Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщI IыгъыкIэр зэщхькъым

02.06.2017
Еджауэ 2 308

Ди псалъэр, Езы Алыхьым и Псалъэр, КъурIэныр, зэриубламкIэ, фIыщIэ псалъэхэмкIэ доублэ. ХуэтщIу фIыщIэ Алыхьу дыкъэзыгъэщIам, Алыхьу мы нобэрей махуэ лъапIэм дыкъэзыгъэсам, Алыхьу НэщI мазэ лъапIэм гъунэгъу дыхуэзыщIам.

А псом я фIагъыр, я лъапIагъыр, я нэхъапагъыр къытлъэзыгъэIэсыжа ЛIыкIуэ лъапIэми и цIэр фIыкIэ къыхэдгъэщу щэлэуатым дыкъыхуоджэ:

اللهم صلِّ وسلِّم وبارِكْ عليه

Абы къыкIэлъыкIуэу зи цIэ къыхэгъэщыпхъэр диныр адэкIэ зыгъэкIуэта щэхьабэхэращи, абыхэми Алыхьыр арэзы къахуэхъуну дахуолъаIуэ, абыхэм я лъагъуэм ирикIуа икIи ирикIуэ дэтхэнэ зыми гущIэгъу Алыхьым къыхуищI! Дэри абыхэм я лъагъуэм екIуу дырикIуэу, гъусэ а цIыху лъапIэхэм дахуищIыжыну долъаIуэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэрей хъутIбэр зытедухуэн щхьэусыгъуэ куэд утыкум илъщ, дэтхэнэ зыми щхьэхуэу дыпсэлъыхьыну хуэфащэу, ауэ ахэр псори къэгъэнарэ, лъэныкъуи егъэзарэ — пщэдей, Алыхьым жиIэмэ, къытхуеблэгъэну Мазэ лъапIэм дытепсэлъыхьыныр псом нэхърэ нэхъапэу къыщIэкIынщ.

А мазэм и лъапIагъыр нэгъэсауэ зымыщIэ цIыхум е ищIэ пэтрэ иджыпсту и нэгу къыщIыхьэжу, и пащхьэ илъу щымытмэ – къытехьэлъэнущ нэщIыныр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбдежым щылъкъым махуэ псо уи ныбэм шхий йомыгъэхыу епхьэкIыныр, апхуэдэ защIэуи мазэ псо ипхыныр.

Абы къыхэкIкIэ Iуэху зыхуэтщIыжу тIэкIу дыхэплъэжын хуейщ нэщIым и фIыгъуэм, абы и псапэм, адэкIэ абы и ткIиягъым теухуауэ къэкIуа аятхэм, хьэдисхэм, щIэныгъэлIхэм а аят-хьэдисхэм теухуауэ жаIам, цIыхуфIхэм, цIыхушхуэхэм езым ягъэунэхуам…

КъинэмыщIауи еплъыжын хуейщ щIэныгъэлIхэм ятхам: нэщIым и къэублэкIэ, и ехьэкIыкIэм теухуауэ, адэкIэ нэщIыр зыкъутэ, зымыкъутэхэм, адэкIэ тэрауихьым и щIыкIэ сытхэм.

Еплъыжын хуейщ , щIыжысIэр, дэ ахэр псори мыбдежым хъутIбэм хедгъэубыдэну Iэмал диIэкъыми аращ, ауэ псори схуэщIэнукъым жыпIэу псори къыщIэбгъэнэн зэрыщымыIэм теухуауэ, дэри зы кIапIэ гуэр къыхэдгъэщынщ.

Зэрынэрылъагъущи, нэгъабэ ещхьу мэгъэрей нэщIри махуэхэм я нэхъ кIыхь дыдэм ирихьэлIащ, ауэ нэхъ гугъу ехьыхукIэ и псапэри нэхъыбэ зэрыхъунур зыщIэ муслъымэным ар къытехьэлъэнукъым.  Псом хуэмыдэу, махуэр кIыхьми, махуэр хуабэми япэм ещхьу цIыхухэр губгъуэм иту, лэжьапIэ IэнатIэ гугъу пэрыту щытыжхэкъым.

