ФIыщIэри щытхъури хуэфащэщ Ислъам динымкIэ къытхуэупса, муслъымэн Iуммэтым щыщ дызыщIа, лIыкIуэм я нэхъ лъапIэр صلى الله عليه وسلم къытхуэзыгъэкIуа Аллаху Тэгьалам.
Муслъымэн жэмыхьэт! ФIыгъуэу, нигьмэту щыIэм я нэхъыфIыр иманым, ислъамым я фIыгъуэращ. Ахэр зиIэм имыIэ щыIэкъым, ахэр зимыIэм иIэ щыIэкъым.
Мы дуней мылъкур уиIэрэ, уи гум къэкIыу хъуам уи Iэр лъэIэсу упсэуми, пщэдей хуэдэм уи зэманыр иухыу адрей дуней мыухыжым бгъэзэжмэ псори абы и гузэвэгъуэм пщигъэгъупщэжынумэ, зыри къикIкъым нобэ узэрытхъэм.
«Мылъку зимыIэр тхьэмыщкIэми, мылъку фIэкIа нэгъуэщI зыри зимыIэр абы нэхърэ нэхъ тхьэмыщкIэжщ!», — жызыIам дахащэу жиIащ.
Ислъам диныр зэрыфIыгъуэр къыхегъэщ Аллаху Тэгьалам КъурIэн ЛъапIэкIэ:
“الْيَوْمَ أَكْمَلْتُ لَكُمْ دِينَكُمْ وَأَتْمَمْتُ عَلَيْكُمْ نِعْمَتِي وَرَضِيتُ لَكُمُ الْإِسْلَامَ دِينًا”.
«Нобэ фи диныр нэзгъэсащ, си фIыгъуэри иризгъэкъуащ, Ислъамыр дин зэрыфхуэхъуами арэзы сытехъуащ». (Iэл-МаIидэ, 3). ИкIи апхуэдэ псалъэ зэрыту зы дин тхылъи бгъуэтынкъым.
Ислъам динращ Алыхь Талэр дину арэзы зытехъуар, нобэ дэ зетхьэ динращ пщэдей Алыхьым цIыхур хьисэп зэрищIыжынур. Нобэ зетхьэ динращ пэжми пцIыми мардэрэ пщалъэрэ яхуэхъур.
Апхуэдизыр зэлъытам гулъытэ хуэфащэ хуэтщIрэ дэ? Апхуэдизыр къытхуэзыщIэм и фIыщIэр тщIырэ дэ? ДауикI хуэтщIкъым, дауикI тщIыкъым.
Дин зетхьэм пщIэ хуэтщIмэ, абы и фIыщIэр тщIымэ ар сыт илъэныкъуэкIи къызэрытхъумэным иужь дитынущ: щымыщ зыми къыхедмыгъалъхьэу, щыщыр зыми хедмыгъэхыу.
Дин зетхьэм пщIэ хуэтщIмэ, абы и фIыщIэр тщIымэ абы игъэлъэпIар дгъэлъэпIэнущ, абы игъэпудар дгъэпудынущ, абы къыхигъэщар къыхэдгъэщынущ, абы хигъуэщар хэдгъэгъуэщэжынущ.
Диныр дин хъужкъым уздыхуеймкIэ пшэуэ, узыхуейр къыребгъэшу, укъыздикIымкIэ пкъуантIэу, уздакъуэнтIамкIэ динри епкъуэнтIэкIыу удэтмэ.
Мис нобэ-пщэдей ди цIыхухэм ягъэлъэпIэну «махуэшхуэр» абы и щапхъэщ. Дымуслъымэнщ жызыIэхэм я муслъымэнагъыр ящыгъупщэжынурэ, дыадыгэщ жызыIэхэми я хабзи я бзыпхъи я щIыбагъым къыданэнурэ, диныншагъэ, хабзэншагъэ ялэжьынущ.
«Зызэбгъэщхьыну узыхэтым уэри уахэтщ!»— къыджеIэ муслъымэнхэм Алыхьым къытхуигъэкIуа Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم . (Ахьмэд, Абу Дауд).
Муслъымэныр езыр и диным иригушхуэжын, езыр адрейхэм щапхъэ яхуэхъун, езым адрейхэр зыдригъэплъеин ипIэкIэ, жьыр къыздепщэмкIэ ихьу, зи гупкIэ исым и уэрэд дыжиIэу дэтмэ пщIэ нэхъ къыхуащIын игугъэмэ икъукIэ щоуэ.
Зи дин епцIыжым, зи хабзэ ебэкъуэжым игъащIэм зыми пщIэ хуищIакъым.
Мыбы ягъэлъэпIэну махуэр хабзэ дахэ гуэру щытамэ е цIыху сурэтым иту ягъэлъапIэтэмэ – абыхэм ядэплъейхэм щхьэусыгъуэ гуэр яIэщ, жытIэнт, ауэ мэжусий диным къыхахыжа хабзэхэр и лъабжьэу, фадэр и щхьэм къытету, хъури бзыри зэхэзэрыхьыжауэ кърагъэкIуэкIым щапхъэ зэрытепхынури, акъыл уиIэу ахэр уи унэ кIуэцIым къызэребгъэкIуэкIынури сыт хуэдэу?!
Ди щхьэ пщIэ хуэтщIыжмэ, ди динри къытфIэIуэхумэ, дэ езым ди гьидхэм яхуэфащэ пщIэр яхуэдвгъэщI!. Дэ ди гьидыр сабийхэм къахуэмыгъэсу, дэ ди гьидым пащI щымыIэу, дэ ди гьидым нэгъуэщIхэр къехъуапсэу Iуэхур дывгъэгъэпс. Дэтхэнэ зыри абы девгъэгупсыс!
Нобэ ди ди гугъапIэр пщэдей нэхуапIэ хъуауэ Алыхьым дигъэлъагъу! Ди блэкIам нэхърэ ди къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI! ДунеягъэкIи ахърэткIи Алыхьым и деж пщIэ къыщызылэжьын Алыхьым дищ!