Псалъэм я нэхъ пэжыр Аллаху Тэгьалам и Псалъэращ, хабзэми я нэхъыфIыр Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и хабзэращ, Iуэхуу щыIэми я нэхъ Iейр а Iуэхум емызэгъыу нэгъуэщI Iуэху хэплъхьэнращ….
Муслъымэн жэмыхьэт! «Сыт уи мурад нэхъыщхьэр?» жыпIэрэ, дэтхэнэ муслъымэнми уеупщIмэ, куэдрэ мыгупсысэу жэуап къуитыжыфынущ: «сэ си мурад нэхъыщхьэр Аллаху Тэгьалам и арэзыныгъэр къэзлэжьынращ»,- жиIэу.
Ар насыпышхуэщ дауикI, ущIэпсэур пщIэжу, зы мурад пыухыкIа гуэр уиIэу абы ухуэкIуэу, гупсысэфIхэр уи гъуазэу, мы дунейм утетыныр.
Ауэ мурадыфI уиIэ къудейкIэ, уи гум фIы илъ къудейкIэ зы щIыпIэ улъэIэсыфыну зыми укъигъэгугъакъым, уеблэмэ зи арэзыныгъэр къэплъыхъуэ Алыхь Инми, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, занщIэу къыбжеIэ:
«Фэ фыщIэхъуэпс къудейкIэ е Iэхьл китабхэр щIэхъуэпс къудейкIэ къыфлъысынукъым (фызыщIэхъуэпсыр). Iей зыщIам къыпэкIуэращ къратыжынур, Алыхьым нэмыщI, абы уэчыли дэIэпыкъуэгъуи игъуэтынукъым. Ауэ, муIмину фIы зыщIэр,ар цIыхухъуми цIыхубзми, Жэнэтым ихьэнущ, нэбдзыпэм ишэчын хуэдизкIи лей къытрагъэхьэнукъым». (Iэн-НисаI, I23,I24).
НтIэ Алыхьым и арэзыныгъэр къэтлъыхъуэр пэжмэ, ар къызэралъыхъуэм ящыщ зы Iэмалщ мылъку тIэщIэлъхэри, абы и къэгъэсэбэпыкIэмкIэ сыт хуэдизу дыхуэпэж мурад зыхуэдгъэувыжам?
Алыхьым дызэригъэунэхухэм ящыщщ мылъкур. Ар диIэмэ, абы и фIыщIэ тщIыфрэ, фIыкIэ къэдгъэсэбэпыфрэ? ДимыIэмэ, шыIэныгъэ зыхэдгъэлъыфрэ, хьэмэрэ хьэрэмымкIэ дыгупсысэрэ?!
Нобэ нэхъ зытедгъэщIэну дызыхуейр диIэ мылъкур къызэрыдгъэсэбэпращ. Зы щIыпIи тхуэмыхьыжыну, нэм къыщIэуэу утыкум илъ хьэкъхэм ящыщщ: мылъку тIэщIэлъыр Алыхьым зэрыфIэфIым хуэдэу къызэрыдмыгъэсэбэпыр, атIэ исраф куэд зэрытщIыр.
Исраф дощI тшхымкIэ, щытIтIагъэмкIэ, дызыщIэсхэмкIэ, дэзэрысхэмкIэ, къэдгъэсэбэп хьэпшыпхэмкIэ…
ЦIыху дапщэ къытхэт: шхэн щхьэкIэ мыпсэууэ, псэун щхьэкIэ шхэуэ?! Шхыным и мыхьэнэр: уи Iэпкълъэпкъыр щIимыгъэхунращ. А Iэпкълъэпкъыр зыIыгъын хуэдиз шхын зэпхьэлIамэ, абы адэкIэ уи лэжьыгъэ Iуэху яужь уихьэжынуращ.
