Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

7. Диным щызыгъащтэхэр

10.06.2019
Еджауэ 483

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Алыхь Закъуэращи, абы ахэр худогъэфащэ, хуэмыфащэ псоми хыдоIэтыкI, и закъуэныгъэми щыхьэт дытохъуэ, хуэпщылIыныгъэ теухуауи Iыхьэгъу зыри хуэтщIкъым.

Щыхьэт дытохъуэ иужьу къытхуигъэкIуэжа цIыху лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм, и динри къызэритлъигъэIэсам, удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэуи дахэу къызэрыдбгъэдилъхьам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар мы динымкIэ къыщытхуэупсакIэ, абы и фIыщIэ тщIыну ди къалэнщ, дэ абы дыдезыгъэхьэхын цIыхурэ, Iуэхурэ гъунэгъу къыщытхуищIакIэ, дэри Iуэхур адэкIэ дгъэкIуэтэну, мы динымкIэ цIыхухэр къыдэтхьэхыну, мыбы къедгъэгъэхъуэпсэну ди пщэм дэлъщ.

«Уэ Алыхьыр къызэрыпхуэупсам хуэдэу, адрейхэми яхуэупсэж», — жеIэ Тхьэшхуэм. (Iэл-Къэщэщ, 77).

Абы теухуауэ къыдгурыIуэн хуейхэм ящыщщ: диным пэжыжьэ цIыхур гъунэгъу къэтщIын папщIэ, Iуэхушхуэри Iуэху цIыкIури зэуэ илэжьыну и пщэ дэтлъхьэ зэрымыхъунур, гуэныхьышхуэри гуэныхь цIыкIури зэуэ къигъэнэну етхулIэ зэрымыхъунур.

— Е диныр псори зэрыIыгъыу къащтэ е къомыщтэххэ!-, жыхуиIэ бгъэдыхьэкIэр диIэнкIэ Iэмал иIэкъым, атIэ «зэкIэ къыпхуэщтэм хуэдиз къащтэ, адрейри абы хуэмурэ кIэлъыбгъэсыжынщ»-, жыхуиIэ еплъыкIэращ дэ диIэн хуейр.

Абы къикIкъым дауикI диныр зэкъуэдыдауэ, къуэлэнрэ-зэмыфэгъу тщIауэ, атIэ уеблэмэ, диныр зэмыфэгъу мыхъун папщIэ, мащIэмкIэ къыщIэддзэу нэхъыбэмкIэ дыIэбэну мурад диIэу аращ.

ГьаIишэ, رضي الله عنها, къыщIэна псалъэ Iущхэм ящыщщ:  — Япэ дыдэу КъурIэным щыщу къеха сурэхэр зытеухуауэ щытар Аллаху Тэгьалам и закъуэныгъэр, Ар зыгъэзакъуэм Жэнэтыр къызэрыпэплъэр, абыкIэ зи Iуэхур дыкъуакъуэм и Iуэхур зэрышынагъуэр къызыхэщ аят, сурэхэращ. АбыхэмкIэ я Iуэхур зытеува нэужь, унафэ яхуэпщIми ягъэзэщIэну икIи яхуэгъэзэщIыфыну хъуа нэужь, хьэлэл хьэрэмым я Iуэхур къехащ, — жеIэ ГьаIишэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным. (Бухъарий).

Диныр къэзыщтам апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ дыхуиIэн зэрыхуейм хуэдэу, диныр къызыгурыIуэжа, тоби къэзыхьыжа цIыхум апхуэдэу дыдекIуэкIын хуейщ. Зэуэ зэтеплъхьэр зэуэ къэуэжынкIэ хъунущ, ауэ мащIэурэ зэтеплъхьэр, быдэу зэроубыдри, нэхъыбэрэ щытщ.

