Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Сэ си къалэныр згъэзащIэрэ?!

03.01.2022
Еджауэ 1 513

ФIыщIэ Аллаху Тэгьалам худощI: цIыхум хуэщIэр мащIэми арэзы абы техъуэм, цIыхум щыуагъэ IэщIэкIми къыхуэзыгъэгъум, цIыхур дэнэ щымыIами къыхуэупсэр и гущIэгъумкIэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Тхьэмахуэ къэскIэ хъутIбэм и пэублэм деж ди Тхьэ лъапIэм дыщышынэн, дыфIэлIыкIын зэрыхуейр зэ къыхыдогъэщ, ауэ зэ мыхъуу, дэнэ дыщызэхуэмызами, дэнэ дыщымыIами тхьэшынагъэр ди гъуазэ зэпыту, щIэх-щIэхыурэ ар ди гум къэдгъэкIыжу дыщытын хуейщ.

Алыхьыр ди гум зэрихуращ — ди бзэм мыхъун щIыжиIэр. Алыхьыр ди гум зэрихуращ – ди нэр мыхъуным щIеплъыр. Алыхьыр ди гум зэрихуращ – ди гупсысэхэр къабзэу щIыщымытыр!

ГъащIэр гъэунэхупIэ защIэщ! сыт жытIэми, сыт тщIэми ятхри, насып диIэми дифI ятхынщ, ди Iей ятхынкъым, мыхъужыххэмэ, дифIхэр ди Iейхэм нэхърэ нэхъыбэ хъунщ. Унэхъуар зи Iейр нэхъыбэ хъуаращ е Iейм итхьэлэпаращ.

ЖеIэ Тхьэшхуэм:

“وَالْوَزْنُ يَوْمَئِذٍ الْحَقُّ فَمَنْ ثَقُلَتْ مَوَازِينُهُ فَأُولَئِكَ هُمُ الْمُفْلِحُونَ . وَمَنْ خَفَّتْ مَوَازِينُهُ فَأُولَئِكَ الَّذِينَ خَسِرُوا أَنْفُسَهُمْ بِمَا كَانُوا بِآيَاتِنَا يَظْلِمُونَ”.

«Тэрэзэ-мизаныр а махуэм (Къемэт махуэм) щыIэнур хьэкъщ (захуэщи), зи тэрэзэр нэхъ хьэлъэ хъуахэр ехъулIахэщ, зи тэрэзэр псынщIэ хъуахэм загъэунэхъужащ ди аятхэр ягъэпцIу зэрыщытахэм папщIэ». (Iэл-Iэгьраф сурэ, 8-9-нэ аятхэр).

Нобэ дэ дызыхиубыда зэманым цIыхур зыгъэхьэулейхэр, и къалэнхэм тезыгъэгупсысыкIхэр егъэлеяуэ куэд хъуащ. Абы щIыгъужу, цIыхум езым фIэфIыпсу и Iуэху зыхэмылъ куэдым хэIэбэурэ и гъащIэ кIэщIыр нэхъ кIэщIыж ещI.

ЦIыхум псынщIэ дыдэу езым щыуагъэ бгъэдэлъхэр щогъупщэжри, адрейхэм щыуагъэ яIэщIэкIахэм тепсэлъыхьын щIедзэ, езым и нэм бжэгъу щIэлъыр имылъагъужу мэхъури, адрейхэм я нэм пхъэ ласкIэ щIэлъыр игъэщIагъуэу доувэж.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ дыпсэлъамэ, ди Iуэхур щIэмыкIуатэр зэм къэрал унафэщIхэм тыдолъхьэ, зэм сатуущIэхэм ятыдолъхьэ, зэм щIэныгъэлIхэм ятыдолъхьэ, зэм хамэ бийхэм ятыдолъхьэ, ауэ ипэжыпIэкIэ къатщтэмэ, ди Iуэхур щIэмыкIуатэм япэ дыдэу щхьэусыгъуэ хуэхъур дэ езыр дэращ.

Къэхъум, къекIуэкIым теухуауэ япэ дыдэ цIыхум зигъэкъуэншэжу зыримыгъэсауэ, япэ дыдэ езым къалэн и пщэм дэлъхэм теухуауэ жэуап ихьыжу мыхъуауэ Iуэхум зэикI зыри хэщIынукъым.

