езыгъэхьыжу, Езым ищIэмкIэ зыри къеупщIыжыну хуимытыр.
ХэIэтыкIащ ди Тхьэшхуэр сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми, хуэфащэщ сыт хуэдэ щытхъури. Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, хупщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм.
Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэуи лIыкIуэу ар къызэрытхуагъэкIуэжам.
Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ зи гугъу тщIыну Iуэхугъуэм куэдрэ игугъу тщIащ, мыбдеж мыхъуми нэгъуэщIыпIэхэми куэд абы теухуауэ зэхэтхащ, ауэ ара пэтрэ, ар зэхэдмыхам хуэдэу докIуэкI, дызэрылIэжынур тщIэ пэтрэ, дымылIэжын хуэдэу дызэрыпсэум ещхьу.
Мыр уз зэрыцIалэм хуэдэу тхэтщ, куэдми мащIэми дэтхэнэ зыми къытлъыIэсрэ, ди иманым, ди фIэщхъуныгъэм щыщ гуэр къыгуичу, ди псапэхэми, ахэр иджыри диIэмэ, фIыуэ хигъэщIу.
Зы гуп зэхуэсамэ, зыдэуэршэрыну зэхэтIысхьамэ, Iэмал имыIэу абдежым щымыс гуэрым и хьэл, и щытыкIэ, и зыщIыкIэ сытхэм теухуауэ зыгуэр къыхалъхьэн хуейуэ, зыгуэр ауан ящIын хуейуэ, щIэнэкIэн хуейуэ къащыхъуу хъуащ.
Ар хэмытмэ зэманыр яхуэмыгъакIуэу, бгым хуэдиз хьэлъэ ятелъу къащохъу, ауэ зыгуэрым и щIыбкIэ хуэпсэлъэн зэрыщIадзэу, псоми дэрэжэгъуэ ягъуэт.
Ар къызыхэкIыр сыт? Ар къызыхэкIыр, апхуэдизкIэ дызэIыхьащ, апхуэдизкIи дызэкIуэкIащи, гуэныхьыр тфIэфIу, абы дытригъэуу, ар длэжьмэ ди гур хэхъуэу дыхъуащи аращ.
Ауэ, гуэныхь къэдмыхьу, ди бзэм дыхуэсакъыжу, къабзэу дызэхэсмэ, абы и IэфIагъыр зэхэтщIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дызэкIуэкIащ, Iеймрэ фIымрэ тфIызэхэзэрыхьащ.
НэгъуэщI лъэныкъуи иIэфынущ дэ мыпхуэдэу дыщIызэхэтым: дэ дызэIыхьауэ аракъым, атIэ дымыхъуххауэ аращ, пхужыIэнущ. УзэIыхьэн ипэкIэ, ухъун, зы щIыпэ унэсын, зыгуэрым улъыIэсын хуейщ, зыгуэр пфIэкIуэдын папщIэ ар уиIэн хуейщ. Ауэ, сыт хуэдэуи щIы, мыхъуари, фари фIыкъым.
Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьым и Псалъэу тIэщIэлъ КъурIэным мы Iуэхугъуэм теухуауэ аятитI къыщокIуэри, ахэр зи фIэщ хъу муслъымэныр абы иужькIэ егъэлеяуэ зыхуэсакъыжын хуейщ.
Зыкъытхуегъазэ Тхьэшхуэ къытщхьэщытым: «Уэ, Iиман къэзыхьахэ! (Уэ, диныр зи фIэщ хъуахэ!). ЦIыхухэр зыр адрейм щIыремынакIэ (ауан иремыщI): модрейхэр езыхэм нэхърэ нэхъыфIу къыщIэкIынкIэ мэхъу! Бзылъхугъэхэри бзылъхугъэхэм щIремынакIэ (зым адрейр ауан иремыщI): модрейхэр езыхэм нэхърэ нэхъыфIу къыщIэкIынкIэ мэхъу! Фызэрымыгъэпуд, дзыи зэхуэвмыус. Iиман къэфхьа нэужь дзы зэхуэвусыныр икIагъэщ! Тобэ къэзымыхьыжхэми лей зэрахьэ!«.