Ди адэшхуэ, ди анэшхуэхэм я псалъэхэм къахощыж, нэщI исыгъуэр гъэмахуэкум ирихьэлIарэ, губгъуэм лэжьыгъэ IэнатIэ гугъум зыдыпэрытым нэщIхэу щытауэ.

Апхуэдиз хьэлъэм пэрыт пэтрэ я нэщIыр кгъагъэнакъым, апхуэдиз диныншагъэм ахэр къахъуреихь пэтрэ, я диныр яIэпщIэхуакъым, нтIэ дэ сыт нобэ щхьэусыгъуэ тхуэщIынур?!

Пэжращи, муслъымэным нэщI щиIыгъкIэ гугъуехь гуэр зэрызэхищIэу и нэгум занщIэу къыщIоувэ абы псапэ къызэрыдэкIуэнури, и гуэныхьхэри абы зэрыдэкIуэдынури. КъыщIоувэри гугъуехьыр а и гупсысэм хокIуэдэж, хоткIухьыж.

Муслъымэн жэмыхьэт!  «Рэмэдан мазэр къэсмэ Жэнэтыбжэхэр зэIуах»[1]-, жеIэ ЛIыкIуэ лъапIэм, صلى الله عليه وسلم. А псалъэхэм Iэджэ лъэныкъуэкIи уегупсыс хъунущ.

Егупсыс, Жэнэтыбжэхэр къызэIуахарэ, псапэ зыщIэнухэр занщIэу ирагъэхьэну хуэхьэзыру щыту.

Егупсыс, Жэнэтыр къызэрыблэжьыфын Iэмал куэд Алыхьышхуэм иджыпсту къуитауэ, ар зыIэщIэбгъэкI зэрымыхъунум.

Абы щыхьэт техъуэжу къокIуэ нэгъуэщI зы хьэдиси: жеIэ Бегъымбар лъапIэм, صلى الله عليه وسلم: «Насыпыншэщ – нэщI мазэм хиубыда пэтрэ и гуэныхьыр къыхуамыгъэгъуауэ ар изыгъэкIыр»[2].

Иджы а хьэдисхэм къыщыкIуэхэр къыдэхъулIэн папщIэ: нэхъыбэ щIын хуейщ ди нэмэз щIыныр, ди КъурIэн еджэныр, ди сэдэкъэ тыныр.

НэхъыфI щIын хуейщ ди цIыху хэтыкIэр; едгъэфIэкIуэн хуейщ ди хьэлщэныр; зыхэднын хуейщ икIэщIыпIэкIэ хьэл Iейхэр.

Хэгъэхъуэн хуейщ щIэныгъэм. ЩIэныгъэр — нурщ, нэхущ, щIэныгъэншагъэр — кIыфIыгъэщ.

Егупсысыжын хуейщ длэжь лэжьыгъэм. Длэжьым хъейр къыдэкIуэмэ ар нэхъыбэж щIын хуейщ, армырауэ зэран къэзышэ гуэрмэ лIыгъэ зыхэтлъхьэу ар зыхэднын хуейщ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, жеIэ: «Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэр, صلى الله عليه وسلم , цIыхуу щыIэм я нэхъ жумарту щытащ. Нэхъыбэ дыдэу ар щыжумартри Рэмэдан мазэрат».

Абы и щхьэусыгъуэри нэщI мазэм и лъапIагъым къыхэкIыу псапэхэр зэрыбагъуэрат. Гуэныхьхэри абы къыхэкIыу ягъэгъуну гугъэшхуэ зэрыщыIэрат.

Дэ зэрытщIэщи, лIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم нэщI мазэм КъурIэным нэхъыбэрэ еджэу щытащ. НтIэ КъурIэныр зэрыщыту къапщтэмэ абы укъызыхуриджэр: мы дунеижьым зыдомыгъэхьэхыну, Ахърэт къыппэплъэм зыхуэбгъэхьэзырыну, фIы блэжьыну аращ.

