Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

27. Нэр хьэкъщ

11.06.2019
Просмотров 573

ФIыщIэр Алыхьым ейщ, псори зыщIэм, псоми щыгъуазэм, КъурIэн лъапIэри гъуазэу къытхуезыгъэхам, уазкIэрэ-дерскIэрэ гъэнщIар.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхьышхуэм и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм. Дыгугъэу абыкIэ дыкъелыну, Къемэт махуэми и сэбэп къыдэкIыжыну.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэуи лIыкIуэу къызэрытхуагъэкIуэжам, КъурIэныр зэпкърызыхыж Суннэри къытхуэзыхьам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ислъам диным зэхэлъыкIэ дахэ иIэщ. Зы лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, фIы уигъэлэжьыну, псапэ къыуигъэхьыну, сэбэп уигъэхъуну укъыхуреджэ, ауэ абы игъусэу, уи зэран цIыхум йомыгъэкIыну, я гуэныхь къомыхьыну укъыхуреджэ.

Зэран хъукIэри Iэджэуи зэхедз. Языныкъуэхэр нэрылъагъу дыдэу щытщ, зи гум иман илъым ар ищIэнуи къыригъэзэгъынукъым, модрей муслъымэнхэми блэжьу ар къыпхуадэнукъым, ауэ языныкъуэхэр гъэпщкIуауэ, щэхуу щытщ, цIыхум езым и гур иманкIэ мыгъэнщIамэ, тхьэшынагъэм и пэжыпIэр зэхимыщIамэ цIыхур къэмыувыIэну.

Мис апхуэдэ зэран хъукIэм щыщщ – нэ цIыхум тегъэхуэныр. «Нэ техуэныр хьэкъыу щыIэщ, Къэдрми (Алыхьым и ухыныгъэм) зыгуэр япэ ищу щытамэ, нэр япэ ищынт!«, — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Муслим).

Уеблэмэ, нэгъуэщI хьэдисым къыхощ, нэм цIыхур щилIыкIи къэхъуу, псэущхьэри къытехуэрэ фIагъэжын хуей хъууэ. «Нэм лIыр мащэм щIехуэ, махъшэр шыуаным ирелъхьэ!«-, жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم. (Абу Нугьейм, «Iэл-Хьил-е». Хьэдисыр-хьэсэнщ).

Сыт хуэдэу цIыхум, е псэущхьэм, е хьэпшыпым нэ зэрытехуэр?

ЦIыхум зыгуэр и нэм къыфIэнэрэ, а къыфIэнам игъэщIагъуэу еплъмэ, щеплъкIи фыгъуэ гуэр хэлъу еплъмэ – апхуэдэ еплъыкIэм зэран къыхэкIыу Алыхьым иухащ, апхуэдэу зэтриухуащ, дауикI модрей зэплъар зэраныр къылъыIэсыфын хуэдэу, зэIухауэ щытмэ.

Нэр зэрыхьэкъым щыхьэт техъуэу япэм куэд къэхъуауэ тхыдэм къыхощыж, нобэми абы и щапхъэхэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдщ, уеблэмэ, тхылъ щхьэхуэхэр зытха щIэныгъэлI щыIэщ нэм теухуауэ.

Арамэ, ди щхьэкIи дызыхуэвгъэсакъыж, къыдбгъэдэт муслъымэнхэми дахуэвгъэсакъ. Ди щхьэр дывгъэхъумэж, нэгъуэщIхэми зэран дахуэвмыгъэхъу!

Нэм щыхъума дыхъуну дыхуеймэ – нэри, а нэр зейри къэзыгъэщIыжа Аллаху Тэгьалам ди гур епхауэ, ди лъэIур хуэгъэзауэ, дызэрыхуэныкъуэр къыддищIэу, и тепщэныгъэм дыщыгугъыу дыщытын хуейщ.

Пщэдджыжьым дыкъэушамэ дугьэхэм дыкъеджэу, унэм дыкъыщIэкIами зэджапхъэм деджэу, машынэм дитIысхьами апхуэдэу, адэкIэ унэм дыщIыхьэжми дугьэ жытIэу, лэгъунэм дыщIыхьэжми зэджапхъэм деджэу.

НэгъуэщIу жыпIэмэ, сы щыгъуи ди гур Алыхьым пыщIамэ, Алыхьым гулъытэншэу дыкъигъэнкIэ Iэмал иIэкъым.

﴿ وَمَنْ يَتَوَكَّلْ عَلَى اللهِ فَهُوَ حَسْبُهُ ﴾

«Алыхьым щыгугъыр хурикъунщ!«, — жеIэ Алыхь Закъуэм. (ТIэлакъ, 3).

