ФIыщIэ Алыхьышхуэм худощI, къытхуищIэхэм пэкIуэу. Абы къытхуимыщIэмэ къытхуэзыщIэн щыIэкъым, Абы къытхуищIэмэ – зыми хуэщIэн щыIэкъым.
Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм.
Муслъымэн жэмыхьэт! Дунейр гъэунэхупIэщ, Ахърэтыр псэупIэщ. Ауэ языныкъуэхэм ар зэрагъэдзэкIауэ, дунейр псэупIэ дыдэм хуэдэу я гъащIэр яхь.
Яхь я гъащIэр мылIэжын ягугъэу, КъэзыгъэщIа Алыхьми IущIэжын ямыгугъэу. Яхь я гъащIэр гужьеяхэу, гужьеигъуэм зэщIищтахэу.
Мы дунейм зыми зыри тырихакъым икIи хутехакъым. Мыбы зыгуэр пхутехыну щытамэ, джэбыныр жып щIэту ядынт.
Мы дунейм тепхыфынур зы закъуэщ. Тепхыфынур псапэ къэпхьхэращ, Алыхьым и цIэкIэ фIы блэжьхэращ, цIыхугъэ, гуапагъэ пхэлъращ.
Къурмэн махуэм Бегъымбарым ГьаIишэ жыриIат, къурмэнылым щыщ иугуэшынуи, ГьаIишэ мэлым щыщу и блатхьэм фIэкIа къэмынэу, адрейр псори иугуэшат. ИужькIэ лIыкIуэ лъапIэр щIэупщIэжащ, мэлыр яугуэшарэ ямугуэшарэ. – Мэлым и блатхьэм фIэкI къэмынэу, адрейхэр псори дгуэшащ, — жиIащ ГьаIишэ.
Абдежым ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم къигъэлъэгъуащ гупсысэр нэхъ кууэ, икIи нэхъ жыжьэ нэсу щытын зэрыхуейр. Псоми дерс тхуэхъун хуэдэу, ди гупсысэри къытпэщылъ гъащIэ пэжым тедухуэн хуэдэу абы жиIащ: «Блатхьэм къищынэмыщIа адрейхэр псори къэнащ», сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэнэнур псапэращ, мыкIуэдыжынури аращ.
Бегъымбар лъапIэм e зыгуэр жиIэн хъумэ, зыгуэрми тыригъэчыныхьыну хуеймэ, абы и псалъафэу щытащ «Алыхьымрэ, Ахърэтымрэ зи фIэщ хъум», жыхуиIэр. А тIур зи фIэщ хъум гугъэрэ, шынэрэ хэлъу и гъащIэр ихьынущ.
А тIур зи фIэщ хъур цIыху сурэтым икIынукъым, хьэлыншэуи зищIынукъым, пагэныгъэми зэщIищтэнукъым, зыгуэрми зыхуигъэлъэхъшэнукъым, и напэри зытрихыжынукъым.
Мы дунейм зы напэншагъэ ялэжьми, зы емыкIу гуэр къэхъуми къыщIэхъур Алыхьымрэ, Ахърэтымрэ я фIэщ зэрымыхъуращ е яфIэщ хъуми я фIэщхъуныгъэм къару зэрыщIэмылъращ.
ЦIыхур нэхъыбэ дыдэу зыхуимытыжыр икIи нэхъыбэ дыдэу гуэныхь къызэрихьри и бзэгуращ. Абы теухуауи жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم: “Алыхьымрэ, Ахърэт махуэмрэ зи фIэщ хъум е фIы жыреIэ е зыри жыремыIыххэ!“.
Алыхьым къызэригъэщIамрэ абы и пащхьэ щихьэжыну Ахърэтымрэ зи фIэщ хъу цIыхум зыгуэр жиIэн ипэкIэ фIыуэ гупсысэнущ, гупсысэнури псэлъэнущ.
Псалъэми жиIэнур сэбэп къыхуэхъужын гуэрщ е зи зэран къемыкIыжын гуэрщ.
Абы иужькIэ дызэвгъэплъыж икIи дызэвгъэгупсысыж дэтхэнэ зыри: мы ди бзэгум дыхуитыж, къызэрыдгъэсэбэпри ди муслъымэнагъым хуэфэщэж?!
Нэхъыбэ дыдэуи нобэ дэ къыдэфыкI узхэм ящыщщ ди бзэгум дызэрыхуимытыжыр, къезэгъри къемызэгъри зэрыжытIэр.
Пэжми дыхуеймэ, цIыхур псэлъэреймэ абы узыщыгуфIыкIын зыри хэлъкъым, атIэ абы зыгуэр къигъэлъагъуэми къигъэлъагъуэр зэрыхьэлыншэрщ, и акъылыр зэрыныкъуэрщ, и динри зэрылъэныкъуабэрщ.
Хьэлыншэм къыпэплъэри наIуэ къещI ди ЛIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: “Фэ фщыщу сэ нэхъыфI дыдэу слъагъури, Ахърэтми нэхъ гъунэгъу дыдэ къыщысхуэхъунури нэхъ хьэл дахэ зыхэлъхэращ. Фэ фщыщу нэхъ жагъуэ дыдэу слъагъури, Ахърэтым нэхъ жыжьэ дыдэ къыщысхуэхъунури нэхъ хьэл Iей зыхэлъхэращ; псэлъэрилэхэр (псэлъэрейхэр), жьэшхуэ зэщIэзыххэр, жьэ утIыпща зиIэхэр“. (Ахьмэд, Ибн Хьиббан, Ибн Iэби Шейбэ, Тирмизий, нэгъуэщIхэми. Хьэдисыр пэжщ).
Имам Iэн-Нэуэуий, Алыхьыр рэхьмэткIэ зыхуэупсэным, етх: “Мыр зыгурыгъаIуэ: балигъыпIэ иувауэ, акъыл зэтет зиIэ цIыхум и бзэгур сыт хуэдэ псалъэми щихъумэн хуейщ, фIы къызэришэнур нэрылъагъуу щыт псалъэм къищынэмыщIа. Къыупсэлъыну псалъэм гуэныхь зыри хэмылъ пэтрэ, ар жыпIэми жумыIэми хъейр хэлъыр зэхуэдэу щыщытым деж: Суннэм укъызыхуриджэр умыпсэлъэнращ; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гуэныхь зыхэмылъ псалъэм хьэрэмым е мэкрухым ухуишэнкIэ мэхъу, ар куэдри къохъу, зыхуэсакъыжа хуэди щыIэкъым”. (Рияд ащ-Щалихьин, 391нап.).
Ныкъусаныгъэ гуэр зыбгъэдэмылъ цIыху гъуэтыгъуейщ, ауэ зи ныкъусаныгъэр къэщIэгъуей щыIэщ, псэлъэрейм апхуэдэ насып иIэкъым, абы и дагъуэхэр псори утыкум илъщ.
Зэхэтхами и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, ди бзэгум и зэрани Алыхьым къыдимыгъэкI! Зи бзэгум теунахъуэ щыIэми, дэ зи бзэгукIэ ехъулIэныгъэ къэзылэжьынухэм ящыщ Алыхьым дищI!