الحمد لله مُصرِّف الليالي والأيام، أحمده سبحانَه على تَرادُف الإنعامِ وتتابُع الإكرام.
وأشهَد أن لا إلهَ إلا الله وحده لا شريك له الملك القدّوس السلام.
وأشهد أنَّ سيِّدنا ونبيَّنا محمَّدًا عبد الله ورسوله، اللّهمّ صلِّ وسلِّم على عبدك ورسولك محمد، وعلى آله وصحبه الأبرار الأتقياء الأعلام. أمّا بعد:
ФIыщIэри щытхъури хуэфащэщ жэщымрэ махуэмрэ зэблэзыгъэкIым, зы фIыгъуэм адрей фIыгъуэр къыкIылъыкIуэу къыдэзытым, зи жумартагъым гъунапкъэ имыIэм.
Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм муслъымэну тетыр зы илъэс я щIыбагъым къыданэри, илъэсыщIэм хыхьахэщ; зы напэ зыхуащIыжри, напэщIэ къызыIуахащ.
Аращ, пэублэ зиIэм кIэухи иIэщ: дыгъэр къыкъуокIри къуохьэж; мазэщIэр къалъхури из мэхъу, из зэрыхъуу хэщIын щIедзэри, мэбзэхыжыпэ; илъэсыщIэри къохьэри и кIэухыр къыщысыныр Алыхьым ещIэ жытIэурэ, и кIэухыр къосри йожьэж.
Аращ цIыху гъащIэри: сабиигъуэ-щIалэгъуэ-лIы хъугъуэ-жьы хъугъуэ-кIэух.
КIыхьу къыпщыхъу щхьэкIэ кIэщIщ; гугъэ нэпцIым зыдебгъэшэхыу: пщэдеи махуэщ, къэунэхунури мазэщ жыпIэурэ ущысмэ, IэнэщIу ахърэтым бгъэзэжынущ.
Абы ипкъ иткIи, муслъымэну зи щхьэ къызыфIэIуэхужыр, муслъымэн Iуммэтым щхьэкIи зи щхьэ узыр тIэкIу къызэтеувыIэу блэкIам техуауэ зэгупсысыжын, зыкъипщытэжын хуейщ.
Дызэвгъэгупсысыж дэтхэнэ зыри: илъэс блэкIар дауэ дгъэкIуа, сытхэр тхузэфIэкIа, сытхэр тIэщIэкIа, сытхэр къыдэхъулIа, сытхэм дыхунэмыса, сытхэр къэна…?-жытIэурэ.
Апхуэдэу Iуэхум дыбгъэдэмыхьэмэ, дыщIэпсэуари, дыщIэпсэури къыдгурымыIуэжу жьыр къыздепщэмкIэ дихьу ди гъащIэр екIуэкIынущ, иужькIэ дыIэбэм дылъэмыIэсыжу дыкъэнэнущ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Иджыпсту дызыхыхьауэ дызыхэт Мухьэррэм мазэм, Алыхьым и мазэкIэ зэджэм, куэд уигу къегъэкIыж. Ауэ къигъэкIыжым я нэхъыщхьэр, Тхьэм нэхъ ещIэри, — Бегъымбар лъапIэр e мы мазэм ирихьэлIэу хьиджрэ ищIу Мэдинэ къалэм зэрыIэпхъуаращ.
А хьиджрэм мыхьэнэуэ иIэр фIыуэ къызыгурыIуа Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, и жэрдэмкIэ Мухьэррэм мазэмкIэ муслъымэн илъэсыр къиублэу ящIащ.
Дауи мыхьэнэ имыIэнрэ а хьиджрэм, абы иужькIэщ муслъымэн къэралъыгъуэр щызытеувар; абы иужькIэщ Ислъам диным и нурыр цIыхубэм хуиту къащытепсар!
