ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр псори къэзыгъэщIыжа ди Тхьэшхуэращ. Щэлатри сэламри зэтхыр иужь дыдэу къигъэкIуэжа Мухьэммэд лъапIэращ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Зым зыр деущиежыныр, зым зыр дгъэгушхуэжыныр ди диным щыщ зы Iыхьэщи, ди псэр пытыхукIэ демызэшу икIи дымызэшу а Iуэхугъуэр тхэлъын хуейщ.
Рэмэдан нэужьым нобэ тщIы жумгьэр и япэрей жумгьэщ. Зэману блэк1ари мащ1э дыдэщ, ауэ ара пэтрэ ди Iуэхухум зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къыхыхьащи, абыхэм дытемыпсэлъыхьу хъунукъым.
ЗэхъуэкIыныгъэу гу зылъыптэхэми ящыщщ: Рэмэдан мазэм дызэрыщытамрэ иджыпсту дызэрыщытымрэ зэдгъапщэмэ, шурэ лъэсрэ я зэхуакуу къызэрыщIэкIыр.
Рэмэданым и кIуэцIкIэ КъурIэныр тIэщIэмыкIыу т1ыгъамэ, иджыпсту махуэ зыбжани дэкIынкIэ хъунущ КъурIэныр къэдмыщтэхы. Рэмэданым мазэ псо къыттемыхьэлъэххэу къэднэщIамэ, иджыпсту мазэ псом и кIуэцIкIэ зы махуэ закъуэр кызытехьэлъи къытхэтынкIэ хъунущ нэщI иIыгъыну.
Рэмэданым къыттемыхьэлъэххэу тэрауихь нэмэзхэр тщIамэ, уеблэмэ иужьрей жэщипщIыр тэхэдджуд нэмэзхэмкIэ дгъэкIуамэ, иджыпсту псапэ нэмэзхэр къэгъэнауэ, уитр нэмэз дыдэр щIыныр къызытехьэлъэ къытхэтынкIэ хъунущ.
Адрей лэжьыгъэхэми аращ я натIэр. Сэдэкъэ тын, дугьэ щIын, зикр жыIэн, зимыIэр гъэшхэн сытхэм ятеухуауэ къащти, псоми фIыуэ якIэрыхуащ.
Пэжщ, Рэмэданыр адрей мазэхэм пхуегъэщхьынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, НэщI мазэр езыр гьибадэтым хуэгъэпсауэ щытщ. Абы щIыгъуж, а мазэм шейтIанхэр зэрызэрызэрапхыр, махуэм нэщI пIыгъми псэм и хъуэпсэныгъэр къызэрыжьэдикъуэр, цIыхухэми зым зыр зэрагъэгушхуэжыр.
Ауэ пхуемыгъэщхьми, укъик1уэтыж, уи нэмэзлыкъыр, зэрыжа1эу, пщэжу удэувэж, мотк1и-мытк1и ущымыщу уежьэж хъунукъым.
НэщIыр зэрызэфIэкIыу куэдым я лъэр щ1оху. Абы и щхьэусыгъуэхэми ящыщщ: езыхэр апхуэдэу зэрыхуейтэр, нэщI мазэм деж зэрыщытам хуэдэу е абы пэгъунэгъуу псэуну мурад зыхуащIыжауэ зэрыщымытатэр. Апхуэдэхэм ягу къэкIыххэу щытакъым нэщIыр зэфIэкIмэ иджыри псапэ нэщI яIыгъыну, псапэ нэмэзи ящIыну…
Ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, нэщI мазэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ: абы тхьэшынагъэ къыхэтхыу, къыхэтха тхьэшынагъэмкIэ къыкIэлъыкIуэ илъэсри етхьэкIыну.
Аракъэ жиIэр ди Тхьэшхуэм: «Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Къыфщхьэщатхащ фэ нэщIыр, фи япэ итахэм къызэрыщхьэщатхам хуэдэу, тхьэшынагъэ абы къыхэфхын папщIэ».
Ауэ нэгъуэщIхэм я лъэр щIыщIэхум и щхьэусыгъуэр аракъым. Ахэр хуейщ нэщI нэужьми псапэ Iуэхум пэрытыну, ауэ зэрыпэрытыну щIыкIэр зэрамыщIэм папщIэ къыпохужхэ.
Иманым я гур къызэщIигъэнащ апхуэдэ цIыхухэми, НэщI мазэм ялэжьу щыта дыдэхэр иужькIи ялэжьыну яужь йохьэхэ. АрщхьэкIэ, цIыхум и къарур апхуэдэм хуэгъэпсакъыми, зы зэман докIри къыпощэтыжхэ.
