Язык сайта

Адыгэбзэ  Русский

14. Зи дунейр дахэм и Ахърэтри дахэнущ

10.06.2019
Просмотров 587

ФIыщIэ Алыхьым худощI, ДыкъэзыгъэщIам, динымкIэ къытхуэупсам, езы динри зехьэгъуафIэ зыщIам.

Дытохъуэ щыхьэт Алыхьым и закъуэныгъэм, хуэпщылIыныгъэ теухуауэ Iыхьэгъу зэримыIэм.

Щыхьэт дытохъуэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, цIыхубэм къахуэупсэжу иужь дыдэу Алыхь Иным ар къызэригъэкIуэжам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы диныр Алыхьым къыщIыдитар зэхущытыкIэхэр игъэпсын, зы хабзэ дахэ гуэрым ар тыригъэхьэн папщIэщ.

Абы ипкъ иткIэ, Езы Тхьэшхуэм дызэрыхущытынур, Абы дызэрыхуэлэжьэнур, дызэрыхуэпщылIынур тхузэпкърихащ, арэзы зытехъуэмрэ и губжьыр къызыхэкIымрэ ди пащхьэ къырилъхьащ.

МыдэкIэ, дэ тхуэдэ цIыхухэм дазэрыхэтынур, дазэрыхущытынур, дазэрыдекIуэкIынур, дазэрыфIэкIынур наIуэ къищIащ; дэ ди акъылкIэ къыдгурыIуэжыфын хуейр, акъыл къыдитам къыхуигъэнэжащ.

ЖеIэ Тхьэшхуэм мыбы теухуауэ:

﴿ وَلَقَدْ كَرَّمْنَا بَنِي آدَمَ وَحَمَلْنَاهُمْ فِي الْبَرِّ وَالْبَحْرِ وَرَزَقْنَاهُمْ مِنَ الطَّيِّبَاتِ وَفَضَّلْنَاهُمْ عَلَى كَثِيرٍ مِمَّنْ خَلَقْنَا تَفْضِيلاً ﴾

«Дэ IЭДЭМ и щIэблэр дгъэлъэ­пIащ, щIыми хыми щызекIуэфу тщIащ, ерыскъыфIхэм щыщи къеттащ, къэдгъэщIа куэ­дми яхэдгъэфIыкIащ». (Iэл-IисраI, 70).

Апхуэдизыр Алыхьым къыщытхуищIакIэ — пщIэ лей къытхуищIауэ аращи, абы и фIыщIэ тщIын, къытхуагъэфэщам хуэфэщэжу дыпсэун хуейщ.

Сыт хуэдизкIэ а лъапIэныгъэм дыхуэфэщэжу, а нэхъ икуми дыпэгъунэгъуу декIуэкIыхукIэ – ди гъащIэр нэхъ тынши, нэхъ дахи хъунущ, псэукIэми нэхъ зиужьынущ, дызэкIуэлIэжыну Ахърэтми дыщыщыгуфIыкIыжынущ.

КъурIэнкIэ къыджеIэ Алыхьышхуэм:

﴿ مَنْ عَمِلَ صَالِحًا مِنْ ذَكَرٍ أَوْ أُنْثَى وَهُوَ مُؤْمِنٌ فَلَنُحْيِيَنَّهُ حَيَاةً طَيِّبَةً وَلَنَجْزِيَنَّهُمْ أَجْرَهُمْ بِأَحْسَنِ مَا كَانُوا يَعْمَلُونَ ﴾

«Хъулъ­хугъэми бзылъхугъэми, Iиман зиIэу фIы зыщIар, дахэу дгъэ­псэунущ, икIи Дэ (АхърэткIэ абыхэм) яхуэтщIыну тыгъэр езыхэм къалэжьа псапэм нэхърэ нэхъыфIыжу щытынущ». (Iэн-Нэхьл, 97).

Ауэ, сыт хуэдизкIэ а зэхущытыкIэ дахэм дыкъыбгъэдэкIуэтыхукIэ, нэхъ пэжыжьи дыхъухукIэ – ди гъащIэр нэхъ гугъу хъунущ, ди псэукIэри бгъунлъэнущ, дызыхуэкIуэжыну Ахърэтри купщIэншэ хъунущ. 

Абыи щыхьэт тохъуэ КъурIэн дызэджэр:

﴿ وَمَنْ أَعْرَضَ عَنْ ذِكْرِي فَإِنَّ لَهُ مَعِيشَةً ضَنْكًا وَنَحْشُرُهُ يَوْمَ الْقِيَامَةِ أَعْمَى . قَالَ رَبِّ لِمَ حَشَرْتَنِي أَعْمَى وَقَدْ كُنْتُ بَصِيرًا . قَالَ كَذَلِكَ أَتَتْكَ آيَاتُنَا فَنَسِيتَهَا وَكَذَلِكَ الْيَوْمَ تُنْسَى ﴾.

«(КъурIэным, диным) зи щIыб хуэзыгъазэм — и гъащIэр дэгъэзеигъуэу (гугъу ехьу) ихьынущ, Къемэт махуэми нэфу етшэлIэжынущ». Абы (апхуэдэу насыпыншэ хъуам) жиIэнущ: «Уэ си Тхьэ! Щхьэ нэфу сыкъепшэлIэжа, сэ си нэр къаплъэу щытати?». [Тхьэм жэуапу] къыжриIэнущ: «Уэ Си Iэят ныпхуэкIуахэр (нэрылъагъуу дин дахэ уи пащхьэ нислъхьар) зы­щыбгъэгъупщати, нобэ уэри уащыгъупщэнущ». (ТIа-Ха, 124-126).

Аллаху Тэгьалам ар зэрыщыгъупщэнур, и Iуэхур зытетри, зэрыхъунури имыщIэу, абы щымыгъуазэу щытыну аракъым, атIэ ящыгъупщэжа цIыхум къеуалIэ тхьэмыщкIагъэм хуэдэ къеуэлIэнущ, жыхуиIэщ.

ЩIэныгъэлIхэм къыхагъэщ, диным пэIэщIэ хуэхъуа цIыхум и дуней гъащIэри, и Бэрзэхъ (кхъэм щыIэ) гъащIэри, и Ахърэт гъащIэри гугъу зэрыхъунур, дыкъызэджа аятми а пычыгъуэхэр псори къызэриубыдыр.

Диным пэжыжьэ цIыхум и гъащIэр гугъу щIэхъум и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ: мы дунейм тегужьеикIауэ, иIэмкIэ зэикI мыарэзыуэ, тхьэусыхафэр и бзэгупэм телъу, и IуэхущIафэм хэлъу зэрыщытыр.

АдэкIэ, Бэрзэхъым (кхъэм нэсми), ари Ахърэтым и зы кIапэу аращ, уеблэмэ, и пэублэу аращи, гъэунэхупIэм цIыху хуэдэу имыкIам, адэкIэ цIыху гъащIэ къыщыпэплъэкъым.

«ЦIыху насыпыншэхэр флъагъумэ, Алыхьым фащихъумэну фелъэIу!», — жеIэ хьэдисым. Абыхэм ятеухуауэ жеIэ зы щIэныгъэлI: цIыху насыпыншэхэр ахэр Алыхьым тегупсысыкIауэ, дунейм дихьэхауэ псэухэращ.

Аллаху Тэгьалам долъэIу апхуэдэ насыпыншагъэр ди натIэ имыщIыну, дыкъыщIигъэщIар тщымыгъупщэжу дигъэпсэуну, мы дуней нэпцIым дыкъимыгъэпцIауэ и пащхьэ къабзэу дыришэжыну!