Iэпэдэгъэлэл зэрищIам папщIэ. (IихьяI гьулум Iэд-Дин).
Ибн Гьэббаси, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, жиIауэ къаIуэтэж: «Сэджыт телъу е хьэж щIыныр телъу лIар: «кхъыIэ дунейм иджыри зэ сывгъэгъэзэж!» — жиIэу лъэIуэнущ». (IихьяI гьулум Iэд-Дин).
Муслъымэн жэмыхьэт! Дэни пхуэхьыжын, хьэж щIыпIэм фIыгъуэхэр къыздрихыу къэкIуэж зэрыщыIэм хуэдэу, мыгъуэ къыздизыхыу, уеблэмэ Жэхьэнэмэр къызэрилэжьын лэжьыгъэ илэжьу къэзыгъэзэж щыIэщ.
Хьэж щIыпIэм цIыхушхуэ зэрызэхуэсар Муджаhид رحمه الله фIэхьэлэмэту Ибн Гьумэр رضي الله عنه зыхуигъазэри: «Сыту куэд хъурэ хьэж зыщIхэр!», — щыжиIэм, Ибн Гьумэр: «Сыту мащIэ хьэж зыщIхэр!»-, жиIащ. АдэкIэ къыпищэри: «Апхуэдэу жомыIэу «гуп хъарзынэ зэхуэса!» жыIэ», — къыжриIащ. «Мущэннэф Гьэбдир-Рэззакъ».
Мис апхуэдэ «гуп дыгъэлым» химыубыдэу, хьэж зыщIхэм хиубыдэну щIэхъуэпсым и хьэжым зыхуигъэхьэзырын хуейщ сыт илъэныкъуэкIи.
Псом я нэхъыщхьэр Аллаху Тэгьалам уи Iуэхур бгъэдэплъхьэнращ: уи хьэжыр абы къыбдиIыгъыну, псынщIэ пщищIыну, бэIутIэIуншэу зэфIигъэкIыну.
Алыхьым уи Iуэхур къыбдиIыгъыным щхьэусыгъуэ хуэхъухэм ящыщщ: хьэж зэрыпщIыну мылъкур хьэлэлу къэблэжьауэ, хьэлэлым къыхэкIауэ щытыныр.
Хьэдисхэм къахощыж, мылъку хьэлэлкIэ хьэж зыщIыну мурад зыщIар щежьэкIэ мелыIычхэр къыхуэхъуахъуэу, армырамэ къыхуэшхыдэу. IэтI-ТIэбэраний «Iэл-Мугьджэмул-IэусэтI».
Хьэрычэтым берычэтыр щIыгъущи, Алыхьым уи Iуэхур къыбдиIыгъыну ухуеймэ, уэри уи щхьэр къыпфIэIуэхужу ущытын хуейщ. Уи щхьэр къыпфIэIуэхужмэ, гъуэгум гъусэ къыщыпхуэхъунум егупсыс.
IэнэщIу къэбгъэзэжыну ухуэмеймэ – хьэжыр зиIысыр зымыщIэ, абы мыхьэнэ езымыт Iуэхуншэхэр гъусэ зыхуумыщI. IэнэщIым имызакъуэу, гуэныхькIэ зыбуфIеижауэ укъэкIуэжыну ухуэмеймэ – хьэлыншэхэр, гуэныхьым щымышынэхэр пэшэгъу умыщI.
Абы къинэмыщIауэ, хьэжым и щIыкIэр зомыгъэщIауэ хьэж щIыпIэм ущIэкIуэн щыIэххэкъым. «Рибар зиIысыр зымыщIэр ди бэзэрым къытремыхьэ», — жиIэу щытащ Гьумэр رضي الله عنه. Абы къикIращи, узыпэрыхьэну Iуэхум ущымыгъуазэмэ – утыку уихьэу уэри гуэныхь къомыхь, адрейхэм гуэныхь къомыгъэхь!
ЩIэныгъэншагъэм къыхэкIыу сыт хуэдиз хьэдыгъуэдахэ щалэжьу абы ущрихьэлIэрэ?! МыбыкIэ япэ дыдэ жэуап зыхьри цIыхухэр хьэжым шэныр къалэн зыщызыщIыжахэращ.
Хьэжыр нэмэз пщIым хуэдэщ. Нэмэзым и купщIэр тхьэшынагъэ пхэлъу абы утету, абы къыхэпха къарумкIэ зыпхъумэжу дунейм утетынращ. Хьэжым дежи апхуэдэ дыдэщ: тхьэшынагъэ пхэлъу, зэпIэзэрыту, хьэлыфIэу ар умыгъэзащIэмэ – уи хьэжым и купщIэр бгъэкIуэдауэращ.
Хьэж щIыныр езыр Iуэху лъапIэщ, зыдащI щIыпIэри щIыпIэ лъапIэщ, щащI зэманри апхуэдэщ. Мис ахэр зэхэпщIэжу, зы напIэзыпIэкIи абы утемыгупсысыкIыу ущыIэн хуейщ абы!
Алыхьым игъэлъэпIар зыгъэлъапIэм лъапIэныгъэ хуэфащэщи, а лъапIэныгъэр къэзылэжьыфын Алыхьым дищI! Мэгъэм а щIыпIэ лъапIэхэм екIуэлIэну мурад дахэ зыщIа дэтхэнэ зыми Алыхьым псынщIэ ящищI! Зи нэ абы къыхуикIыу зи Iэр абы хуэкIэщIым и гухэлъ дахэм и сэбэп дунеягъэкIи АхърэткIи Алыхьым къригъэкIыж!