Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

22. КъытхуащIэр тщымыгъупщэу!

10.06.2019
Просмотров 553

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI, уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIам, нэхури кIыфIри щыIэу зыщIам, цIыхур щIым къыхэзыгъэщIыкIам, иужькIэ псэ къыхэзыпщэжам, гъащIэ пыухыкIаи къезытыжам!

Щыхьэт дытохъуэ Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу Абы зэримыIэм, пэрыуэгъуи зэрыщымыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм, صلى الله عليه وسلم, и бегъымбарыгъэм, иужь дыдэу лIыкIуэуи къызэрытхуагъэкIуэжам, иужь дыдэ Тхылъри къызэрытхуихьыжам, къалэнри нэгъэсауэ зэригъэзэщIам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьала-ДыкъэзыгъэщIам дыщывгъэшыни и жыIэм дытевгъэт, къытхуищIа фIыгъуэм я фIыщIэ дывгъэщI! ФIыщIэ зыщIым иIэр хуагъэбэгъуэну, фIыщIэ зымыщIым иIэр IэщIахыжыну къелэжь!

ЦIыхум и насыпыншагъэм щыщщ: Аллаху Тэгьалам къыхуищIахэр щыгъупщэжыныр, абыхэм есэжу я фIыщIэ имыщIыжу дэувэжыныр.

ЦIыхум и насыпым щыщщ: Аллаху Тэгьалам къыхуищIэхэр и гум илъыныр, ахэр игум имыхуныр, абыхэм я гугъу ищIыныр, я фIыщIэ ищIыныр.

Насыпым щыщщ: цIыхум и Iуэхур щыхъум и дежи, щымыхъум и дежи, щытыншым и дежи, щыгугъум и дежи, Iуэху гуэрым щыпэрытым дежи, Iуэхум нэхъ къыщыдэхуэм дежи, и щIалэгъуэми, и лIы хъугъуэми, и жьы хъугъуэми… сыт щыгъуи Аллаху Тэгьалам къыхуищIахэр щымыгъупщэныр.

Аллаху Тэгьалам и фIыгъуэхэм цIыхур сыт щыгъуи къаухъуреихь, цIыхур сыт щыгъуи абыхэм я курыкупсэм хэтщ. ИкIи цIыхур зыблэкIамрэ, и щхьэм къырикIуамрэ, Аллаху Тэгьалам ар къызыхихамрэ, къызэрырихамрэ игу къэкIыжу щытмэ, ахэм я фIыщIэ ищIынущ, фIыщIэ ищIыхукIи Алыхьым къыхуищIэр нэхъыбэж хъунущ.

ЖеIэ Алыхь Иным:

﴿ لَئِنْ شَكَرْتُمْ لأزِيدَنَّكُمْ وَلَئِنْ كَفَرْتُمْ إِنَّ عَذَابِي لَشَدِيدٌ ﴾

«ФIыщIэ фщIымэ нэхъыбэжу ныщIызгъуэнущ, фIыщIэ фымыщIрэ: си гьэзабыр гуащIэнущ!«. (Ибрахьим, 7).

 

ЦIыхум зэзэмызэ зыри имылъагъужу мэхъу, иджыпсту зэрыхуа утыкум дэгурэ-нэфрэ ещI, езым зыри имыIэу, адрейхэм псори яIэу къыщыхъуу мэхъу. Ар цIыхум и хьэл нэхъ Iушэ дыдэхэм ящыщщ: иужь дыдэу зэрыхуа утыкум зэрытауэ хъуар утыкухэр щигъэгъупщэжыныр.

Хьэдисым къыхощ, а хьэлыр цIыхубзхэм нэхъ яхэлъу, цIыхухъум къыхуищIэм-къыхуищIэурэ зэ закъуэ къыхуимыщIэжамэ, игъащIэм зыри къыхуимыщIауэ, жиIэу гъыуэ-бжэуэ къызэрытIысыр.

Апхуэдэу цIыхубзыр фIыщIэмыщIу зэрыщытым папщIэ, Жэхьэнэмэри къилэжьу къыхощ хьэдисым. Нобэ цIыхухъухэм ящыщ куэдри цIыхубзхэм къакIэрыхукъым абы теухуауэ.

