Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Фыкъытыримыч

ФIыщIэри щытхъури ди Тхьэ лъапIэм худогъэфащэ; нэгъэсыпауэ икIи ирикъупауэ Аращ ахэр зыхуэфащэр. ЛIыкIуэм я нэхъ лъапIэми сэлам идох, Алыхьым и нэфIыр къыщигъэхуэнуи дыхуолъаIуэ.

Муслъымэн жэмыхьэт! ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Сэ си япэкIэ зы бегъымбари щыIакъым – нэхъыфI дыдэу ищIэр и Iуммэтым иригъэщIэну, нэхъ Iей дыдэуи ищIэм ахэр щигъэшынэну — и къалэну щымытауэ. Мы фи Iуммэтми ипэм хиубыдахэр къэхъумауэ щытынущ, иужь къинахэм гузэвэгъуэр нэхъ къалъыIэсынущ, къабыл фхуэмыщIын Iуэхугъуэхэри ядэфлъэгъунущ, зым адрейр пщигъэгъупщэжу фитнэхэри къэкIуэнущ, къыщыкIуам и деж муIминым «мыбы сихьынущ сэ» жиIэу, иужькIэ ар щхьэщыкIыу, нэгъуэщI фитнэ къакIуэмэ «мис мыращ, мис мыращ (сызыхьыпэнур)….»-, жиIэу». (Муслим).

ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и псалъэхэр нобэ ди нэгу щIокI, къэхъукъащIэхэр зым адрей пщигъэгъупщэжурэ йокIуэкI, цIыхухэм «тIэкIу хуиту дыбэуэнщ» зэрыжаIэу жьыр япезыгъэубыд хыбархэр къалъоIэс.

Ауэ Iэмал зимыIэ зыри щыIэкъым, узыр къезыгъэхам абы и хущхухъуэгъуэри къыригъэхащ, ар зыщIэм ещIэ зымыщIэм ищIэкъым.

ЦIыхум и диным нэхъ лъапIэм зыри иIэкъым. Аращ хьэдисми къыщIыхэщыр фитнэхэм и диныр яхихын папщIэ муслъымэныр мэлыхъуэу къуакIэбгыкIэм щихьэжыну зэман къызэрыхъунур. (Бухъарий).

Сыт хуэдэ Iуэхуми и хэкIыпIэ нэхъыщхьэр икIи нэхъапэр – Аллаху Тэгьалам Iуэхур бгъэдэплъхьэнращ, Абы и гущIэгъум ущыгугъынращ, Абы и зэгъэзахуэм арэзы утехъуэнращ.

Аращ муслъымэн пэжым и дуней тетыкIэр: зыри щымыхъужым деж Алыхьым и деж хэкIыпIэ къыщилъыхъуэу аракъым, зыми щыщымыгугъыжым и деж Алыхьыр игу къэкIыжу аракъым, атIэ япэ дыдэу зэгупысысри, игу къэкIри Алыхьращ, и гур зыдэжэри Алыхьым и дежщ.

Пэжымрэ пцIымрэ пхузыхэмыгъэкIыжу, зи яужь уиувэнури къыбгурымыIуэжу щыхъуахэм деж: мы дин лъапIэм лъабжьэ быдэ иIэхэр уи нэгу щIырет, псори къэгъани ахэр тегъэщIапIэ щIы!

А лъабжьэ быдэхэм ящыщщ: зыгуэрым илъ бгъэжэныр хьэрэм и хьэрэмыжу зэрыщытыр; тхылъ цIыкIухэм къибджыкIа гуэркIэ, е интернетым узырихьэлIа тхыгъэкIэ, е щIэныгъэ узыншэ зимыIэ гуэрым къыбжиIахэмкIэ, е уэ уи зэгъэзахуэ мащIэмкIэ а хьэрэмым ухэIэбэн дэнэ къыщына, абы хэIэбэм и мэ къыпщIихьэ зэрымыхъунур.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Зы Iэбжьыгу из лъы вгъэжамкIэ Жэнэтыр къыфпамыубыду фхуэщIынумэ фщIы!». (Бухъарий).

Фитнэ зэманхэм деж хъыбар кърахьэкIхэр куэд мэхъу, хъыбар пэжхэмрэ нэпцIхэмрэ зэхозэрыхь, хъыбарегъащIэ Iэмалхэри «фIыуэ» абы холэжьыхь, ауэ Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым жиIэм къедаIуэ: «Зэхихыу хъуар жызыIэжым хурикъунщ ар пцIыуэ!». (Муслим).

Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Гьумэр жиIауэ къаIуэтэж: «Фитнэхэм деж фызыхуэсакъыж, апхуэдэхэм деж бзэгум и къарур джатэм и къарум хуэдэ мэхъу!».

ТэмакъкIыхьагъ, сабырагъ, жыхуаIэ хьэл дахэхэм я чэзущ мыбдеж; нэхъыжьхэм уечэнджэщыныр, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм уаIурыупщIыхьыныр зэи хуэмыдэжу мыбдежым мыхьэнэшхуэ зиIэщ.

ГъащIэр зыгъэунэхуа нэхъыжьми емычэнджэщу, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхуми бгъэдыхьэу емыупщIыу псэзэпылъхьэпIэм хыхьэ ныбжьыщIэм абыкIэ Алыхьым и арэзыныгъэр къылъысыну къыщыхъумэ икъукIэ щоуэ!

Дауэ Алыхьым и арэзыныгъэр къызэрыплъысынур игъэува гъунапкъэхэм уебэкъуауэ: щIэныгъэ зыбгъэдэлъым уемыупщIауэ, гъащIэр зыгъэунэхуам уемычэнджэщауэ, Iуэхум и фIымрэ и зэранымрэ зэпомышэчауэ?!

Дауэ Алыхьым и арэзыныгъэр къызэрыплъысынур лъэпкъ псом уи пагэныгъэмкIэ захэпIэтыкIауэ, укъэзыхъуреихьу хъуар бгъэпудауэ, умыдэIуэн папщIэ  цIэ зэрыз псоми яфIэпщауэ?!

Муслъымэн жэмыхьэт! Сыт хуэдиз пшагъуэ гъуэгум къытримыхьами гугъэ гуэр къыдэзытын Алыхьым сыт щыгъуи къыдет. НэхъыфIымкIэ гугъэм нэхъыфIыр егъуэт.

Мис иджыпсту дызыхэт махуэ лъапIэхэри а фIым щыщщ, махуэ бжыгъэ дэкIмэ дгъэлъэпIэну Гьид махуэшхуэхэри гугъэ къозытхэм ящыщщи, Алыхьым фIым къатхудигъакIуэ, илъэс угъурлыи абы иужькIэ дытригъэхьэ!