Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Абу Бэкр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуныр (1\2)

25.02.2012
Еджауэ 4 608

الحمد لله العلي الأعلى؛ أعطى كُلَّ شَيْءٍ خَلْقَهُ ثُمَّ هَدَى، نحمده على نعمه وآلائه، ونشكره على فضله وإحسانه.

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له؛ آمنا به، وعليه توكلنا، وإليه أنبنا وإليه المصير.

وأشهد أن محمدًا عبده ورسوله؛ أقام الحجة، وأوضح المحجة، وأرسى دعائم الملة، فمن تبع سنته رشد، ومن حاد عنها زاغ وهلك، صلى الله وسلم وبارك عليه وعلى آله وأصحابه، وعلى التابعين لهم بإحسان إلى يوم الدين، أما بعد:

ФIыщIэри щытхъури ди Тхьэ Лъагэу, ЛъапIэм хуэфащэщ. Псори къэзыгъэщIыжар, псоми ящIэр къезыгъэщIэжар Аращ, фIыгъуэу дбгъэдэлъыр зи фIыщIэри Аращ.

Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, дыщогугъ Абы и гущIэгъум, тоби къыдохьыж, и деж дызэрекIуэлIыжынуми шэч къытетхьэкъым.

Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэр Абы и лIыкIуэу икIи пщылIу зэрыщытым. Гъуэгу захуэр дигъэлъэгъуащ, дызыхуэныкъуэу хъуари къыдгуригъэIуащ, щхьэусыгъуэншэуи дыкъигъэнащ. Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэ, и сэламри къырих!

Муслъымэн жэмыхьэт! ХъутIбэ блэкIам дэ дытепсэлъыхьащ ди нэхъыжь лъапIэхэм, щэхьабэ махуэхэм я псэукIам, я зэхэсыкIам, абы ехьэлIауи щапхъэ зыбжанэ къэтхьащ. НтIэ а къедгъэжьа псалъэмакъым ди гупсысэр нэгъуэщI зыгуэрым хуишащ: щэхьабэхэм я нэхъыфIым и деж щедгъажьэу кIэщIу датепсэлъыхьыну мурад тщIащ.

БлэкIа зимыIэм къэкIуэни иIэнукъым, зи нэхъыжьым пщIэ хуэзымыщIым и нэхъыщIэм пщIэ къыхуищIыжынукъым.

БлэкIа дахи диIэщ, нэхъыжьыфI куэди диIащ, ауэ ахэр дымыцIыхужмэ, къагъэщIа гъащIэми дыщымыгъуазэмэ, диIэри димыIэри зэхуэдэ мэхъу.

Ахэр зэрыдмыцIыхужым е тцIыхужми мащIэу я гугъу зэрытщIым папщIэ, нобэ щIэблэ къэхъум нэгъуэщI зыгуэрхэр щапхъэ яхуохъу: артистхэм, уэрэджыIакIуэхэм, джэгуакIуэхэм… дэплъеину яужь йохьэхэ!

Нобэ зэгъусэу дигу къэдвгъэгъэкIыж Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم щIыгъуа цIыху махуэхэм япэ дыдэ ита, зи пщIэкIи нэхъ лъагэу яхэта, зыри щыбгъэдэмытым Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم бгъэдэта, зыми я фIэщ щымыхъум и фIэщ хъууэ абы къихьа диныр зыIэта Абу Бэкр رضي الله عنه-р.

Щэхьабэхэм нэхъыфI дыдэу яхэтар аращ, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم иужькIэ мы Iуммэтым абы ипэ зыри ибгъэщ хъунукъым. Ар псалъэ дыгъэл къудейуэ щымыту, ди фIэщхъуныгъэми щыщщ, абы темытыр Iэхлус-Суннэм я фIэщхъуныгъэм текIащ, гъуэщэныгъэми хыхьащ.

ЛъабжьэфI зиIэм, и щхьэм къытетри фIыщ. Абу Бэкр, رضي الله عنه-р иджыри джахилийе зэманым муслъымэн хьэл куэд хэлъу щытащ: игъащIэм фадэ зыIуилъхьатэкъым, тхьэнэпцI гуэрми щхьэщэ хуищIатэкъым, рибам къыхэкIа ахъши и мылъкум хигъэхьатэкъым, игъащIэми пцIы иупсатэкъым.

Мис а хьэл дахэхэм я хьэтыркIэ зэманыжьми пщIэрэ щхьэрэ иIэу, цIыхуми фIэлIыкI къыхуаIэу  псэуащ Абу Бэкр. ИкIи а хьэл дахэхэр Ислъам диным и хамэу зэрыщымытым папщIэ, ари щхьэусыгъуэ хуэхъуа хъунт Ислъам диныр тыншу абы къищтэным.

