Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

КъурIэн лъапIэр ди напIэу дыпсэуныр!

03.11.2024
Еджауэ 28

Муслъымэн жэмыхьэт! Псалъэм я нэхъ пэжыр Аллаху Тэгьалам и Псалъэращ. Псалъэм я нэхъ дахэри, я нэхъ IэфIри Абы къригъэха КъурIэн лъапIэращ.

КъурIэным нэхъ тхылъ лъапIэ мы дунейм теткъым. Уеблэмэ, адрей тхылъхэм ар ебгъапщэ хъуххэнукъым! Дауэ зэрызэбгъэпщэнур Алыхьым и Псалъэмрэ, Алыхьым къигъэщIахэм я псалъэмрэ?!

КъурIэныр нурщ, нурым ухэту уегъэпсэу. КъурIэныр зыIэщIэлъым, Абы къыщыкIуэми хуэпэжым и нэгум нур къырех, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и гум нур илъщ.

КъурIэным зи щIыб хуэзыгъазэм нурым и щIыб хуигъазэу кIыфIыгъэмкIэ зигъэзауэ аращи, абы и гур кIыфIщ, и нэгури кIыфIщ, кIыфIыгъэм хэтри нэфым хуэдэщ.

ЖеIэ Тхьэшхуэу-Алыхьышхуэм:

وَمَنْ أَعْرَضَ عَنْ ذِكْرِي فَإِنَّ لَهُ مَعِيشَةً ضَنْكًا وَنَحْشُرُهُ يَوْمَ الْقِيَامَةِ أَعْمَى. قَالَ رَبِّ لِمَ حَشَرْتَنِي أَعْمَى وَقَدْ كُنْتُ بَصِيرًا. قَالَ كَذَلِكَ أَتَتْكَ آيَاتُنَا فَنَسِيتَهَا وَكَذَلِكَ الْيَوْمَ تُنْسَى“.

«(КъурIэным, диным) зи щIыб хуэзыгъазэм — и гъащIэр дэгъэзеигъуэу (гугъу ехьу) ихьынущ, Къемэт махуэми нэфу етшэлIэжынущ». Абы (апхуэдэу насыпыншэ хъуам) жиIэнущ: «Уэ си Тхьэ! Щхьэ нэфу сыкъепшэлIэжа, сэ си нэр къаплъэу щытати?». [Тхьэм жэуапу] къыжриIэнущ: «Уэ Си Iэят ныпхуэкIуахэр (нэрылъагъуу дин дахэ уи пащхьэ нислъхьар) зыщыбгъэгъупщати, нобэ уэри уащыгъупщэнущ». (ТIа-Ха, I24-I26).

Муслъымэн жэмыхьэт! КъурIэнымкIэ Аллаху Тэгьалам муслъымэн Iуммэтыр къигъэлъэпIащ, адрей Iуммэтхэми абыкIэ ефIэкIыу ищIащ.  

Абы итым диузэщIыну, гъуэгу захуэр дигъэлъэгъуну, абыкIэ ди гъащIэм псэщIэ къыхилъхьэжыну, абы итыр псоми хабзэ тхуэхъуну къыригъэхащ КъурIэн лъапIэр ДыкъэзыгъэщIам.

КъурIэныр апхуэдизкIэ лъапIэщи дызэреджэ къудеймкIэ, абы къыщыкIуа хьэрфхэр, псалъэхэр ди жьэм къызэрыжьэдэкI къудеймкIэ псапэ къыдохь.

КъеIуэтэж Ибн Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIауэ: «Алыхьым и Тхылъым щыщу зы хьэрф къеджам зы псапэ иIэщ; зы псапэри хуэдипщIкIэ мэбагъуэ. Уеблэмэ, «Iэлиф-лам-мим»-ыр зэгъусэу зы хьэрфу жысIэкъым, атIэ Iэлифыр хьэрф щхьэхуэщ, ламри хьэрф щхьэхуэщ, мимри хьэрф щхьэхуэщ». (Тирмизий).

Нобэ къыпщхьэщыжын, къыбдэувэн, къыбдэпсэлъэн гуэр бгъуэтынкIэ хъунущ, ауэ Къемэт махуэм апхуэдэ зыри щыIэжынукъым. Абдежым Алыхьым хуит имыщIауэ зыми псалъэ иIэнукъым.

Алыхьым хуит ищIу псалъэ зратынухэм ящыщу къокIуэ КъурIэн лъапIэр. Абу Iумамэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъунми къеIуэтэж, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIауэ: «Феджэ КъурIэным, ар зыIэщIэлъахэм Къемэт махуэм шэфыгьэту къахуэувыжынущ». (Муслим).

Уеблэмэ, Езы Аллаху Тэгьалами дыкъыхуреджэ и Тхылъым деджэну икIи къытхуеIуатэ КъурIэн еджэныр цIыхуфIхэм, цIыху пэжхэм я хабзэу зэрыщытыр.

ЖеIэ Тхьэшхуэм:

“إِنَّ الَّذِينَ يَتْلُونَ كِتَابَ اللَّهِ وَأَقَامُوا الصَّلَاةَ وَأَنْفَقُوا مِمَّا رَزَقْنَاهُمْ سِرًّا وَعَلَانِيَةً يَرْجُونَ تِجَارَةً لَنْ تَبُورَ …”.

«Алыхьым и Тхылъым еджэхэр, нэмэз зыщIхэр, мылъку яттам щэхууи нахуэуи зыгуэр хэзытыкIхэр – химылъэфэн сатум щогугъухэ…». (ФатIир сурэ, 29,30 аятхэр).

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ дэ нэхъ къыхэдгъэщыну дызыхуейращи: КъурIэн еджэным нэхъыбэ гулъытэ хуэтщIын хуейщ. Емыджэфым еджэкIэ зригъэщIэн, еджэфым нэхъыбэрэ Алыхьым и Псалъэр къищтэн.

Пэжым дыхуеймэ мыр Iуэху джэгукъым. КъурIэн еджэкIэ тэмэм умыщIэу уи нэмэзри мыхъункIэ хъунущ. Уи нэмэзыр мыхъуамэ япэ дыдэ жэуап зэрыпхьыжыну Iуэхугъуэм зыкIи ухуэмыхьэзыру Аллаху Тэгьалам и пащхьэ уихьэжыну аращ.

МыдэкIэ КъурIэн еджэкIэ зэзыгъэщIахэм абыкIэ Аллаху Тэгьалар къазэрыхуэупсар къагурыIуэжу абы и фIыщIэ ящIын хуейщ.

ФIыщIэ щIыкIэми щыщщ: КъурIэныр яIэщIэмыкIыу яIэщIэлъыныр. ИкIи еджэкIэ зыщIэм зы махуэ закъуи щIыблигъэкIын щыIэкъым ар зэ къызэIуимыхауэ, абы щыщ гуэри имыджауэ.

КъурIэн еджэныр ди гъащIэм, ди псэукIэм, ди хабзэм щыщ Iыхьэ хъун хуейщ. Унэм дыщIэсми, машынэм дисми, зы щIыпIэ деж детIысэхауэ дыщысми… дэнэ дежи япэ дыдэ дигу къэкIын хуейр КъурIэн лъапIэращ.

Алыхьым насып тхуищI КъурIэн лъапIэр ди напIэм телъу дыпсэуныр, Абы и еджэныр хабзэ тхуэхъуныр, Абы къыщыкIуа унафэхэр ди гъащIэм щыщ Iыхьэ тщIыныр!