Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Хьафижьхэм я мэдрэсэр

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Иным и Тхылъ лъапIэм къыдоджыкI дэ мы аятхэр:

 (إِنَّ الَّذِينَ يَتْلُونَ كِتَابَ اللَّهِ وَأَقَامُوا الصَّلَاةَ وَأَنْفَقُوا مِمَّا رَزَقْنَاهُمْ سِرًّا وَعَلَانِيَةً يَرْجُونَ تِجَارَةً لَنْ تَبُورَ * لِيُوَفِّيَهُمْ أُجُورَهُمْ وَيَزِيدَهُمْ مِنْ فَضْلِهِ إِنَّهُ غَفُورٌ شَكُورٌ)

«Алыхьым и Тхылъым еджэу, нэмэз ищIу, яттам щэхууи нахуэуи хэзытыкIхэм сату мыкIуэдыжын ящI. Абыхэм къалэжьар нэсу яритыжынущ, и жумартыгъэмкIи яхуигъэбагъуэнущ. Ар Гуэныхьгъэгъущ, ЗэхэзыщIыкIщ!». (ФатIир, 29,30).

ЦIыхур цIыху зыщIыжыр псом япэрауэ псэ хэтращ, и Iэпкълъэпкъракъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псэм, къыздикIа лъагапIэмкIэ, зыдрешей, Iэпкълъэпкъыр, къызыхэкIа щIы лъахъшэм зэхиIубэжыну, мэныкъуакъуэ.

Iэпкълъэпкъым ещхьу псэри шхыныгъуэ хуэныкъуэщи, псэмкIэ шхыныгъуэм я нэхъыфIыр псэр къэзыгъэщIыжа Алыхь Иным къыригъэха Тхылъ лъапIэращ.

Дауэ а Тхылъ лъапIэм узэремыгугъуныр апхуэдиз псапэ и еджэныгъэ къудейм къыдэкIуэу. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-м: «Алыхьым и Тхылъым зы хьэрф къизыджыкIым псапэ иIэнущ, зыр пщIыкIэ гъэбэгъуэжауэ». (Тирмизий).

Дауэ а Тхылъ лъапIэм узэремыгугъунур мыдрей хьэдисыр зэхэпхауэ. ЖеIэ صلى الله عليه وسلم: «Фэ нэхъыфIу къыфхэтыр КъурIэныр зэзыгъащIэу нэгъуэщIым езыгъэщIэжаращ». (Бухъарий). 

Дауэ КъурIэным узэремыгугъунур мы псалъэхэр عليه الصلاة والسلام-ым къыбгъэдэкIауэ зэхэпхауэ: «Феджэ КъурIэным, ар Къемэт махуэм шэфыгьэт къыфхуэхъужынущ…». (Муслим). 

Алыхьым и Псалъэм пщIэ хуэтщIым хуэдизщ дэри Езы Алыхьым пщIэуэ къытхуищIынур. Арамэ, дэтхэнэ зыри дызэвгъэплъыж абы теухуауэ. 

Гьумэр ибн Iэл-ХъэтIтIаб رضي الله عنه къытхуеIуэтэж, Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым жиIауэ: «Мы ТхылъымкIэ Алыхьым хэти и пщIэр еIэт, хэти и пщIэр иреудых». (Муслим). 

ИIэтри щIиIэтыр а Тхылъым гулъытэ хуещI, пщIэ лей кIэлъызэрехьэ, ар и гъащIэм щыщ ищIыну яужь йохьэри аращ. А Тхылъ дыдэмкIэ зи пщIэ ириудыхи щыIэщ. Ари къызыхэкIыр: абы хуэфащэр кIэлъызэрахьэу зэрымыпсэуращ. 

Девгъэгугъу ди фIэщу Алыхьышхуэм Тхылъ къытхуригъэхам. Емыджэфым еджэкIэ зэрырегъащIэ, еджэфым и еджэкIэр ирырегъэфIакIуэ. Нэхъыбэрэ мы Тхылъ лъапIэм девгъаджэ, ди унэми, мэжджытми, нэгъуэщI щIыпIэхэми. 

МыдэкIэ, цIыху щхьэхуэр къэгъэнауэ, зэрылъэпкъыуи дызэгупсысыжын хуейщ мы Тхылъ лъапIэм хуэфащэ пщIэр хуэтщIу пIэрэ, хуэфащэ гулъытэр етхьэлIэу пIэрэ, жытIэу дызэупщIыжу. 

ИкIи шэч зыхэмылъыжарщи, икъукIэ дыхуэмыхущ КъурIэным ехьэлIауэ. Езы КъурIэныр къэгъэнауэ дэ тхуэфэщэжкъым апхуэдэ щытыкIэр икIи емыкIушхуэ къыдохь. 

Ди хъуреягъкIэ къыдэгъэщIылIауэ псэу ди къуэш лъэпкъхэр фIыуэ ди япэ ищащ мыбы ехьэлIауэ; я къуажэхэм, я къалэхэм укъуэдияуэ КъурIэн лъапIэр щадж, мэдрэсэ щхьэхуэхэр КъурIэным къыхузэIуах, «Хьафижьхэм я мэдрэсэ» зыхужаIэхэр, КъурIэн лъапIэр гукIэ зыщIэхэр къахокI, апхуэдэхэм я бжыгъэр мэбагъуэ. 

Шэшэн къудейм апхуэдэ мэдрэсэуэ щы итщ, еплIанэри къызэIуахыну поплъэхэ. Дагъыстэнми я Iуэхур абыкIэ узэхъуэпсэнщ. Ингушми апхуэдэ мэдрэсэшхуэ мэгъэм къызэIуахыну я мурадщ. 

Мазэ кIуам Шэшэным я зы мэдрэсэ закъуэм ныбжьыщIэу цIыху плIыщI КъурIэн псор гукIэ ящIэу къыщIэкIащ. Ар фIыгъуэшхуэщ икIи насыпышхуэщ. 

Ауэ дэ щхьэ апхуэдизу дакъыкIэрыхурэ абыхэм? Сыт дэ къыдхуэтыр? Е сыт дэ тхуэмыгъуэтыр? ПсэлъэнкIэ псоми япэ дитщ, Iуэху щIэнкIэ псори ди япэ итщ. 

Девгъэгупысыс дэтхэнэ зыри зи гугъу тщIа мэдрэсэм. Дегупсыс къудейм имызакъуэу утыку Iуэху дывгъэщIи дытевгъэпсэлъыхь. Щхьэж хузэфIэкIым теухуауи ди къару мыбы едвгъэхьэлIэ. 

Алыхьым ди мурад дахэхэр къыдигъэхъулIэ, и арэзыныгъэр къызыхэкI Iуэхугъуэхэр нэхъыбэу дигъэлэжь! КъурIэн лъапIэм и нурымкIэ мы ди щIыналъэр къытхуигъэнэху, зи гугъу тщIа мэдрэсэуэ зэкIэ ди пщIыхьэпIэр, нэхуапIэ хъуауэ Алыхьым дигъэлъагъу!