Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

Гъэмахуэм хъейру къыдэкIуэр

Гъэмахуэ
02.07.2019
Просмотров 1 023

Муслъымэн жэмыхьэт! Зэман етхьэкIыр: жэщыр, махуэр; тхьэмахуэр, мазэр, илъэсыр; гъэмахуэр, щIымахуэр… ахэр псори Аллаху Тэгьалам и къарумрэ, и Iущыгъымрэ къэзыгъэлъагъуэщ.

Нобэ дызыхэт гъэмахуэ лъэхъэнэр, дыгъэм и гуащIагъыу нобэ зэхэтщIэр, дунейм и хуабагъыуи нобэ етхьэкIыр къызыбгъэдэкIыр икIи къэзыгъэщIар Аллаху Тэгьаларащ.

Аллаху Тэгьалам къигъэщIам уфIэкIыу е и лъабжьэм ущIэкIыу зы щIыпIи укIуэфынукъым. Арамэ, абы уфIэкIын е ущIэкIын Iуэху зомыхуэу, а фIэкIыпIэ зимыIэм нэхъ дахэу икIи нэхъ екIуу узэрыдекIуэкIын Iуэху зепхуэн хуейуэ аращ.

Хуабэр щхьэусыгъуэ хуохъури Аллаху Тэгьалам къигъэщIа, адэкIэ цIыху цIыкIум я акъылыр зыхуигъэкIуа куэдым дегупсысын щIыдодзэ, абы къыхэкIыуи фIыщIэ Алыхь Иным хуэтщIыну Iэмал дохуэ.

ФIыщIэ хуэфащэкъэ ди Тхьэшхуэм дыгъэм и хуабагъыр щабэ тщищIыну мыпхуэдиз щхъуэнтIагъэ къызэрытхуигъэщIам папщIэ?! Ди хъуреягъым псыежэхми, псы итми къыдитахэм папщIэ?! Ди псыхуэлIэр иридгъэкIыу псы щIыIэ къабзэмкIэ къызэрытхуэупсам папщIэ?! Гуапэу къытщIиху жьыбгъэ щабэм папщIэ?!

ФIыщIэ хуэфащэкъэ ди Тхьэшхуэм иджыпсту унэ кIуэцIхэм щIэт е машынэ кIуэцIхэм ит жьы щIыIэ къызэрыкI Iэмэпсымэхэм папщIэ?! Уеблэмэ, гъэмахуэ зэманым узэритыр пщигъэгъупщэжу апхуэдэщ абыхэм.

Абы теухуауэ Алыхь Иным фIыщIэ хуэщIыпхъэщ. Алыхьым фIыщIэ абы теухуауэ зэрыхуэтщIыну щIыкIэм ящыщщ: апхуэдэ Iэмал и унэм щIишэну е апхуэдэ Iэмэпсымэ зэрыт машинэ къищэхуну Iэмал зимыIэхэм защIэдгъэкъуэныр, дэ диIэмкIэ абыхэм дадэгуэшэныр.

Езы Алыхь Инми зэрыжиIауэ:

«Фахуэупсэ абыхэм фэ езым Алыхьыр къызэрыфхуэупса мылъкум щыщкIэ…». (Iэн-Нур, 33).

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум и хьэлыр гъэщIэгъуэнщ. ЩIэгъэщIэгъуэщIэнри е и щIэныгъэр мащIэщи аращ е ищIэ пэтрэ игъэзэщIэну хуейкъыми аращ. Мы дызыхэт зэманым теухуауи цIыхум а хьэл гъэщIэгъуэныр къыфIыдрехьей.

ЦIыхур сытми тозашэ, зэрыт щытыкIэм арэзы куэдрэ техъуэфкъым, щIымахуэр къихьэмэ «дунейр щIыIэщ» жеIэри мэтхьэусыхэ, гъэмахуэр къэсми «дунейр хуабэщ» жеIэри мэныкъуакъуэ.

Ауэ муслъымэн пэжым хэлъкъым апхуэдэ хьэл. АтIэ муслъымэн пэжым и хьэлыр нэгъуэщI лъэныкъуэ гуэркIэщ гъэщIэгъуэну къызэрыхэщыр.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Хьэлэмэтщ муIминым и Iуэхур! И Iуэхуу хъуар хъейр защIэу зэхэлъщ абы, муIминым нэмыщI нэгъуэщI зыгуэрми къехъулIэкъым ар: щIэгуфIэн гуэр къехъулIэмэ (Алыхьым) фIыщIэ хуещIри ар абы хъейр хуохъу, щIэнэщхъеин гуэр къеуалIэмэ шыIэныгъэ зыхелъхьэри ари абы хъейр хуохъу!«. (Муслим).

Муслъымэн пэжым и дежкIэ илъэс хъурейр зэманыфI защIэу зэхэлъщ. Дапщэщи псапэ къыщыпхуэхьынущ, дапщэщи сэбэп ухъуфынущ, дапщэщи уи лэжьыгъэ IэнатIэр екIуу къыпхуехьэлIэнущ.

Муслъымэныр дыгъэм и гуащIагъым е гъэмахуэм и хуабагъым ягъэшынэкъым, атIэ ар зыгъэшынэр Жэхьэнэмэ мафIэм и гуащIагъращ, абы и хуабагъращ.

КъурIэн тIэщIэлъым итщ дунейм и хуабагъым щхьэкIэ зи къалэнхэр къэзыгъанэхэм ятеухуауэ:

«ЯжеIэ: «Жэхьэнэмэ ма­фIэр нэхъ гуащIэжщ!» — къагурыIуэу щытмэ«. (Тэубэ, 81).

Аращи, дызэгупсысын хуейр нобэрей дыгъэм и гуащIагъракъым, атIэ а дыгъэр пщызыгъэгъупщэжыну, уеблэмэ, а дыгъэри зыхаутIыпщхьэжыну Жэхьэнэмэм и гуащIагъращ.

Дызэгупсысын хуейр иджыпсту мы зэман кIэщI къытхуаухам зытшыIэмэ икIи зытIыгъмэ адрей дунейм къыщытпэплъэ фIыгъуэращ, нэм игъащIэм имылъэгъуауэ, тхьэкIумэми зэикI зэхимыхауэ, уеблэмэ, уи нэгуи къыпхущIэмыгъэхьэну зэхэлъ Жэннэт дахэращ.

ЖеIэ Абуд-ДэрдаI, щэхьабий махуэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным: «Махуэм я нэхъ хуабэвэххым нэщI фIыгъ, цIыхухэр къыщагъэтэджыжыну Махуэм и хуабагъым ар хуэвгъэхьэзыру! Жэщым и кIыфIыгъэм фыхэту фщIы нэмэз тIысыгъуитI, кхъэм и мащэм щIэлъ кIыфIыгъэм ар хуэвгъэхьэзэру!».

И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! Алыхь Иным и Гьэршым и жьауэм фIэкIа жьауэ щыщымыIэну Махуэ шынагъуэм а жьауэм щIэтыныр насып зыхуэхъунухэм ящыщ Алыхьым дищI! Къемэт махуэм и хуабагъми, Жэхьэнэмэм и гуащIагъми, жэуапым и ткIиягъми дащихъумэну ди Тхьэшхуэм долъэIу!