Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

35. Уэрамыщхьэм фыз къыщызылъыхъуэхэр

11.06.2019
Просмотров 592

ФIыщIэ Алыхьым худощI дыкъэзыгъэщIам, динкIэ къытхуэупсам, дымыщIэр къыдэзыгъэщIам, дызыхуэныкъуэ псомкIи къытхуэупсам.

Дытохъуэ щыхьэт Абы и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, и къалэныр нэгъэсауэ зэригъэзэщIам, анэмэтэу и пщэ къыдалъхьам зэрыхуэпэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дуней дызытетыр къатщтэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи гъэпсауэ, зы хабзэ гуэрми тещIыхьауэ Аллаху Тэгьалам зэтриухуащ, дунейм и кIуэцIкIэ цIыхухэм къырагъэкIуэкIын хуей Iуэхухэри зэрызэтраухуэну хабзэхэри унафэу къахуригъэхыжащ.

ДевгъэдаIуэт мы аят телъыджэхэм: «Алыхьращ нэм къимыщтэ щIэгъэкъуэнкIэ уафэхэр зыIэ­тар. ИтIанэ ГIэршым и тепщэ зищIри, дыгъэмрэ мазэмрэ игъэIурыщIащ: псори я пIа­лъэр къэсыху зекIуэнущ. Къи­гъэщIа псори Езым зэрегъа­кIуэ, нэщэнэхэр зэпкърыхауэ къегъэув, фи Тхьэм и пащхьэ фызэрихьэжынур фи фIэщ хъун щхьэкIэ»

АдэкIи пещэ: «Езыращ щIыр зыубгъуари, абы къурш лъэ быдэхэр хэ­зыгъэувари, псыхъуэхэр [ще­зыгъэжэхари], дэтхэнэ къэ­кIыгъэми [и гъэгъар] зэщхьэгъусэу къэзыгъэщIари. Абы махуэр жэщым­кIэ щIеуфэ. Ар цIыху гупсысэхэм я дежкIэ нэщэнэщ». (Iэр-Рэгьд,3-4).

Зи бзэ мыпсалъэ псэущхьэхэр, адэкIэ къэкIыгъэхэр, адэкIэ щIым хэлъхэр, уафэм хэтхэр… мыхэм акъылрэ, гупсысэрэк1э Аллаху Тэгьалар къазэрыхуэмыупсам къыхэкIкIэ, езыхэм зэрагъэзэхуэжын хуейуэ къалэн гуэри я пщэм дилъхьакъым, атIэ я Iуэхур гъэпсауэ хабзэ къыхуагъэувам тету, абы фIэкIыну хуимыту йокIуэкI.

Ауэ, цIыхум акъыл къызэрыритам къыхэкIыу езым зэригъэзэхуэжыну Iуэху куэд къыхуигъэнащ, хузэмыгъэзэхуэнухэр гъэзэщIэн фIэкIа хуэмейуэ хьэзыру дину къыритыжащ, языныкъуэ Iуэхугъуэхэр акъылкIи къыбгурыIуэ пэтрэ, динми иджыри зэ абы тыригъэчыныхьыжащ.

Мис апхуэдэу, акъылкIи къыбгурыIуэу, динми гулъытэншэу къимыгъэна Iуэхугъуэхэм ящыщщ: цIыхум щхьэгъусэ къызэрилъыхъуэну, унагъуэ хъужын папщIэ Iэмалу къигъэсэбэпынухэр. 

Мыбы теухуауэ цIыху гъэсахэм есауэ хабзэ дахэ гуэрхэр къадокIуэкI, ауэ цIыхухэм яхэту емысахэм езыхэм къырагъэкIу хьэдэгъуэдахэ гуэрхэр хабзэ ящIыну яужь итщ.

Хабзэ дахэу диным игъэдурысыр сыт мыбы теухуауэ жыпIэмэ: къэзышэну мурад зыщIам и ныбжьэгъу, и Iыхьлэгъу, и кIуэгъужэгъухэр чэнджэщэгъу ищIынращ, и мурадыр ябгъэдилъхьэу яхузэфIэкIэнур зыдынэсыр къищIэнращ.