Ар ещхьщ гъуэгур нэхъ псынщIэу хигъэщIын папщIэ зи шыр щIэзыхуэм. Апхуэдэм и гъуэгури химыгъэщIауэ, и шы зытесри къыхуэмынэжауэ утыкум къонэ.
Сыт тIэ Iуэхум и Iэмалыр?- жыпIэмэ, — абы и Iэмалыр уи шым къижынур пщIэжу гъуэгу утехьэнращ, пхузэфIэмыкIын хуэдизи уи пщэ домылъхьэжынращ.
Ауэ абы ипэ иту Аллаху Тэгьалам и дэIэпыкъуныгъэм ущIэлъэIунращ. Алыхьым къыбдимыIыгъмэ зы щIыпIи унэсынукъым, Абы ущымыгугъмэ уи гугъэри къэпцIэнущ. Аращ нэмэз нэужь къэс щIыжытIэри:
“اللهم أعني على ذكرك وشكرك وحسن عبادتك“.
«Я-Алыхь, къыздэIэпыкъу зикр усщIынымкIэ, фIыщIэ пхуэсщIынымкIэ, дахэу сыпхуэлэжьынмкIэ!». (Ибн Хъузеймэ, Ибн Хьиббан).
МащIэу, ауэ зэпомыгъэужу блэжьыр Алыхьым нэхъ къещтэ, куэду ебгъажьэу хыфIэбдзэжым нэхърэ. – «Алыхьым нэхъыфI дыдэу илъагъу лэжьыгъэр сыт хуэдэра?- жаIэу Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم къыщеупщIым, — «Езыр мащIэми, зэпымычу ялэжьрэщ!», — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий, Муслим).
Мыбы теухуауэ сэбэп къыпхуэхъуфынухэм ящыщщ: зэпомыгъэууэ икIи уесауэ махуэ къэс блэжь лэжьыгъэ гуэрым псапэ Iуэхур пыпщIэныр. Псалъэм папщIэ, махуэ къэс пщIы нэмэзитхум пыпщIэ хъунущ уи КъурIэн еджэныр. Нэмэзым ипэ е иужькIэ Iэмал имыIэу Къурэным щыщ гуэр уеджэныр къалэн зыщыпщIыжмэ, ар хабзэ пхуэхъунур утыншыжынущ.
Iуэхум уи фIэщыр хэплъхьэныр, щхьэхынагъэр зытомыгъэкIуэныр, лIыгъэншэу зыкъыпщымыхъужыныр куэду сэбэп къыпхуэхъунущ мыбы теухуауэ. – Сэ схузэфIэмыкIын мыбы хэлъкъым, зыхузэфIэкIахэм нэхърэ сэ зыкIи сынэхъ Iейкъым икIи сынэхъмыхьэнэншэкъым, — жыпIэурэ зыбгъэгушхуэжмэ, гъуэгум фIыуэ хэбгъэщIынущ.
Аллаху Тэгьалами жеIэ: «وَالَّذِينَ جَاهَدُوا فِينَا لَنَهْدِيَنَّهُمْ سُبُلَنَا» — «Дэр щхьэкIэ гугъу зезыгъэхьахэр ди гъуэгухэм хуэдузэщIынущ». (Iэл-Гьэнкэбут, 69). ЗыкъегъащIэ Аллаху Тэгьалам Абы ухущIэкъуу, и арэзыныгъэм уи нэр къыхуикIыу.
ЗыкъегъащIэ къудеи гъуэгу Iэджи къыпхузэIуихынущ, гугъу уигугъар тынш пщищIынущ. Гьибадэтым и IэфIагъыр зэхэпщIэми, мы дунейм IэфIагъыу тетыр абы пщигъэгъупщэнущ.
Зы цIыхуфI гуэрым жиIауэ къаIуэтэж: «Жэщ нэмэзым сесэн папщIэ илъэс тIощIкIэ сызэлэжьыжри, абы иужькIэ илъэс тIощIкIэ абы и IэфIагъым сыхэту жэщ нэмэзыр сщIащ!».
ДолъэIу Алыхьышхуэм къыддэIэпыкъуну — зикр тщIынымкIэ, и фIыщIи тщIынымкIэ, дахэуи дыхуэлэжьынмкIэ, и арэзыныгъэри къэдлэжьынымкIэ, ди псэр пытыхукIи и гъуэгум дыкъытемыкIынымкIэ.