Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьала дыкъэзыгъэщIам цIыхухэр зыр зым къыщхьэщыкIыу ищIащ, зыр адрейм хуэныкъуэу, зым адрейр имыIэу мыхъуу мы дунейр зэтриухуащ.
А хабзэ дахэр къызыгурыIуэу, абы екIуэкIыкIэ дахэкIэ декIуэкIыфым езыми и насыпщ, къыбгъэдэтхэми я насыпщ, ауэ абы елъэпауэу, а хабзэр зыкъутэу, езым зы хабзэщIэ гуэр къиублэну яужь итыр езыри насыпыншэщи, къыбгъэдэтхэри насыпыншэ ещI.
Ауэ сытми жиIакъым ди Бегъмбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم: «Дэ тщыщкъым ди нэхъыщIэм гущIэгъу хуэзымыщIыр, ди нэхъыжьми пщIэ хуэзымыщIыр!». (Тирмизий).
Абы къикIращи, муслъымэн Iуммэтым дыщыщыну, муслъымэн жэмыхьэтми дыхэтыну дыхуеймэ: а гущIэгъур тхэлъу, а пщIэр тщIыуэ дыхэтын хуейуэ аращ. Дыщымытрэ, дэ нэгъуэщI Iуммэт гуэрым, нэгъуэщI жэмыхьэт гуэрым я дуней тетыкIэ диIэу аращ.
ГъэщIэгъуэнракъэ, мы хабзэм нэхъ ебакъуэри, унафэм нэхъ елъэпауэри, КъурIэнкIэ дыпсэун хуейщ, Суннэм дытетын хуейщ, жызыIэу, зи бзэгупэм ар темыкIхэращ.
Абы къикIыр сыт? Абы къикIращи, а КъурIэн жыхуаIэм, а Суннэ жыхуаIэм, езыхэр нэхъ зыхуейр, езыхэм нэхъ яфIэфIыр къыхачу, адрейр къагъэнауэ аращ, е къыхэчи, къыгуэчи щымыIэу, КъурIэни Суннэри IэшрыIыу зэIащIэри, абы къыщIахуа хъудырым ирипсэууэ хъуауэ аращ а гупыр.
Ди япэ щIэныгъэкIэ, е ныбжькIэ, е зы фIыгъэ гуэркIэ япэ ищам яужь диту, абы и жьауэм дыщIэту, абыкIэ жэмыхьэтым къару хэтлъхьэу, дэри ар къару тхуэхъуу, дыгушхуэу икIи дагъэгушхуэу дыпсэуныр нэхъыфI, хьэмэрэ ди япэм итыр дгъэлъэпэрэпэну дыхэту, лъэпэрамэ дытеувэжыну дыхьэзыру, дэ фIэдмыгъэжамэ хьэрэму къытщыхъуу, апхуэдэ зэхэтыкIэ напэтехра нэхъыфIыр?!
Нобэ зыгуэр ди япэ ищауэ итмэ, аращ Алыхьым къытхуигъэфэщар, аращ тхуэфащэри, жытIэу, абы дызэрыдекIуэкIыфын Iэмалхэм дегупсысу, фIы илэжьмэ дэтIыгъыу, зыгуэркIэ щыуагъэ къыIэщIэщIэмэ: япэрауэ ар щыуагъэрэ мыщыуагъэрэ зэхэдгъэкIыу, зэхэдгъэкIа нэужь къуажэ Iуэху дымыщIу, ди зэхуакуи дэдмыхыу ар зэфIэдгъэкIыжрэ, адэкIэ гъуэгум пытщэмэ – аракъэ акъылри, аракъэ динри!
Нобэ дэ дгъэлъагъуэ пщIэращ пщэдей къытщIэхъуэ щIэблэм къытхуищIыжынур! Нобэ ди нэхъыжьхэр хэдутэу, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм дахуэпсалъэу дыдэту щIалэгъуалэм гу къытлъатэмэ, икъукIэ дыщоуэ дэ нэгъуэщIым пщIэ къытхуищIыну дыгугъэмэ!
Зы мэскъалкIэ шэч къэдмыхьыжу тхужыIэнухэм ящыщщ: нобэ зыгуэрым пщIэ гуэр иIэу, хьэтыр гуэри иIэу утыкум зыгуэр иту плъагъумэ, ар абы къызэрилэжьар а пщIэр, а хьэтырыр езым япэм итахэм, езыр езыгъэджэжахэм яхуищIу зэрыщытаращ.
Абы и пхэнжу, нобэ зыгуэр хауту, лъапэкIэ къырахуэкIыу флъагъумэ, ари къызыхэкIыр апхуэдэ дыдэу езыр адрейхэми яхущытащ е яхущытщи аращ.
ЦIыхур апхуэдизкIэ зэтокI, и гупсысэкIэри зэщхьэщокIри: езыгъаджэм пэпсэлъэжыфмэ, зыгуэр абы пидзыжыфмэ, зыгуэр абы дигъуэфмэ, ар лIыгъэу, уеблэмэ, ар: хьэкъыр наIуэ къэщIыным, пэжыр лъагэу Iэтыным хэзыбжэ тхьэмыщкIэ щыIэщ.
ТхьэмыщкIэщ ахэр, нэгъуэщIкIи уеджэ хъунукъым, я дин зехьэкIэкIи тхьэмыщкIэщ, я акъылкIи тхьэмыщкIэщ, мис апхуэдэу къырецIыху ахэр ди щIэблэм, икIи щапхъэ иремыщI ахэр зыми.
Муслъымэну ди хъуреягъкIэ къыдбгъэдэтхэм псоми пщIэ яхуэтщIын хуеймэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм, адэкIэ ныбжь нэхъ зиIэхэм пщIэ лей яхуэтщIын зэрыхуейр, нэгъуэщI хущытыкIэрэ, нэгъуэщI епсэлъэкIэрэ, зыхуэгъэзэкIэрэ тхэлъын зэрыхуейр зэикI тщыгъупщэ хъунукъым.
Ахэр тхэмылърэ, дэ ди къэкIуэнур дахэкъым, дэ къытпэплъэри щIагъуэкъым. Зи нэхъыжь хэзутэжахэм, нэхъыщIэфIи зэикI къыщIэхъуэнукъым.
Дызыхуэвгъэсакъыж, дызыкIэлъывгъэплъыж, ди щыуагъэр зэдвгъэгъэзэхуэж, ди фIыр дывгъэхъумэ, абыкIэ ди щхьэм пщIэ хуэтщIыжу, нэгъуэщIхэми пщIэ зыхуедгъэщIу!
И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI нобэ зэхэтхам, и зэран Алыхьым къыдимыгъэкI щыуагъэу тIэщIэкIам! Алыхьым и нэфI зыщыхуахэм, и арэзыныгъэр къэзылэжьахэм дахибжэ!