Мыхьэнэшхуэ иIэу нэгъуэщI зы Iуэхугъуи уигу къегъэкIыж дызыхэт мазэм. Мы мазэм и епщIанэ махуэм, ГьашураIкIэ (ашрыI) дызэджэм ирихьэлIэу пэжыр пцIым текIуащ, иман зыбгъэдэлъхэм я Iуэхур и щхьэ къэхъуащ: Мусэ бегъымбар лъапIэмрэ и гъусэхэмрэ фиргьэун залымым, Алыхь 1эмырк1э, къелхэри яIуэтэжащ.
ЦIыху цIыкIур къызэригъэщIрэ пцIымрэ пэжымрэ зоныкъуэкъу, Алыхьым бгъэдэтхэмрэ шейтIаным хуэлажьэхэмрэ зэпэщIэтщ.
Къемэт махуэр къэсыхукIи ар апхуэдэу щытынущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар Алыхьым мы дунейр зэрызэтриухуа хабзэхэм ящыщщ, абы Iущыгъэу хэлъым щыщу дэ къыдгурымыIуэу щыIэр къыдгурыIуэм нэхърэ нэхъыбэщ.
Лейзехьэхэр, залымхэр, цIыху Iейхэр зы напIэзыпIэм Аллаху Тэгьалам игъэкIуэду щIым хигъэкIуэдэжыфынущ, ауэ Алыхьым цIыху IейхэмкIэ цIыхуфIхэр егъэунэху; цIыхуфIыгъэм хуэпабгъэхэм я пэжагъыр, я шыIэныгъэр, яхуэщIэр абыкIэ утыку Iуэху къещI.
Муслъымэн жэмыхьэт! Бегъымбар лъапIэр, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламыр, Мэдинэ мыIэпхъуэ ипэкIэ къинэщIу щытащ Мухьэррэм мазэм и епщIанэ махуэр, ауэ абы Iэпхъуа нэужь журтхэми ар къанэщIу ядилъэгъуати, яупщIащ ар къызыхахымкIэ. “Мыр махуэшхуэщ, жаIащ абыхэм, мыбы ирихьэлIэу Алыхьым Мусэрэ абы и лъэпкъымрэ къригъэлащ, фиргьэунымрэ абы и гъусахэмрэ щIригъэлъэфащ. Абы и фIыщIэ ищIу Мусэ а махуэр къинэщIащи дэри къыдонэщI”.
Ар щызэхихым Мухьэммэд лъапIэм, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым: “Фэ нэхърэ Мусэ дэ нэхъ тхуэфащэщ икIи нэхъ тпэгъунэгъущ“, жиIэри езыми ар къинэщIащ, мыдрейхэми ар къанэщIыну унафэ ищIащ. (Ар итщ Бухъарийрэ Муслимрэ я хьэдис тхылъым).
ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ Ибн Iэл-Къэйим жиIащ: “IэшрыIым ирихьэлIэу нэщI Iыгъыныр щыуэ зэтетщ: я нэхъ нэгъэсар, я нэхъыфIыр: епщIанэм ипэ къиту зы махуэ, иужьым къитуи зы махуэ дэнэщIынращ. Абы къыкIэлъыкIуэр: ебгъуанэмрэ епщIанэмрэ къыздэнэщIынращ, нэхъыбэ хьэдисри апхуэдэущ къызэрыкIуэр. Абы къыкIэлъыкIуэр: епщIанэм и закъуэ къэбнэщIынращ”.
Муслъымэн жэмыхьэт! Гъащ1эм и деж къэдгъэзэжмэ, дигу къэдгъэк1ыж хъунущ Бегъымбар лъапIэр, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым, зэрылъаIуэу щыта псалъэхэр:
»اللّهمّ اجعل الحياة زيادةً لي في كل خير، والموتَ راحةً لي من كل شر «
«Ялыхь си псэуныр сыт хуэдэ хъерми и хэхъуапIэ щIы, си лIэнри сыт хуэдэ Iейми и ухыпIэ щIы». (Муслим къиIуэтэжащ).
Дэри аращ дызэрылъаIуэри, Алыхьым ар къытхуищIэ. БлэкIам нэхърэ къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI. ИлъэсыщIэ къэунэхуар угъурлы Алыхьым тхуищI!