ЦIыхум къыпхуищIэурэ къыпхуимыщIэжыф хъуами абы щхьэкIэ и фIыщIэр бгъэкIуэд, адрей къыпхуищIахэр абы щхьэкIэ зыщыбгъэгъупщэ мыхъунумэ, къытхуищIэр зэи зэпымыч Тхьэшхуэм теухуауэ ди фIыщIэр къэувыIэ хъуххэнукъым, цIыху цIыкIум хуэдмыгъэфащэри ди Тхьэшхуэм хуэдгъэфэщэнкIи Iэмал иIэкъым.

Нэхъыбэ дыдэу цIыхум фIыщIэ имыщIыжу щIэхъур, фIыгъуэм йосэжри зэхимыщIэжу, ар фIыгъуэуи къыщымыхъужу мэхъури аращ. Ауэ муслъымэн губзыгъэм, къабзэу зи Тхьэшхуэм бгъэдэтым апхуэдэ ищIэнкIи, къыхуащIэм есэжу и фIыщIэ имыщIыжу хъункIи, абы нэхъ Iеижращи, зыгуэр къыхуащIэн хуейуэ игъэувыжынкIи Iэмал иIэкъым.

Алыхьым пэжыжьэ цIыхум и Iуэхур щыхъум деж, зыхуейри щигъуэтым деж ар къызыбгъэдэкIамрэ, ар къыздикIамрэ имыщIэу, и фIыщIи имыщIу йокIуэкI, ауэ и Iуэхур мыхъун зэрыщIидзэу Алыхьым и деж нэмысын псалъэхэр къызэжьэдидзу мэхъу.

И Iуэхур щыхъум Алыхьыр щыIэуи щымыIэуи игу къэмыкIыжу щытащ, и Iуэхур щымыхъужым «Алыхьыр зыдэщыIэр дэнэ?»-, жиIэу къыдэувэжащ. Алыхьыр а здэщыIам щыIэщ зы щIыпIи кIуакъым, ауэ уэ уздэщыIар дэнэ уи Iуэхур щыфIым щыгъуэ?!

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам фIыщIэ щIыхуэщIыпхъэ защIэщ ихъуреягъым мы тлъагъур. ДыкъызэригъэщIар аращ, мы дунейм дыкъызэрытригъэхьар аращ, псори цIыхум хуэлажьэу зэрищIар, уафэм къехри, щIым къыхэкIри, хым къыхахри… псори цIыхум теухуауэ зэрызэтриухуар.

Жэщыр, махуэр зэрыщыIэр; махуэм лэжьэфу, жэщым зигъэпсэхужыфу зэрищIар; ерыскъыр пэрыхьэту къызэрыдитыр, узыншагъэкIэ къызэрытхуэупсэр, нэгъуэщIхэри, нэгъуэщIхэри.

Пщэдджыжьым укъэушамэ дунейр мамыру, укъыщIэкIамэ «къэзгъэзэжыну пIэрэ?» жыпIэу умыгузавэу, адэкIэ лэжьапIэ IэнатIэр гупсэхуу къепхьэлIэу, пщыхьэщхьэм уи быным уахыхьэжрэ уадэгуфIэу уахэсу…. Ахэр фIыщIэ иныр Алыхь Иным щIыхуэщIын щхьэусыгъуэщ. ДымыщIмэ Алыхьым тIэщIихыжынкIэ шынагъэ щыIэщ.

АдэкIэ, мы дин дахэм ди гур къызэрызэхуIуихар, нэмэзым дызэрытригъэувар, КъурIэныр тIэщIэлъу дызэрищIар, Ахърэтым дыкъызэрелыну Iэмалхэм дегупсысыфу дызэрищIар…. Ахэр псори фIыгъуэщ, я фIыщIэ щIыни хуейщ.

Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI нобэ зэхэтхам! ФIыгъуэр куэду зыхуащIу абы и фIыщIэр зыщIыфын, зэрищIам папщIи нэхъыбэжу зыхуэупсэн цIыху Алыхьым дищI! КъыхуащIэр зыщыгъупщэу, абы и фIыщIэр зымыщIу гьэзабкIэ ар зыхуахъуэжынухэм ящыщ Алыхьым димыщIкIэ!