Щхьэныкъуэ Анзор Мубин икъуэ
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм щыщщ
1991-1993 гъэхэм Нальшык дэт ИСЛЪАМ ИНСТИТУТЫР къиухащ.
Абы иужькIэ Сауд Хьэрыпым щыIэ дин университету МУХЬЭММЭД ИБН САУД и цIэр зезыхьэм щIэтIысхьащ.
Хьэрыпыбзэр щадж ИНСТИТУТЫМ илъэситкIэ еджэу къиуха нэужь, “бзэри динри” зэщIыгъуу икIи нэхъ кууэ зыщадж къудамэм щеджащ.
Абы къыкIэлъыкIуэу университетым и “ШЭРИГЬЭТ” факультетыр 2002 гъэм къиухащ.
Нобэ и хэкум къигъэзэжауэ езыр зыщеджауэ щыта ИСЛЪАМ ИНСТИТУТЫМ (нобэ университетым) егъэджакIуэу щолажьэ, абы щIыгъуу Александровкэ куейм мэжджытым и имаму мэлажьэ.