НтIэ дэри доджэ КъурIэн, дыщеджэкIэ –абы къидджыкIар Къемэт махуэм къыдэдауэжу къытпэщIэмыувэжын папщIэ, зыхэдвгъалъхьэ абы къыщыкIуэр. Нэхъыбэ дывгъэщI ди псапэ щIэныр.

Насыпышхуэщ махуэм Алыхьыр бгъэарэзыуэ нэщI уису, пщыхьэщхьэм Алыхьым хьэлэл ищIа шхынкIэ ухэщхьэжыныр. Абы нэхъри нэхъ гуфIэгъуэшхуэщ Алыхь Талэм уIущIэжмэ, Абы и пащхьи уихьэжмэ уи лэжьыгъэм узэрыщыгуфIыкIыжынур.

Алыхьым ар насып хуищI дэтхэнэ зыми! 

ЕтIуанэ хъутIбэ

الحمد لله على إحسانه، والشكر له على توفيقه وامتنانه، وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك، تعظيما لشانه، وأشهد أن محمدا عبده ورسوله، الداعي إلى رضوانه، صلى الله عليه وعلى آله وصحبه وسلم.

Муслъымэн жэмыхьэт! Иужьым къыхэзгъэщыжыну сыхуейт нэщIыр ныбэр бгъэнэщIыным и закъуэу зэрыщымытыр, атIэ ар нэщIым и зы теувапIэ къудейуэ зэрыщытыр.

ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: НэщI IыгъыкIэр щыуэ зэщхьэщедз: цIыху къызэрыгуэкIхэр зэрынэщI, цIыху хэхахэр зэрынэщI, хэхахэм къыхахыжахэр зэрынэщI.

ЦIыху къызэрыгуэкIхэм шхынхэкI-псыхэкI я кIуэцIым ирамыгъэхмэ абыкIэ нэщIыр зыхуей хуагъэзауэ къафIощIри, я гупсысэр псори зытеухуэжар я кIуэцIым зыгуэр емыхынращ. НэгъуэщI гуэр нэщIым къыхэхын хуейуэ ягу къэкIыххэкъым абыхэм.

Ауэ цIыху хэхахэм я гупсысэр нэхъ жыжьэ макIуэ. Абыхэм я Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу хэтыр ягъэнэщI: мыхъун жаIэкъым, мыхъунум едаIуэхэкъым, мыхъунум еплъхэкъым, мыхъун къащтэкъым, мыхъун зыдэщыIэм екIуалIэхэкъым.

Ахэр тогузэвыхь Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم  жыхуиIа псалъэхэм хиубыдэнкIэ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «МыхъумыщIэ жыIэнымрэ, мыхъумыщIэ лэжьынымрэ къэзымыгъанэм, и шхэныр къызэригъанэм хуэныкъуэкъым Алыхь Талэр». (Бухъарий).

МыдэкIэ, нэхъ лъагэжу дыдэIэбейрэ, хэхахэм къыхахыжахэр зэрынэщIхэм и гугъу тщIымэ, ахэр ищхьэкIэ къыжытIа псом зэрыхуэсакъым ищхьэжкIэ, я гум къэкIынкIэ хъуну гупсысэхэмкIи зыхуосакъыжхэ.

ЗыхаIэтыкI абыхэм мы дуней хьэхум ехьэлIа гупсысэхэми, Тхьэ ЛъапIэу зи пащхьэ ихьэжынухэм я гур бгъэдалъхьэ.

Апхуэдэ увыпIэ лъагэм лъэIэсыфIын Алыхьым дищI дэтхэнэ зыри. Зи псапэхэр бэгъуауэ, зи гуэныхьхэри къызыхуэгъуауэ, Жэнэт лъапIэри зыхуагъэфэщауэ мазэр изыхын Алыхьым дищI!

Муслъымэн жэмыхьэт! Адрей мазэхэм я нэхъ лейуэ, нэщI мазэм жэмыхьэту зэдащIу «Тэрауихь нэмэз» жыхуаIэр хэтщ.