Абы тету, апхуэдиз цIыху бжыгъэм къащIэфын хуейщ хэт и унагъуэ сыт хуэдизкIэ а Iуэхум хуэщIами, дэкIуэным хуэхьэзыр хъуауэ хэт шыпхъу иIэми, хэт пхъу иIэми. Псом хуэмыдэу мыбыкIэ дэлэл нэхъ пхуэхъуфынур уи Iыхьлы уи благъэ цIыхубзхэращ.

АдэкIэ, мыр щыIэщ, мор щыIэщ, жаIэу зыгуэр къыпхуагъэлъагъуэмэ  е и хъыбар уагъэщIамэ: «КIуэи зэ еплъ абы!»,-  къыбжеIэ Бегъымбар лъапIэм, صلى الله عليه وسلم.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэм деж езы цIыхубзым укъимыщIэу уеплъынращ нэхъыфIыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыгуэркIэ гурыхь пщымыхъумэ езым и жагъуэ умыщIу Iуэхум укъыхэкIыжыфынущ, итIанэ узэреплъыр е узэреплъынур къэзыщIа цIыхубзым и зыщIыкIэнур нэгъуэщIынущи ущигъэуэнкIэ хъунущ.

АдэкIэ, теплъэмрэ еплъымрэ я Iуэхур зэфIэкIамэ, иджы нэхъ гъунэгъуу къэсцIыхунщ, сэри закъезгъэцIыхунщ, жыпIэмэ, уэ езыр занщIэу бзылъхугъэр зейхэм хабзэншэу уабгъэдэмыхьэу, Iуэхур лъэпкъым щыщ нэхъыжьхэм ябгъэдэплъхьэу, адэкIэ ахэм Iуэхур зэблагъэкIынращ диным нэхъ екIури, цIыху гъэсахэр нэхъ зытетри.

Иджы адрей бгъэдыхьэкIэ зиIэхэм я гугъу тщIынщ: ар а псор зэзымыгъэзахуэу, уэрамым блэкIыу илъагъум яжьэдэплъэу, зэрызурэ яIурыупщIыхьу дэт цIыху хабзэншэ-нэмысыншэхэращ.

Апхуэдэм къебгъэшэну зэрыхуэмыфащэр, и хьэлкIи и акъылкIи  абы зэрыхуэмыхьэзырыр и IуэхущIафэмкIэ къегъэлъагъуэ.

Ар сыт хуэдэ дин, ар сыт хуэдэ хабзэ муслъымэнхэм япхъухэм, я шыпхъухэм, я щхьэгъусэхэм уаIурыплъыхьу, уажьэдэплъэу уэрамым удэтыныр, абы иужькIэ «уажьэхэпщхьэрэ», «удэкIуа, удэкIуэну?». – жыпIэу уэрамыщхьэм цIыхубз хамэм ущеупщIыныр?!

Мыр хьэдэгъуэдахэ дыдэу къыщекIуэкI хъуащ ди дежкIэ. НэщI иса хьэ мэжэлIам хуэдэу цIыхубз къэзылъыхъуэу хьэблэм дэтхэр, уэрамым тетхэр, цIыху зэблэкIыпIэхэм щызэхэзеуэхэр игъащIэм щымыIауэ нобэ куэд хъуащ.

Мыр диным пэжыжьэхэм къырагъэкIуэкIыу щытамэ иджыри зыгуэрт, апхуэдиз мыхьэнэи мыбы еттынутэкъым, ауэ «дин зыдохьэ, нэмэз дощI, дохъу-дощIэ» жызыIэхэращ мыбыкIэ ерыщыр.

Ауэ мыр диным къыхахауэ, я диным къажыриIэу ящIэ Iуэхугъуэкъым, атIэ къызыхахыр я диныншагъэ, я хьэлыншагъэ, я щIэныгъэншагъэращ.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! ДолъэIу Алыхь Закъуэм ди гури ди лъэри быдэу диным тыриIыгъэну, гъуэгу захуэми дытримышыну, цIыхуфIхэми дахэту ди гъащIэр дигъэхьыну!