Аллаху Тэгьала дыкъэзыгъэщIауэ, дызыгъэлIэжынум, зи пащхьэ дизышэжу хьисэп дызыщIыжынум дыщывгъэшыни, ди щхьэр къэдмыгъэпцIэжу, а шынагъэм хуэфэщэжу дывгъэпсэу!
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дуней гъащIэр зыгъэпсэхупIэкъым икIи гу гъэтIылъыпIэкъым, атIэ иджыпсту гугъу зедгъэхьу адрей дунейм зыщыдгъэпсэхужыну аращи, нэгъуэщI зыгуэру Iуэхум девмыгъэгупсыс.
Мы дунейр зыгъэпсэхупIэу, гу гъэтIылъыпIэу зэрыщымытыр къыбгурыIуэну гугъукъым тIэкIу уи акъылыр бгъэлажьэмэ, ауэ ара пэтрэ, мылъку къэлэжьын илъэныкъуэкIэ гугъу ехьхэм ящыщ куэдым ягугъэщ къулей хъухэмэ гуныкъуэгъуэр зиIысыр ямыщIэжу псэуну. Ауэ ар пцIырыпцIщ.
Имам Ахьмэд, зи Ахърэтыр нэху Алыхьым ищIыным, еупщIахэт зэгуэрым: «Зыгъэпсэхуным и IэфIагъыр цIыхум дапщэщ щызэхищIэнур?», -жаIэри. – «Жэнэтым зэрибакъуэу!», — жиIащ имамым.
Арамэ, ди Тхьэ лъапIэр арэзы зыщIынухэм дегугъыу, ди гугъэри жыжьэ дымыутIыпщу, псапэ къэтхьауэ дигугъэжхэри дымыгъэкIуэдыжу ди гъащIэ кIэщIыр етхьэкIын хуейщ.
Псапэ блэжьыфыныр ар зыщ. Абы гугъехь гуэр ехьэлIэн хуейщ, ауэ абы нэхърэ нэхъыщхьэжщ икIи нэхъ гугъужщ псапэ къэпхьар умыгъэкIуэдыжу, ар зыгъэкIуэдыжхэмкIи зомыуфIеижу упсэуныр.
Псапэ къэпхьамэ Жэнэтыр къыпхуагъэхьэзырауэ къыпщыхъужынкIэ Iэмал иIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псори зэлъытэжар иджыпсту узэрыщытракъым, атIэ псэ хэкIыгъуэм деж узэрыщытынуращ.
Щэхьабэхэм цIыху дапщэ яхэта ЖэнэткIэ ягъэкIуфIауэ? Ауэ итIани гузавэхэу, «пщэдей ди Iуэхур дауэ хъуну пIэрэ?» жаIэу я гъащIэр яхьащ икIи зы дакъикъи бэлэрыгъахэкъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! КъурIэнымрэ Суннэмрэ дахэплъэжмэ куэдрэ абыхэм къахощ псапэхэр зыгъэкIуэдыжынкIэ хъунухэр, уеблэмэ, IуэхуфI блэжьыр псапэ мыхъуххэу гуэныхьу пхуатхынкIэ зэрыхъунур.
Псалъэм папщIэ, фэрыщIагъым и Iуэхур къащтэ. «Нэхъыбэ дыдэу фэ фтеухуауэ сэ сыщIэгузавэр ширк цIыкIуращ… Къемэт махуэм щхьэж илэжьам пэкIуэр яритыжа нэужь фэрыщIагъ зыхэлъахэм яжриIэнущ Аллаху Тэгьалам: «Дунейм фыщытетым зызыхуэвгъэфэрыщIахэм я деж фыкIуи къыфхуащIэжым феплъ!», — къытхуеIуатэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم а Махуэ шынагъуэм къэхъунухэр. (Имам Ахьмэд).
Псапэхэр зыгъэкIуэдыжхэм ящыщщ: Аллаху Тэгьалам япэ уилъадэу е Абы и пIэ зибгъэувэу зыгуэрхэм унафэ ятепщIэныр. Псалъэм папщIэ, «мыпхуэдэм и гуэныхьыр къыхуэгъунутэкъыми», «мопхуэдэм Жэнэтыр илъагъунутэкъыми» жыпIэурэ…
Мыбы ещхьщ цIыхум и къуэш муслъымэным «джауркIэ» еджэныр. Зэджам ар къимылэжьмэ, езым и деж къигъэзэжынущ. Къигъэзэжми цIыхур унэхъуауэ аращ. ИкIи нобэ куэдым загъэунэхъуж абы теухуауэ.
Псапэр зыгъэкIуэдыжхэм ящыщщ Ичынды нэмэзыр блэбгъэкIыныр. «Ичынды нэмэзыр блэзыгъэкIам и лэжьыгъэр игъэкIуэдыжащ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий).
«Фадэ зэзыхьэлIам махуэ плIыщIкIэ и нэмэзыр къабыл хъунукъым», — жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм. (Тирмизий). Мыри щыщщ псапэр зыгъэкIуэдыжхэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэмэз ищI пэтрэ а щхъухьыр зэзыхьэлIэхэр щыIэщ.
Псапэр зыгъэкIуэдыжхэм ящыщщ, цIыхур и закъуэ хъужа нэужь Алыхьым пщIэ зэрыхуимыщIыр къигъэлъэгъуэныр. Хьэдисым къыхощ, бгышхуэхэм хуэбгъэдэну псапэ къахьауэ Къемэт махуэм цIыху екIуэлIэжыну, ауэ сабэ ипхъам хуэдэу ахэр кIуэдыжыну. Ар къызыхэкIынур, «зыми дыкъилъагъукъым» жаIэу, Алыхьым къызэрилъагъур къафIэмыIуэхуу гуэныхь къызэрахьаращ абыхэм. (Ибн Маджэ).
ЗэикIи убэлэрыгъ зэрымыхъунур къыхэщу апхуэдэурэ щапхъэ куэд къыпхуэхьынущи дызыхуэвгъэсэкъыж, ди псапэхэр псыхэкIуадэ дывмыгъэщI, Къемэт махуэшхуэм гъуэмылэншэу девмыгъэкIуэлIэж!