Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

34. УкIытэн хьэлыр

11.06.2019
Просмотров 554

Муслъымэн жэмыгьэт! Шэч къытедмыхьэжу къыдгурыIуэн хуей Iуэхугъуэхэм ящыщщ: цIыхум и гум илъ фIэщхъуныгъэмрэ и IэпкълъэпкъкIэ дэплъагъу лэжьыгъэмрэ зэрызэпхар, зыр адрейм и гъуджэу зэрыщытыр.

Лэжьыгъэм щыщу къыхэдгъэщыну дызыхуейр цIыхум и хьэл-щэнращи, ди диныр къызэрытфIэIуэхури, абы дызэрыхуэпэжри, абы дызэрыбгъэдэтри, абы пщIэ хуэтщIри утыку Iуэху къэзыщIыр ди хьэлращ.

Хьэл-щэн дахэр Iэджэуи зэмылIэужьыгъуэу зэхэтщ, Iэджэ лъэныкъуэкIи цIыхум къыхощ, ауэ псоми лъабжьэ яхуэхъужу, уеблэмэ псоми, таж  яхуэхъуу щытыр – укIытэн хьэлращ.

ЦIыхур КъэзыгъэщIам щыукIытэу, Абы къигъэщIахэми ящыукIытэу, уеблэмэ, и щхьэ щыукIытэжу щытмэ – ар цIыху щытыкIэм итщ, уеблэмэ, щытыкIэм я нэхъыфIым икIи я нэхъ дахэм итщ.

ЦIыхум мыхъумыщIагъэ илэжьыну игу къэкIрэ, абы теукIытыхьыжрэ къызэтеувыIэжмэ е зыгуэр къыIэщIэщIэрэ, къыIэщIэщIам теухуауэ укIытэжмэ – абы гу къабзэ иIэу, лъы къабзэ щIэту аращ.

Армырауэ, мыхъумыщIагъэ ищIэн е жиIэн теухуауэ укIытэм цIыхур къызэтримыгъэувыIэмэ е ар жиIа е ищIа нэужь абы темыукIытыхьыжмэ, абы щхьэкIи и нэгум зыкIи зимыхъуэжмэ, и напIэри иримыхьэхыу цIыхум яхэплъэфмэ – ар хъерыншэ, хъерсыз хъуауэ аращ.  

ЦIыхум укIытэр фIэкIуэдмэ, еджэрэзэх зэпыту и гъащIэр ихьынущ, зы Iейм нэхърэ нэхъ Iеиж гуэр махуэ къэс уигъэлъэгъунущ, зым адрейр къыуигъэщтэжу икIи укъигъэщтэжу уи гъащIэр уигъэхьынущ.

Гьумэру, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, жиIауэ къаIуэтэж: «УкIытэ зыхэлъым лъэныкъуэ зыригъэзынущ, утыкум къиувэу мыхъумыщIэ илэжьынукъым».

ЦIыхур унэхъунумэ япэ дыдэ фIэкIуэдыр укIытэращ, жаIэ. УкIытэр фIэкIуэда нэужь, цIыхухэм къалъагъу мыхъуу мэхъу ар. Апхуэдэу щыхъуам и деж, езыми цIыхухэр илъагъу мыхъуу, зыгуэркIэ зэран хъуну хуейуэ, зыгуэрым зыгуэр ирищIэну къилъыхъуэу мэхъу, гущIэгъур и гум ирах, пхъашагъэр и хьэлым къыхохьэ, быдагъэр и гум къохьэ. Апхуэдэурэ, еджэрэзэхыурэ шейтIаным и хьэлым къызэрыкIэрыху щымыIэу мэхъури мэунэхъупэ. Алыхьым апхуэдэ кIэухым дыщихъумэ!