КъинэмыщIауи, нобэ тхьэмыщкIагъыу утыкум илъхэм ящыщщ: илъэс миным щIигъуауэ щIэныгъэлIхэм зэтемыхуэу къапсэлъа еплъыкIэхэр зы еплъыкIэм тыншу хуигъэкIуэжыфын зигугъэхэр зэрыдиIэр.

Апхуэдэм, «Мыр захуэщ, мор къуаншэщ, мыр ди дин дыдэращ модрейр диныщIэщ», жиIэурэ, езым иджыри къыгурымыIуа Iуэхур мо дыгъуасэ диным къыхуэкIуам къыгуригъэIуэну яужь итщ.

Пэжым дыхуеймэ, диным хэт Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм къищынэмыщIа, адрейхэм теухуауэ апхуэдиз еплъыкIэ щыIэщ, еплъыкIэ къэси тегъэщIапIэ куэди къыхуахьри, зыгуэрым зыкIэрысщIэнщ жыпIэмэ, зыкIэрыпщIэфыну апхуэдэу щытщ.

Арамэ, Iуэхум и хэкIыпIэр, уэ уи закъуэ узахуэу умыукъуэдийуэ, адрейхэми еплъыкIэ гуэр яIэну хуиту, я еплъыкIэми тегъэщIапIэ иIэу уегупсысу уи гум зигъэпсэхужынращ, абыи уемыныкъуэкъуу езыри зомыгъэныкъуэкъуу хуиту упсэунращ.

Ахэр жыIэгъуафIэщ, ауэ щIэгъуафIэкъым, ауэ апхуэдэу щыт пэтрэ, хуэмурэ абы дыхуэкIуэн хуейщ. Дэуэнымрэ, ныкъуэкъуэнымрэ дакъыдэхуэу, пэж дыдэу лъэпкъым и Iуэхур зыгъэкIуэтэн, зезыгъэужьын Iэмалхэм делэжьын хуейщ.

Сыт хуэдиз еплъыкIэ зэмыщхь димыIами, зы Iуэхугъуэ гуэр утыкум къихьамэ дызэкъуэувэфу, абы теухуауэ дызэрыщIэфу, ди Iэмал етхьэлIэфу дыщытын хуейщ.

Армырауэ, — сэ диным щыщу къызгурыIуар модрейми къыгурымыIуауэ гуапэу сеплъыфынукъым, Iуэхуи дэсщIэфынукъым, — жызыIэу лъагапIэм тету къытхэплъэ цIыхум мыр къыгурыIуэнукъым.

Уи унэм щIэс цIыхуитIыр щыпхузэгурымыгъаIуэ къохъу, адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхуаку зэтемыхуэныгъэ дапщи къыдэхъуэрэ, ауэ абы щхьэкIэ унагъуэр ябгынэрэ, я Iуэху щIэни къагъанэрэ?!

Мис абы ирегупсыс щхьэпэлъагэу цIыхум яхэплъэр! Уи унэ кIуэцIым щыпхузэтемыгъэувэ зэхущтыкIэр — жэмыхьэтым, мэжджытым деж щыкIуэцIрыбгъэкIыну яужь щхьэ уит?! Апхуэдизу укъыщигъэгугъэкIэ, уи унагъуэ кIуэцIыр зэтес щIыи, итIанэ мэжджыт кIуэцIым къэIэбэ.

Мыр щIыжытIэр, зи унагъуэ теухуауэ гуныкъуэгъуэ зиIэр, жэмыхьэтым и Iуэхум хэIэбэну хуимытыжу аракъым, атIэ тIэкIу зэгупсысыжи нэхъ къызэрыгуэкIыу жэмыхьэт Iуэхуми егупсыс, — жытIэу аращ.

ЖытIам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! Пэжыр къэзыщIэу абы едэIуэн, пцIыр къызыгурыIуэу абы бгъэдэмыхьэн Алыхьым дищI! ДифI зыхэлъым ди Iэри, ди лъэри Алыхьым лъигъэIэс!