АдэкIэ, сабийхэм яхуэсакъын хуейщ мы Iуэхум теухуауэ. Ди Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم и пхъурылъху цIыкIуитIым, Хьэсэнрэ Хьусейнрэ дугьэ къахуеджэу щытащ, нэм щыхъумахэ хъун папщIэ.

Нэм щыхъума узыщIхэм ящыщщ, Аллаху Тэгьалам къыуитар псоми я нэм къыщIэуу удэмытыныр, нэ техуэнкIэ хъуну утешыныхьмэ, Iэмал зэриIэкIэ, бзыщIауэ щытыныр.

КъурIэным къыщокIуэ Егькъуб عليه السلام-ым езымрэ и къуэхэмрэ я хъыбарыр. Ахэр гъуэгуанэ щытригъэхьэм, зыдэкIуэм нэса нэужь зы куэбжэкIэ псори зэгъусэу дэмыхьэну яжриIат. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы и щхьэусыгъуэр, мо зэкъуэш пщыкIузыр зэкIужу зэгъусэу къалъагъумэ, нэ къатехуэнкIэ тешыныхьу арат Егькъуб عليه السلام-ыр.

Гьусман رضي الله عنه къыбгъэдэкIауэ къаIуэтэж, теплъэ дахэ зиIэ сабий илъэгъуати, зейхэм яжриIауэ щытауэ: «И жьэпкъ цIыкIум фIыцIагъэ гуэр щыфхуэ!». Сабийм еплъым и нэр дахагъым занщIэу тримыубыдэ икIи имыубыду, а фIыцIагъэм тIэкIу тригъэгупсысыкIын папщIэ.

МыдэкIэ, яхуэмыубыду мы уэрамым дэт цIыхубзхэм, инстаграммым е нэгъуэщIхэм зэрыщытуи зэрыщымытуи защIу зи сурэтхэр къизыгъэувэхэм яжеIэпхъэщ: Алыхьым фыщымышынэми, нэм фыщышыни, зыфхуапэ, зыфхъумэж!

КъинэмыщIауи  мыр къыхэгъэщыпхъэщ: дгъэщIагъуэу, дигу ирихьу зыгуэр тлъэгъуамэ «Ма ша Аллаху, ла къууэтэ Iилла биллях!», — жытIэу зедгъэсэн хуейщ. Имам Малик зэрыжиIэмэкIэ, цIыхур и унэм щыщIыхьэжым дежи жиIэн хуейщ а псалъэхэр.

Нэ темыхуэу къонэ цIыхум зыгуэр игъэщIагъуэмэ, — Я-Алыхь, уи берычэтыр мыбы хэлъхьэ е бгъэдэлъхьэ!-, жиIэмэ. Ари хьэдисым къыщокIуэ.

Апхуэдэ дыдэуи хуэсакъыпхъэщ мыбы: цIыхум ягъэщIэгъуэн хуэдэу зыгуэр щыжыпIэжым и деж е зыгуэрым ущытепсэлъыхьым и деж хуэсакъ, уэ уи зэранкIэ а узытепсэлъыхьым нэ трагъэхуэнкIэ хъунущ.

НэгъуэщIым нэ тепгъэхуэнкIэ зэрыхъунум хуэдэу, уэ уи бын дыдэм, е уи унэм, е хьэпшып гуэрым уэ езы дыдэм нэ тебгъэхуэжынкIэ хъунущ. Уеблэмэ, уэ езым нэ зытебгъэхуэжынкIэ хъунущ.

Абы къикIращи, нэм теухуауэ зыгуэр бгъэкъуэншэн ипэ уэ узэгупсысыжын хуейщ. ИкIи, мыбдежым щылъкъым, «мобы нэ къыстригъэхуащ» жыпIэу зыгуэрым и цIэр къыхэбгъэщыныр. Абы гуэныхь къырипхьынкIэ бетэмалщ.

Мы Iуэхум теухуауэ гумызагъэ цIыху щыIэщ, сыт щыгъуи гурыщхъуэ ищIу, и Iуэхуу мыхъуу хъуар нэм хуихьу, псори игъэкъуаншу. Ар егъэлеиныгъэм щыщщ. Нэр хьэкъщ жаIамэ, мыхъуу хъуар нэм телъхьэ, къыбжаIауэ аракъым.

Аллаху Тэгьалам и сэбэп къыдигъэкI зэхэтхам! ДолъэIу Алыхь Иным ди щхьэкIи, ди унагъуэкIи, ди мылъкукIи дыкъихъумэну, нэгъуэщIхэми ди щхьэми зэран дыхуэмыхъуу дигъэпсэуну!