ЦIыхум и фIэщыхъуныгъэмрэ, укIытэ хьэлымрэ зэрызэпхар езы Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и хьэдисым занщIэу къыхощ. «УмыукIытэ, мы хьэлыр зыхэн», — жиIэурэ укIытэх гуэрым зыгуэр ешхыдэу ирихьэлIат Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэри : «КIэрыкI  абы,  укIытэр  Iиманым  щыщщ», — жыриIат. (Бухъарий, Муслим).

Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч лъэпкъ хэмылъу нэхъыбэ дыдэу дызыщыукIытэн хуейр дыкъэзыгъэщIа ди Тхьэшхуэращ.

Алыхьышхуэм теухуауэ дыукIытэн щIыхуейр мыхъумыщIэ длэжьыну дигу къыщыкIам деж и закъуэкъым, атIэ, уеблэмэ, фIы щыдлэжьым и дежи, Абы и хьэкъыр нэгъэсауэ зэрыдмыгъэзащIэм, Абы и фIыщIэр ирикъуауэ зэрыдмыщIым теухуауэ дыукIытэн хуейщ.

Ауэ, апхуэдэ щытыкIэ лъагэм дынэмысыфми, гуэныхь теухуауэ дыукIытэу зедвгъэгъасэ. Зы щIэныгъэлI зэрыжиIауэ: «Алыхь Талэм къарууэ  бгъэдэлъым елъытауэ  щышынэ, ар къызэрыппэгъунэгъум  елъытауи  щыукIытэ!».

Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэикI хуэмыдэжу мы хьэлыр ди хьэлхэм яхэкIуэту щIидзащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iэмэпсымэ куэд къежьащ укIытэн хуэмеижу цIыхум къащигъэхъуу.

Куэдым къафIощI, уи цIэр пхъуэжрэ интернетым укъитIысхьэмэ, сытри птхы хъуну, нэхъыжьми, щIэныгъэлIми, пщIэ зиIэ цIыхуми сыт хуэдэ щIыкIэкIи зыхуэбгъазэ хъуну.

Ар апхуэдэу щIыщытыр, укIытэр зиIысыр ящIэкъым аращ а гупым, Аллаху Тэгьалам щыукIытэхэкъым, Абы и мелыIычу къащхьэщысхэми щыукIытэхэкъыми аращ.

 УкIытэ лIэужьыгъуэу  щыIэм я нэхъыщхьэхэм ящыщщ:  цIыхубзым  и зыхуэпэкIэкIэ, и  псэлъэкIэкIэ, и зыщIыкIэкIэ  зыхуэсакъыжыныр. Зыми хуэмыдэжу, цIыхубзым укIытэр хэлъын хуейщ.

Тхыдэм къыхощыж мы хъыбарыр: зы анэ гуэрым и быныр хьэдэ гурышэу къыхудашэжати, абы щхьэкIэ къэмынэу и зыхуэпэкIэкIи, и псэлъэкIэкIи бгъэщIэгъуэну зиIыгът цIыхубзым.

Ар ягъэщIагъуэу «Апхуэдэу дауэ зыпIыгъыф?-, жаIэу зыкъыщыхуагъазэм: «Cи быныр сфIэкIуэдами, укIытэр сфIэкIуэдакъым сэ»-, жиIэфат а цIыхубз губзыгъэм. 

Мис ар щапхъэ хурехъу дэтхэнэ цIыхубзми, дэтхэнэ анэми, дэтхэнэ шыпхъуми!  

Апхуэдэ анэхаращ, апхуэдэ шыпхъухэращ цIыхухэм ящымыгъупщэжу  я гум къинэр, хэмыгъуэщэжуи тхыдэм къыхэнэр, щапхъэу ягъэлъагъуэуи къырахьэкIыр!

Адрейхэу, зи пщIэр зыщэжахэм, зи укIытэр унэм къыщIэзынэу уэрамым къыдыхьахэм яужь къыранэр Алыхьым  нэлатырщ, цIыхуфIхэм я шхыдэрщ.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, жытIар нэгъэсауэ, ирикъуауэ зыхэзылъхьэни Алыхьым куэду къытхигъэкI!