АдэкIи пещэ ди Тхьэшхуэм: «Уэ, Iиман къэзыхьахэ! Гурыщхъуэ щIыным зыщывдзей. Гурыщхъуэм гуэныхь къыщыхэкI щыIэщ. ТIасхъэщIэхыу фызэхущымыт. НэщIыбагъкIэ фызэрымыуб. Фэ фщыщ гуэрым и къуэш лIамэ, абы и лыр игу техуэу ишхыжын? Фэ абы фыщомэхъашэ. Алыхьым фыщышынэ. Алыхьым къэзыгъэзэжыр ещтэ, ГущIэгъущIщ!«. (Сурэ Iэл-Хьуджурат, 11-12 аятхэр).
Аллаху Тэгьалам и псалъэр хущхъуэгъуэ тхуэмыхъужу дызэкIуэкIамэ е ар хущхъуэ тхуэхъун хуэдэу ди фIэщхъуныгъэр абы нэмысамэ, цIыхур ди щхьэ едвгъэлъыт, ди щхьэ едмыпэсыр, къыдапэсынуи тфIэмыфIыр нэгъуэщIым щIыхуэдгъэфэщэн щыIэкъым.
ГъэщIэгъуэнракъэ, апхуэдизу зи бзэгукIэ нэгъуэщIхэм я кIуэцIым итIыхьыр, нэгъуэщIхэр зи тегъэупэ зыщIыр, нэгъуэщIхэм ириудыхыурэ зызыIэтыну яужь итыр, нэгъуэщIхэм я цIэр, я щIыхьыр тегъэупIэ зыщIыр…. Апхуэдэм езым «мыпхуэдэр къыпхуэпсэлъащ, мыпхуэдэхэр къыпхужаIащ», жепIэмэ, IэлфIыцIэу къызэкIуэкIынущ, дунейм темыхуэжу къызэкIуэцIыкIынущ.
Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Езыр хуэпсалъэмэ хъууэ, модрейхэр къыхуэпсалъэ мыхъуу, езым дежкIэ мыгуэныхьу, модрейхэм дежкIэ гуэныхьу ара къыщIэгубжьыр? Гуэныхь къахь мыбыхэм, жиIэу къэгубжьу ара? Хьэмэрэ, и щхьэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъагъужу ара? Мис мы иужьрейращ абы и щхьэусыгъуэ дыдэр, пэжым дыхуеймэ.
— ТхьэмыщкIэр хэт?-жиIэри عليه الصلاة والسلام-ыр еупщIащ цIыхухэм, — ТхьэмыщкIэр, ар ахъшэншэ, мылъкуншэращ, — жаIащ.
— Сэ си Iуммэтым щыщу тхьэмыщкIэр, — жиIащ عليه السلاة والسلام-ым, — нэмэзи ищIауэ, нэщIи исауэ, сэджыти итауэ, ауэ мыпхуэдэм Iей ирипэсауэ, мопхуэдэм и щIыхькIэ хуэпсэлъауэ, модрейм и мылъкур фIишхауэ, адрейм и лъыр игъэжауэ, модрейм удын тыридзауэ Къемэт махуэм екIуэлIэжынуращ.
АдэкIи пещэ عليه السلاة والسلام-ым: «Апхуэдэм и псапэр Iахыурэ модрейхэм иратынущ, и щIыхуэр имыпшыныжурэ и псапэр иухмэ, модрейхэм я гуэныхьыр къытрахынурэ, мыбы къытрадзэнурэ, иужькIэ МафIэм хадзэнущ!«, — жиIащ صلى الله عليه وسلم. (Муслим).
Мис апхуэдэ насыпыншагъэ ди щхьэ къыримыкIуэн, апхуэдэ тхьэмыщкIагъи пщэдей дыхэмыхуэн папщIэщ ар къыщIыджиIэр ди Бегъымбар лъапIэми, صلى الله عليه وسلم-м, дызыхуэвгъэсакъыж, ди бзэм дыхуивгъэтыж, ди къуэш муслъымэнхэм ди гури, ди бзэри яхуэкъабзэу дывгъэпсэу! Ар зэхъулIэни Алыхьым дищI!