Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум фIы къехъулIэнуми, а фIы къехъулIар хуэбэгъуэнуми, абы хъейр къыхихынуми зэлъытэжар Езы Аллаху Тэгьаларащ, Абы зэриухщ, Абы зэрыжиIэщ.
Аллаху Тэгьалам зыгуэр къуитрэ, а къуитам берычэт къыхимылъхьэжмэ, ар къуимытам хуэдэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, берычэт зыхэмылъым и сэбэп къокIынукъым, и IэфIагъри зэхэпщIэнукъым, и купщIэри къыбгурыIуэнукъым.
Сыт и пэрмэн мылъкушхуэм, жэщи махуи абы и хъумэным уегупсысу ущысмэ? КъызыхэкIар умыщIэу а мылъкур зыхэкIуэдэжын щхьэусыгъуэ гуэр махуэ къэс къыпхукъуэкIмэ?
— А мылъкур симыIамэ, а къэхъуами хэслъхьэн сиIэнутэкъым, — жиIэнкIэ хъунущ зыкIи зэгупсысыжыну хуэмей цIыхум. Ауэ губзыгъэм жиIэнущ: — А мылъкур Алыхь Иныр зэрыхуейм хуэдэу къэзгъэсэбэпу щытамэ, берычэти хэлъамэ а къэхъуари къэмыхъункIэ хъунут!”.
Хьэмэрэ цIыхум унагъуэ зэригъэпэщарэ псэууэ, ауэ махуэ къэс жыхуэпIэну псалъэмакъым къыхэмыкIмэ, гупсэхугъуэ къызыхэкIын игугъам гуныкъуэгъуэ фIэкIа къыримытмэ, ар унагъуэ?! Ари къызыхэкIыр зэщхьэгъуситIым я Iуэхум Алыхьым берычэт къызэрыхимылъхьаращ.
Хьэмэрэ быным я Iуэхур щэ? Быным насып къыдэкIуэну, абы ябгъэдэплъхьэ гъэсэныгъэм Жэнэтым урикIуэну, уи гъащIэр ягъэщIэрэщIэну аращ уазэрыщыгугъыр.
Ауэ, ар къыщохъулIэнур быным я Iуэхум Алыхьым берычэт щыхилъхьам дежщ. Армырамэ, уи дунейри, уи ахърэтри жэхьэнэмэ пхуащIынкIэ хъунущ.
Арамэ, Аллаху Тэгьалам и берычэтыр къэзышэ, ар къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм дегупсысын хуейщ; ди Iуэхум берычэт къыхилъхьэну Аллаху Тэгьалам делъэIун, зыхуэдгъэзэн хуейщ.
Берычэтыр мащIэм хыхьэмэ — ар куэд мэхъу; куэдым хыхьэмэ – купщIэ иIэ мэхъу, лъабжьэ быдэ егъуэт.
Берычэтыр къызыбгъэдэкIыр Аллаху Тэгьаларауэ щыщыткIэ, япэ дыдэу Абы узэрыбгъэдэтым, Абы и диныр зэрызепхьэм, Абы узэрыхуэпэжым елъытащ уи Iуэхум хэлъыну берычэтри.
Аращ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и гъащIэм апхуэдиз берычэт щIыхэлъари, зэман кIэщIым къыриубыдэу апхуэдизым щIыхунэсари. Аращ, щэхьабэхэм я Iуэхуми апхуэдиз хъейр къыщIыдэкIуари.
Алыхьым и Псалъэр къызэIутхрэ деджэмэ мыхэр иту дырохьэлIэ:
“А жылэхэм Iиман къахьрэ Тхьэм фIэлIыкI хъуатэмэ, уафэмрэ щIылъэмрэ я берычэтыбжэр яхузэIутхынт, арщхьэкIэ [Ди Iэятхэр] пцIыуэ къалъытати, ящIам тедгъэкIуэдэжащ“.( Iэл-Iэгьраф сурэ, 96-нэ аят.)
“Иман къахьрэ, Тхьэм фIэлIыкI хъуатэмэ!”. А IуэхугъуитIращ берычэтыр зытещIыхьыжар: иманымрэ, тхьэшынагъэмрэ.
АдэкIэ, дугьэм куэд елъытащ мыбы ехьэлIауэ. Суннэм дыхэплъэжмэ щIыпIэ куэдым и деж къыщыхощ Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم берычэткIэ лъэIуауэ, дэри абы дыкъыхуриджауэ.
Псалъэм папщIэ, къэзышам хуэлъаIуэу щытащ берычэтыр Алыхьым къыбгъэдилъхьэну, берычэтри къыщхьэщилъхьэну. Зи ерыскъы Iухуами хуэлъаIуэу щытащ, я шхыным берычэтыр Алыхьым къыхилъхьэну.
Сабий къыхуахьамэ хуагъэлъэIуэну, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и дугьэм берычэтыр къыхэщт; шхын щIэщыгъуэ къежьамэ, берычэткIэ лъаIуэт.
ЦIыхур мылъкум темыгужьеикIауэ, псэ хьэлэлу, мылъкум гурэ-псэкIэ псапэ ирилэжьыфу щытмэ, апхуэдэм и мылъкум берычэт Алыхьым къыхилъхьэну, апхуэдэ хьэл зыхэмылъым и мылъкур берычэтыншэ хъуну, шхэ пэтми зи ныбэ из мыхъум хуэдэу и гъащIэр ихьыну хьэдисым къыхощ. (Бухъарий, Муслим).
“Сэдэкъэм мылъкур хигъэщIкъым“, — жеIэ صلى الله عليه وسلم. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сэдэкъэм мылъкур къехъумэ, берычэт къыхелъхьэ. (Муслим).
Зым ищэу адрей къищэхуу цIыхуитI щызэувэлIам и деж, Iуэхум пцIы хамылъхьэу, и щхьэр течауэ псори къагъэлъагъуэмэ, Аллаху Тэгьалам абыхэм я мылъкум берычэтыр къыхелъхьэ, армырамэ, берычэтыр хех, жиIэу нэгъуэщI хьэдис пэжым къыхощ. (Бухъарий, Муслим).
Пщэдджыжьым жьыуэ зи Iуэхум пэрыхьэм берычэтыр Алыхьым къыбгъэдилъхьэну Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم тхуэлъэIуащи, жейм зыдедгъэшэхыурэ ди хъейр зыхэлъым девмыгъэлъэпауэ.
Ахэри, нэгъуэщI щхьэусыгъуэ куэди щыIэщ ди гъащIэм берычэтыр къыхилъхьэну, ди мащIэр куэд ищIыну, ди куэдым купщIэ хилъхьэнуи, ахэр зыхэзылъхьэфын, зэхихам нэхъыфIу хэлъыр къыхэзыхыфын Алыхьым дищI!