Алыхьым къуитыжыну псапэм ущыгугъыу, къабзэу икIи фэрыщIагъыншэу а нэмэзыр пщIымэ, абы и хьэтыркIэ уи гуэныхь блэкIар къыпхуэгъуну къыхощ хьэдис пэжым. (Бухъарий, нэгъуэщIхэми).

Тэрауихь нэмэзыр цIыхухъухэм дежи цIыхубзхэм дежи суннэтщ. И бжыгъэм теухуауэ, “мыращ” жиIэу зыри пыухыкIауэ къакIуэкъым. Абы къыхэкIыуи щIэныгъэлIхэм зэтемыхуэу бжыгъэ зыбжанэ къапсэлъ, дэтхэнэми тегъэщIапIэхэр яIэжу.

Аращи, мыращ пэжыр адрейр псори пцIыщ жыпIэу укъэувыныр щIэныгъэншагъэщ икIи акъылыншагъэщ.

Тэрауихь нэмэзым папщIэ муслъымэнхэр зэхуос, зэхохьэхэ, нэмэз зэгъусэу зэдащI. Муслъымэнхэр зы пкъым хуэдэу зэрыщытыр иджыри зэ къэзыгъэлъагъуэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ ар.

Ди щIыналъэми, мы дунейм муслъымэн щIыналъэу тетым я нэхъыбэми тэрауихь нэмэзыр рэкгьэт тIощIу ящI. АрикIи тегъэщIапIэншэу щыткъым.

ТIощIыр пхунэмыгъэсу щхьэусыгъуэ гуэркIэ мэжджытым ущIэкIыжмэ абы гуэныхьи, емыкIуи пылъкъым.

Ауэ рэкгьэтийм е рэкгьэтипщIым щIигъур мытэмэм игугъэу мэжджытым щIэкIыжхэм я IуэхущIэкIэр захуэкъым. АбыкIэ абыхэм гуэныхь къахьуи дэ тхужыIэнукъым, ауэ апхуэдэу зэращIыр нэхъыфIу къащыхъужмэ абыкIэ щоуэ ахэр.

Нэмэзым и кум къэтэджу ахэр зэрыщIэкIыжым жэмыхьэтыр ныкъуэ ещI, муслъымэнхэми я къарур лъэныкъуиткIэ зэкIэщIэкIам хуэди мэхъу, абы къинэмыщIауи, зэрыдгъэунэхуащи, а щIэкIыжхэм я псалъэмакъыр, я уэршэрыр нэмэз зыщIхэми зэран хуохъу.

Имамым и нэмэзыр зэфIэкIыхукIэ абы нэмэз дэзыщIым жэщ псом нэмэз ищIам хуэдэщ, жызыIэ хьэдисым къыхэщ фIыгъуэхэм хокIыж ахэр.

НтIэ акъыл гуэр хэлъу щхьэ щытын хуэмейрэ ди IуэхущIэкIэм?! Гьибадэтым и купщIэр ди акъылыншагъэмрэ ди щIэныгъэншагъэмрэкIэ щхьэ дгъэкIуэдыжрэ?!

ТощI зыщIхэм дынэхъыфIу зыкъытщыхъуж зэрымыхъунум хуэдэу, нэхъ мащIэ зыщIхэми нэхъыфIу икIи нэхъ захуэу закъыщыхъуж хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ пэжымрэ пцIымрэ, нэхъыфIымрэ нэхъ Iеймрэ зэхэзыгъэкI Iуэхугъуэкъым мыр.

Ауэ сыт хуэдизу узэгъусэхукIэ, узэгурыIуэхукIэ, IуэхуфIыр зыдэпщIэхукIэ – муслъымэным я Iуэхури нэхъ ефIэкIуэнущ, яIэ пщIэри нэхъыбэ хъунущ.

ДунеягъэкIи ахърэткIри фIыгъуэр Алыхьым зыбгъэдилъхьэн муслъымэн жэмыхьэт Алыхьым дищI!

[1]  Бухъари, Муслим.

[2]  Тирмизий, Ибн Хьиббан, Iэл-Хьаким.