А жытIам лъабжьэ хуохъу Алыхь Иным и псалъэр:

“إِنَّ اللَّهَ لاَ يُغَيِّرُ مَا بِقَوْمٍ حَتَّى يُغَيِّرُوا مَا بِأَنفُسِهِمْ”.

«Алыхьым цIыхухэм къабгъэдилъхьа (фIыгъуэхэр) ихъуэжкъым, (яIэщIихыжкъым) езы цIыхухэм замыхъуэжауэ (гуэныхькIэ замыуфIеижауэ)». (Iэр-Рэгьд сурэ, II-нэ аят).

НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхум и Iуэхур ефIэкIуэнуми, екIэкIуэнуми япэ дыдэ зэлъытар езым и щытыкIэращ, нэгъуэщIхэм я щытыкIэракъым. Езыр Алаху Тэгьалам зэрыбгъэдэтращ, нэгъуэщIхэр Абы зэрыбгъэдэтракъым.

Дызэвгъэгупсысыж дэтхэнэ зыри, абы иужькIэ Аллаху Тэгьалар нэгъуэщI зыгуэру къыдэплъынкIэ хъунущ. Уэ уадэмэ: уи щхьэгъусэ, уи бын теухуауэ уи къалэныр бгъэзащIэрэ?! Уэ убынмэ: уи адэ-анэм я хьэкъым теухуауэ зыгуэр къыптенэрэ?! Дэ дызэкъуэшмэ: зэкъуэшыныгъэм и хьэкъыр дгъэзащIэрэ?!

Уэ унафэщIмэ: уи лъабжьэм щIэтхэм я хьэкъ къыптенэрэ?! Уэ улэжьакIуэмэ, уи лэжьыгъэм анэмэт хэлъу убгъэдэт?!

АдэкIэ, ди нэмэз теухуауэ ди Iуэхур сытым тет?! ДгъэзащIэрэ нэмэзыр и уахътым? ЕтхьэлIэрэ ар мэжджытым?! Дытет нэмэзым тхьэшынагъэ тхэлъу? Хьэмэрэ, мы дунейм тхузэмыгъэзахуэу телъыр нэмэзым дытеува нэужькIэ зэдгъэзахуэу дытет?!

АдэкIэ, ди щIэныгъэр дэнэ нэса адрейхэм я Iуэхум зыгуэр хэтлъхьэфын, адрейхэм я Iуэхур зэдгъэзэхуэн папщIэ? Пэжращи, ди дин щIэныгъэкIи, ди дуней щIэныгъэкIи иджыри фIы и лъэныкъуэкIэ дыкъыхэщкъым, атIэ дыкъызэрыхэщыр нэхъыбэу нэгъуэщIкIэщ.  

Япэ дыдэ езыхэр зэгупсысыжу щыта цIыху губзыгъэхэм, цIыху Iущхэм, цIыхуфIхэм я щапхъэ зы-тIу къэтхьыжынщи, ди хъутIбэр зэхуэтщIыжынщ:

Фудейл ибн Гьияд жеIэж: Суфян иб Гьуейнэ и Iэр сыубыдри жесIауэ щытащ: «Уэрэ сэрэ нэхъ цIыху Iей мы дунейм къытенауэ къыпщыхъуу щытмэ, кууэ укъопцIэ!».

Адрейм жиIэт: «Мы мэжджытым нэхъ цIыху Iей дыдэу щIэсыр фыкъыщIэкI, зыгуэрым жиIатэмэ, — сэ сыкъэтэджынурэ сыщIэкIынут!».

Иужь дыдэу Бишр ибн Хьарис къыбгъэдэкIар: «Алыхьым селъэIуну си Iэр къэсIэту, ауэ щесхьэхыж къысхуохуэ мыр жысIэурэ: «Алыхьым елъэIуну зыхуэфащэр къэзылэжьаращ, сэ схуэдэхэракъым».

И сэбэп Алыхьым къыдигъэкI зэхэтхам! Зэгупсысыжын, зэгупсысыжу нэхъыфIкIэ зызыхъуэжын Алыхьым дищI! Алыхьым и нэфI псоми къытщыхуэ, и арэзыныгъэри къыдигъэлэжь!