Нобэ дыди зэрынэрылъагъущи, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэм къихъукIа цIыхум нэхъ тыншу зэхелъхьэри йожьэж Ислъам диным къигъэув къалэнхэр, ауэ хабзэншагъэр щытепщэ унагъуэм къикIар гугъуурэ къыхуокIуэ диным. Япэр пэгъунэгъущи кIэщIу диным хохьэ, адрейр пэжыжьэщи гъуэгуанэ кIыхь зэпичын хуей мэхъу.

Абу Бэкр апхуэдиз пщIэ иIэу зэманыжьым псэуа пэтрэ, Ислъам диныр къыщищтэм и лъэпкъэгъухэм ящыщ куэдым ахэр псори ящыгъупщэжат, уеблэмэ абы щхьэкIэ а цIыху телъыджэм къезэуа гуэри къахэкIащ а цIыху икIэхэм.

Ар цIыху хьэлми, шейтIан хьэлми хэт ищIэн, ауэ куэдым яхэлъщ: фIы защIэурэ екIуэкIыурэ, зы щыуагъэ пщIауэ гу къыплъатэмэ, уифIхэр псори ящыгъупщэжынурэ, а уи зы щыуагъэр ягъэпIийуэ дэтынущ цIыхухэр.

Абу Бэкр, رضي الله عنه-м “щыуагъэу” мыбдежым илэжьар: «Алыхьращ сэ си Тхьэр, а Зыращ сэ сызыхуэпщылIынур»-, зэрыжиIэрат, «сымуслъымэнщ» жиIэу утыкум къызэрихьарат.

Ауэ езыр ищхьэкIэ къыжытIа хьэл Iейм пэжыжьэт. Абы и гупсысэкIэр, и Iуэху еплъыкIэр зытрищIыхьыр: цIыхур нэхъыбэу къызэрацIыху щытыкIэрат.

ИсраI-Мигьраджым щыгъуэ, зэи пцIы зыдамылъэгъуа Бегъымбарым пцIыупсыфэ щыраплъым, «Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم абы щыIауэ щыжиIэкIэ, ар хьэкъщ, ар пэжщ», — жиIауэ щытащ Абу Бэкр, абы шэч лъэпкъ къытримыхьэу.  ИкIи абдежым щегъэжьауэ «щиддикъ» цIэр къыхуагъэфэщащ.

Хьэлэмэтрати, Абу Бэкр апхуэдиз удыныр къыщылъыIэсам щыгъуэ, къэмэхри зимыщIэжу жэщ хъуху щылъауэ щытащ. ЗыкъыщищIэжам и анэр къыщхьэщысти, япэ дыдэу зыщIэупщIар мыращ: «Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-м и Iуэхур сыт зытетыр, дауэ хъуа, зыгуэр абыи къыщыщIа?»- жиIэу, бегъымбарыр абы щыгъуэ игъусати.

Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-м лажьэ иIэкъым къыжраIа пэтрэ, и гур абыкIэ мызагъэу, шхын тетми яхухэмыIэбэу, телъ удынри щыгъупщэжауэ, гузавэу кIуэщ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и дежи, и гур игъэзэгъащ.

ЖэнэткIэ ягъэгуфIа цIыхуипщIым щыщу цIыхуихым Ислъам диныр къащтэным щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ щытар Абу Бэкрт.

ПщылIыпIэм иту, бэлыхьми хэту псэу щэхьабэхэм щыщу цIыху тIощI щхьэхуит къищIыжауэ щытащ, и сатум мылъкуу къыхэкIар абы хилъхьэри.

АбыкIэ абы игъэзэщIащ Алыхьым и лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم и ущиер: «Муслъымэнхэм зыр зым гущIэгъу зэрызыхуащIыжыр, ахэр зэрызэрылъагъур, зэрызэбгъэдэтыр ещхьщ зы Iэпкълъэпкъым хэт пкъыгъуэхэм. Iэпкълъэпкъым зы пкъыгъуэ къыхэузыкIмэ, мыдрей псоми абы и гъусэу жейм зыхуагъэныкъуэ, абы и пщтрагъыр ягъэв». (Бухъарийрэ Муслимрэ).

Муслъымэн жэмыхьэт! Тенджызым щыщу зы ткIуэпс къыхэтха хуэдэу аращ нобэрей ди хъутIбэмкIэ Абу Бэкр и гъащIэм щыщу дызытепсэлъыхьар. Абы ипкъ иткIэ, мы Iуэхугъуэм, Алыхьым IэмыркIэ, иджыри дытемыпсэлъыхьу хъунукъым.

Нобэ зэхэтхами и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, фIыкIэ япэ ищам фIыкIэ яужь итын Алыхьым дищI. Абу Бэкр хуэдэ цIыху лъапIэхэм яхуэдэ дымыхъунуми, ахэр фIыуэ зэрытлъагъу къудеймкIэ Алыхьым ди пщIэр иIэт!