Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

Арэзыныгъэр

Арэзыныгъэр
05.10.2019
Просмотров 1 187

Муслъымэн жэмыхьэт! ГъащIэм и зэхэлъыкIэм теухуауэ цIыху Iущхэм илъэсищэ бжыгъэкIэ къапсэлъам зэ уриплъэжрэ, иужь дыдэу Аллаху Тэгьалам цIыхум къахуригъэхыжа Тхылъым уиплъэжмэ, Iущагъыу къапсэлъам и лъабжьэр КъурIэным ибгъуэтэнущ.

ЦIыхур игъащIэми иропсалъэ дунейр чэзууэ зэрыщытым, зэм дэгъэзеигъуэу, зэм егъэзыхыгъуэу; зэм бэзэру, зэм къэзэру; зэм жьапщэу, зэм уэму; зэм дыгъэу, зэм уаеу; зэм дыгъыу, зэм дыгуфIэу; зэм дыгузавэу, зэм ди гур загъэу Iуэхур зэрекIуэкIым.

Ахэр псори зы псалъэухакIэ къызэщIиубыдэу жиIащ Аллаху Тэгьалам:

«Махуэхэр {тетыгъуэр} цIыхум яхузэблыдохъу«. (Iал-Гьимран, 140).

Иджы апхуэдизу зызыхъуэж дунейм, зимыхъуэжынкIи Iэмал имыIэу Аллаху Тэгьалам зэтриухуам нэхъыфI дыдэу иIэ декIуэкIыкIэр – арэзыныгъэ, жахуаIэ хьэлыр тхэлъыфынращ е абы дыхущIэкъунращ.

Къэхъуу хъуам ехьэлIауэ цIыхур арэзы хъуфыныр икъукIэ хьэл гугъущ. Абы ипкъ иткIи, ар ткIийуэ Аллаху Тэгьалам къытпиубыдкъым, ауэ нэхъыфIым, нэхъ дахэм, нэхъ екIум хущIэкъум ар къилъыхъуэнущ, ар зыхилъхьэнущ.

Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Гьумэр лъапIэм жиIэт: «ФIыуэ щыIэр арэзыныгъэм пыщIащ. ПхузэфIэкIынумэ арэзыныгъэ сытым теухуауи зыхэгъэлъ, ар пхузэфIэмыкIынумэ шыIэныгъэ зыхэгъэлъ!».

ШыIэныгъэм и лъабжьэм цIыхур къеIэбыхмэ, Аллаху Тэгьалам и ухыныгъэм теухуауэ къэгубжьыным Iуэхур хуэкIуэнущ. Абы нэсмэ цIыхур хьэрэмым хыхьэнущ. Ауэ, шыIэныгъэм и щхьэм кIуэфмэ, мустэхьэб зыхужытIэ щытыкIэм хыхьэнущ.

Къэхъуам теухуауэ шыIэныгъэ щызыхэбгъэлъым деж, уэ уи гур зыхуэпщIауэ быдэу пIыгъыу аращ. Ауэ, арэзыныгъэ щыпхэлъым деж, уэ уи гур зэIупхауэ хуиту упсэууэ аращ. АбыкIэ ахэр зэщхьэщокI.

ЦIыхур Аллаху Тэгьалам къыритам, Абы къыхуигъэфэщам теухуауэ арэзыуэ щытымфэ, абы нэхъ цIыхуфIи, абы цIыху тынши, абы нэхъ насыпыфIи мы дунейм теткъым.

Уеблэмэ, абы нэхъ къулеи щыIэкъым. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Ерыскъыуэ Алыхьым къыпхуиухамкIэ арэзы хъуи, псом нэхърэ нэхъ къулей ухъунущ!«. (Тирмизий).

УщIэхъунури гурыIуэгъуэщ. Къулеягъэр мылъкум и куэдагъым елъытакъым, атIэ а мылъкур къызэрыбгурыIуэм елъытащ.

Сыт хуэдиз мылъку уимыIами абы уримыкъуу, и фIыщIи умыщIу, уи хьэлри нэхъ дахэ абы имыщIу, уи унагъуэми берычэтыр имылъу уекIуэкIмэ, ара къулей жыхуаIэр?!

Ауэ, яIэр мащIэми абыкIэ арэзыуэ, а мащIэр зэрагъэзахуэурэ IэфIу зышх унагъуэм нэхъ унагъуэфIи, нэхъ насыпыфIи, нэхъ хъуэпсэгъуи мы дунейм теткъым.

— Дауэ фыщыт? Дауэ фыхъурэ?-, жыпIэу унэгуащэ губзыгъэм зыхуэбгъазэмэ, сыт хуэдизу гугъу емыхьми, я Iуэхур фIыуэ жиIэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, утхьэусыхэмэ Iуэхур нэхъыфI хъукъым.

Ауэ, зи акъылыр жыжьэ нэмысым, — дауэ фыщыт?-, жыпIэныр икIэм номыгъэс щIыкIэ, и фIэщIыпс хъужу тхьэусыхафэу щыIэр къыббгъэдилъхьэнущ.

Япэрей щхьэгъусэм и тхьэусыхафэм насыпыншагъэр къызэришэм, иужьрейм и арэзыныгъэм насыпыр къызэрыдэк1уэм щыхьэт тохъуэ Ибрахьим عليه السلام и нысэу, Исмагьил عليه السلام и щхьэгъусэм  я хъыбарым щыгъуазэ ухъуа нэужь.

Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ гуэрым,- ЗыгуэркIэ сыпхуэупсэну сыхуейт-, жиIэу зы цIыху Iущ гуэрым щыжриIэм, — Укъулеймэ къыпIысхынщ, ауэ умыкъулеймэ, сыхуейкъым, — жиIащ. – Сыкъулейщ, мыхэр сиIэщ, мохэр сиIэщ, — жиIэурэ къырижэкIащ зыкъом. – НтIэ, а уиIэу жыхуэпIэм хуэдиз иджыри уиIэну уи нэ къыхуикIрэ?-, жиIэри еупщIащ. – НтIэ, дауикI!-, щыжиIэм, — Арамэ, нтIэ уэ укъулейкъыми, сэ къулейсызхэм зыри къеIысхыкъым, — жиIащ модрейм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ цIыхухэм я гъащIэр кIыфI щIэхъуари, псэкIэ сымаджэ куэди дыщIиIэри, арэзыныгъэ, жыхуэтIэ хьэлыр яхэлъкъыми аращ.

Псом хуэмыдэу арэзыныгъэр къызэрытхуэтыр наIуэ щыхъур зыгуэр щытхуэмыгуэш зэманхэм дежщ е зы гузэвэгъуэ гуэр къыщыхъуам дежщ.

ЦIыхур зэ фIейм хыхьа нэужь фIейр къыфIэмыIуэхужу мэхъу. Мис апхуэдэурэ еджэрэзэхыурэ, уеблэмэ, къекIуэкIыр хуэмышэчыжу зызыукIыж цIыху щыIэщ.

ЦIыхур абы нэсамэ унэхъури къэсэхыжауэ аращ. Абы и дунейр фIэкIуэдри, и Ахърэтри абы кIэлъигъэкIуэжащ.

Алыхьым гущIэгъу къытхуищI, и нэфIи къытщыхуэ! Алыхьыр арэзы тщIыуэ, дэри арэзы дыкъищIыжыну долъэIу!