Муслъымэн жэмыхьэт! Ди дин лъапIэм апхуэдизу мыхьэнэ зырита нэмэз тщIым щэху гуэр хэлъщи, а щэхур абы хэмылъмэ, нэмэзым мыхьэнэ имыIэж мэхъу.
А щэхур — нэмэзым ущытеувэкIэ зи пащхьэ уиува Тхьэшхуэм уфIэлIыкIыу, Абы ущышынэу, узыхуэкIуэж Ахърэтым уегупсысу нэмэзым утетынращ. Аращ нэмэзри нэмэз зыщIыжыр.
«ЕхъулIащ муIминхэу, тхьэшынагъэ хэлъу нэмэзым тетхэр», — жеIэ Аллаху Тэгьалам. (Iэл-МуIминун, 1, 2). ЕхъулIащ апхуэдэхэр дунеягъэкIи ахърэткIи, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэращ нэмэзым зыгуэр къыхэзыхыр.
«Нэмэзым сытеувэнщи си гукъеуэр абы дэкIуэдынщ, си дугьэр Алыхьым сIихынщ, си гур нэхъ щабэ ищIынщ, икIи нэхъ къабзэ хъунщ, икIи зигъэпсэхунщ», — жызыIэу нэмэзым теувэмрэ, ар абрэмывэ хьэлъэу къызыщыхъумрэ зэхуэдэ хъун?!
Зэхуэдэ хъун нурыр къыщхьэщихыу зи нэмэзыр уафэм драхьейм, уафэм щыIэхэри зыщыгуфIыкIым, уафэбжэхэр зыхузэIуахым ищIэмрэ, мыдрейуэ зи нэмэзыр зи нэгум кърадзэжынум ищIэмрэ?!
Мы нэмэз тщIым хэлъын хуей щэхур хэдмылъхьэмэ, зыри къикIкъым. А щэхур нэмэзым и псэм хуэдэщ, псэр хэмытыжмэ, зыри къэнэжкъым. Аращ عليه الصلاة والسلام –ыми щIыжиIэр: «ЦIыхур и нэмэзым къыхокIыж абы щыщу и ныкъуэм фIэкIа хуамытхауэ, е и Iыхьэ щанэр, е Iыхьэ плIанэр…», уеблэмэ «И Iыхьэ пщIанэм фIэкIа хуамытхауэ», — къыхегъэщ صلى الله عليه وسلم.
Гьумэр ибн Iэл-ХъэтIтIаб, رضي الله عنه,-м мы Iуэхугъуэм и мыхьэнэр къызэриIуатэм девгъэдаIуэт: «ЦIыхум диныр зэрихьэурэ и нэкIубгъуитIыр мэтхъури йожьэж, зы нэмэз тэмэму Алыхьым хуимыщIауэ!». – Ар дауэ?- жаIэу щеупщIхэм, — «Тхьэшынагъэр иримыкъуу, и гупсысэр Алыхь Иным тримыухуапэу ищIурэ», — жиIащ رضي الله عنه-м.
Зи гугъу тщIы тхьэшынагъуэр зэрызэхалъхьэ щIыкIэхэм ящыщ зы къытхуеIуатэ хьэдис щIэныгъэлI ин Хьэммад ибн Сэлэмэ: «Дапщэрэ нэмэзым сытеувами Жэхьэнэмэ мафIэр си нэгум къыщIоувэ!».
Гьамир ибн Гьэбд Къейс жиIэр нэхъ гъэщIэгъуэныжщ: «СапэкIэ си кIуэцIым къитIыхьхэмэ нэхъ къызощтэ, дунеягъэ Iуэху гуэрым сегупсысу нэмэзым сытет нэхърэ!».
Мис апхуэдэ цIыхухэращ нэмэзым и купщIэр къызыгурыIуахэр, нэмэзым къыхахын хуейр къыхэзыхыу щытахэр, нэмэзым насыпыфIэ ирихъуахэр.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы Iуэхугъуэм ди щхьэкIи дыхуэвгъэсакъ, ди бынхэри, ди унагъуэм исхэри мыбы щIэдвгъэпIыкI, псалъэм ипэ къихуэу ди нэмэз щIыкIэмкIэ щапхъэ дывгъэхъу!
Мугьаз رضي الله عنهم и щIалэм уэсят къыхуищIу къыжриIар дэри ди бынхэм яжедвгъэIэ: «Си щIалэ, нэмэз щыпщIкIэ ар иужьрей нэмэз хъуну, абы иужькIэ нэмэз зэи пхуэмыщIыжыну уегупсысу теувэ!».
Абы нэхъ дахэ щыIэ: Алыхьым уи щхьэр хуэбгъэлъахъшэу и пащхьэ уитыну, уи щхьэр сэждэм теплхьауэ Алыхьым укъилъагъуну!
Суфян Iэс-Сэурий жеIэ: «Мэнщур ибн Iэл-Мугьтэмир нэмэз ищIу плъэгъуатэмэ, мыбы и псэр иджыпсту хахынущ», — жыпIэнт, апхуэдизкIэ тхьэшынагъэ хэлъу Алыхьым и пащхьэ итти.
Зы цIыхуфI гуэрым еупщIахэт, нэмэзым ущытетым деж зыгуэрым уегупсысрэ?-жаIэри, — НтIэ, согупсыс, жиIащ, Аллаху Тэгьалам и пащхьэ сызэритым, абы иужькIэ е Жэнэтыр е Жэхьэнэмэр къызэрыспэплъэм!».
Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ нобэ дэ ди нэмэз щIыкIэмрэ зэдгъапщэмэ, ахэр зыдэкIуэжыну Ахърэтым дэ дымыкIуэжын хуэдэу, ахэр зыхуэныкъуэ псапэр дэ къыдэлыжа хуэдэу дыбгъэдохьэ Iуэхум.
ЦIыхур и нэмэзым егугъумэ, Iиман бгъэдэлъу аращ, фIы къыпэплъэу аращ, и нэмэзыри Алыхьым зэрыIихынум телажьэу аращ. ЦIыхур и нэмэзым емылIалIэмэ, хьэкъыу уи фIэщ щIы адрей и дин Iуэхухэми ар зэремылIалIэр.
Дыщывгъэшынэ ди Тхьэшхуэми мы нэмэзыр зыхуей хуэдвгъэгъазэ, Къемэт махуэшхуэм япэ дыдэ мыращ жэуап зэрытхьынур, ди нэмэзыр зыхуей хуэзауэ къыщIэкIмэ, адрей лэжьыгъэ псори зыхуей хуэзауэ къыщIэкIынущ, армырамэ, унэхъупIэм дыхуэкIуэнущ.
Алыхьым и сэбэп къыдигъэкI зэхэтхам! Зи Тхьэм пщIэ хуэзыщIыу зи нэмэзыр зыхуей хуэзыгъэзэн, абыи щыгуфIыкIыжын Алыхьым дищI дэтхэнэ зыри!