Ауэ нобэ дэ шхэн Iуэхур езыр лэжьыгъэ Iуэху тщIащ: нэху щымэ шэджагъуэ хъухукIэ шхын гъэхьэзырыным яужь итхэу, аткIэ къэнэжа зэманыр шхыныр къытегъэуэвэным, шхэным, ахэр Iухыжыным, ахэр гъэкъэбзэжыным ехьыжри, мис апхуэдэурэ пщэфIапIэм я гъащIэр унэгуащэ куэдым щагъакIуэ.
Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم жеIэ: «Из ящIу щыIэм я нэхъ Iейуэ цIыхум из ищIыр и ныбэращ. Къэмыджалэу щызыгъэтын дзэкъэгъуэ зыбжанэм ирикъунущ цIыхур, ауэ мыхъужыххэмэ, (и шхалъэм) и зы Iыхьэ щанэр шхыным хухихынщ, зы Iыхьэ щанэр псыхэкIым, зы Iыхьэ щаныр и бэуэным». (Тирмизий – хьэсэн, щэхьихь).
Мухьэммэд ибн Iэл-Хьэсэн Iэш-Шейбаний, رحمه الله етх: «Исрафым щыщщ уи ныбэ из хъуа пэтрэ, иджыри ушхэныр… Исрафым щыщщ узыхуэныкъуэм нэхърэ нэхъыбэ шхын Iэнэм къытебгъэувэныр… Исрафым щыщщ шхын пIэпщIэхуар къомыщтэжыныр…». «Iэл-Кэсб».
Щыгъыным и Iуэхум и деж дыкъакIуэмэ, мыбдежым бжьыпэр зыIыгъыр, дауикI, цIыхубзхэрщ, ауэ цIыхухъухэми куэд яхэт хъуащ цIыхубз куэдхэм япэ ибгъэувэ хъуну.
Щыгъыным исраф зэрыхыхьэр шхыным зэрыхыхьэм хуэдэ дыдэщ. Узыхуэныкъуэм щIигъуа псор — ар исрафуращ.
Унэ дызыщIэсым и гугъу тщIымэ, узыщIэмысын пэш пщIамэ — ари исрафщ. Узыхуэныкъуэм нэхърэ нэхъ лъагэу дэпщIеямэ – ари исрафщ… НэгъуэщI Iуэхухэми апхуэдэурэщ исрафыр зэрыхыхьэр.
Муслъымэн жэмыхьэт! Исраф щIыныр диным зэригъэхьэрэмым имызакъуэу, ар акъылыншагъэ дыдэхэми ящыщщ. Исраф зыщIым акъыл нэгъэса бгъэдэлъатэмэ, ар ищIэнутэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы дунейр гъэпцIакIуэщ, нобэ уиIэмэ пщэдей уиIэжкъым, уиIэр зомыгъэзахуэмэ, уимыIэм хуэдэщ.
Исраф щIыныр зи хьэлым и щхьэр фIыIуэу илъагъужу аращ. ИIэр къелыжми, нэгъуэщIым иримытын папщIэ сыт хуэдэуи игъэкIуэдынущ, уеблэмэ и кIуэдыжыгъуэр абы къыхэкIынуми.
Шхын лейм уи узыншагъэр щихькIэ, щыгъын лейм, унэ лейм, машынэ лейм дыгъуакIуэхэм, щIэпхъэджащIэхэм я нэр къыдихьэхыу уаIэщIэкIуэдыжынкIэ щыхъунукIэ, аракъэ акъылыншагъэ жыхуаIэри, аращ исраф щIыным къихьыр?!
Мы хьэдисымкIи зэхуэдвгъэщIыж ди хъутIбэр. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Си Iуммэтым цIыху нэхъ Iей дыдэхэм ящыщу яхэтхэр: гъэфIауэ къэхъуахэращ: шхын зэмылIэужьыгъуэхэмрэ, щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къэзылъыхъуэхэу, жьэшхуэхэр зэщIэзыххэр». (Ахьмэд, Хьаким. Хьэдисыр пэжщ).