Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Псалъэмакъыр куэд хъуащ

25.03.2017
Еджауэ 1 413

الحمد لله الْمُبْدِئِ الْمُعِيدِ، الْفَعَّالِ لِمَا يُرِيد، أَنْزَلَ الْقُرْآنَ الْمَجِيدَ، فِيهِ وَعْدٌ وَوَعِيدٌ وَتَرْغِيبٌ وَتَهْدِيدٌ، لاَ يَأْتِيهِ الْبَاطِلُ مِنْ بَيْنِ يَدَيْهِ وَلاَ مِنْ خَلْفِهِ، تَنْزِيلٌ مِن حَكِيمٍ حَمِيد ..
وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له شهادةً أَرْجُو بِهَا النَّجَاة مِنَ الْوَعِيد ، وأشهد أن محمداً عبد الله ورسوله .. بَشَّرَ الرَّشِيدَ وَحَذَّرَ الْعَنِيدَ وَدَلَّ عَلَى كُلِّ أَمْرٍ حَمِيدٍ؛ فصلوات الله وسلامه عليه وعلى آلِهِ الطَّيِّبِينَ الطَّاهِرِين وعلى أصحابِهِ الْغُرِّ الْمَيَامِين ، وعلى التابعين ومَن تَبِعَهُم بإحسانٍ إلى يوم الدين ، أما بعد ..

ФIыщIэ Алыхьым худощI, цIыхур япэу къэзыгъэщIам, етIуанэуи къэзыгъэщIыжынум, мурад ищIари къэгъазэ имыIэу зыхуэщIэнум.

Щыхьэт дытохъуэ Алыхь Иным и закъуэныгъэм, дыщыгугъыу абыкIэ дыкъелыну. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми и бегъымбарыгъэм, صلى الله عليه وسلم, дыгугъэу Къемэт махуэшхуэм абы гъусэ дыхуащIыжыну!

Муслъымэн жэмыхьэт! ЖытIэнум ипэ къихуэу тщIэнум я нэхъыфIри я нэхъыщхьэри зи пащхьэ дихьэжыну Тхьэшхуэм дыщышынэу дыпсэун зэрыхуейр зыр зым дигу къэдгъэкIыжынращ.

Абы къыкIэлъыкIуэу мы дин лъапIэм нэхъыбэ дыдэу дызыхуэсакъын хуейуэ дыкъызыхуриджэ IуэхугъуэхэмкIэ дызыхуэсакъыжынращ.

Абыхэм ящыщщ: жэмыхьэтым дыхэтыныр, гупым дахэзэгъэныр, ди закъуэ зыдмыщIыжыныр, шейтIаным зыкъыхуэдмыгъэнэныр.

Абыхэм ящыщщ: ди гур зыхуэкъэбзэныр, къабзэу дызыбгъэдэтыныр, зыр зым дыхуэщэбэныр, зыр зым дыкъыгурыIуэныр, гущIэгъу зыр зым хуэтщIыжу дахэу дызэхэтыныр.

Абыхэм ящыщщ: псалъэмакъым дыщышынэныр, фитнэхэм защытхъумэныр, бзаджагъэ дигу къэмыкIыныр, зыр зым лей тедмыгъэхьэныр.

Ахэр лъабжьэшхуэу диным хэтщ, ауэ лъабжьэр къэзыгъанэу къудамэхэм зыкIэрызыщIэ, Iэпкълъэпкъ псом и Iуэхур къэзыгъанэу Iэпхъуамбэм и закъуэ нэхъ къызыфIэIуэху, и гум цы трищIам емыгупсысу, и нэкIущхьэм тетын хуей цым епэщэщ куэд диIэщ.

Ди зэхэтыкIэр, абы адэкIэ ди зэхущытыкIэр зэрылъэныкъуабэр, лъабжьэ быдэми зэрытемытыр къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ: тIэкIунитIэ зыгуэркIэ дызэрызэтемыхуэу псори зэрытщгъупщэжыр, а Iуэху цIыкIу къэхъуам и лъабжьэм фIыуэ щыIэр зэрыщIэдгъэкIуэдэжыр.

ЦIыхубзхэр Жэхьэнэмэ мафIэм нэхъыбэу щIыхэтынум и щхьэусыгъуэхэм ящыщу хьэдисым къыщокIуэ, фIыщIэ ямыщIу, къыхуащIар ящыгъупщэу зэрыщытыр.

Нобэ а хьэлыр зыхэлъу цIыху дапщэ дэ къытхэт?! Мазэ бжыгъэр къэгъэнауэ, илъэс бжыгъэкIэ зэдэлэжьауэ; зэрыжаIэу, зы шыгъу пIастэ зэдашхауэ, Iэджэ IэфIагъи я зэхуаку дэлъауэ, зы псалъэмакъ я зэхуаку къыдохъуэри, IэфIагъи, гуапагъи ямыщIэжу, уэгъуи чыхуи къагурымыIуэжу куэдыр зэпэщIоувэж.

ЗэгурымыIуэныгъэ Iуэхум къикIами, «ди зэхуаку дэлъам и хьэтыркIэ», жаIэу,  нэхъ щабэу, нэхъ Iэдэбу, нэхъ екIуу, укIытэ Iуэхум хэлъу, «цIыхум дыкъамыщIащэрэт» жаIэу зызэхуашэу Iуэхур зэфIахыным ипIэкIэ, тхьэмахуэкIэ ямыгъэшха хьэхэм шхын мащIэ яхуэбдзмэ зэрызэрышхыжым хуэдэу, зэрошхыжхэ.

Апхуэдэм деж абыхэм я зэхуакум дэлъа дыдэр жаIэжу къэувыжмэ, хьэдыгъуэдахэ абыхэм ялэжь, ауэ абы фIэIэбыкIыжрэ, къэмыхъуа гуэр Iуэхум халъхьэу, зэрыщымытам хуэдэу жаIэжу къыдэувэжмэ, ар мунафикъыгъэ жыхуиIэм хуокIуэ.

Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم мунафикъхэм я щытыкIэ, я нэщэнэхэм я гугъу щищIым: «ЦIыхум фIэна нэужь пцIы еупс!», жиIащ. (Бухъарий, Муслим).

Апхуэдэ хьэл зиIэм и бзэгур и акъылым и япэ итщ, и Iуэхур къикIын папщIэ Iуэхум щыщи щымыщи къыхелъхьэ, зэ пэж жиIэмэ пцIищ абы хегъэувэ, фIейр къэзылъыхъуэ бадзэм хуэдэу, Iей фIэкIа къыхигъэщкъым, уеблэмэ IуэхуфIу ябж хабзэхэр Iуэху Iейуэ къигъэлъэгъуэну хэтщ.

Абы дауэ узэрыгурыIуэнур? Абы сыт хуэдэбзэкIэ узэрепсэлъэнур?

Пхэнжу зыгуэр къызыгурыIуам пэжыр къыгурыбгъэIуэжыфынущ, ауэ пэжыр ищIэрэ пэт пцIы зыупсым, пцIыи зэхэзылъхьэм сыт къыгурыбгъэIуэнур?!

Муслъымэн жэмыхьэт! ЗэикI хуэмыдэжу иджыпсту псалъэмакъхэр куэд хъуащ. Дэ езым ди зэхуаку къыдэхъуэ псалъэмакъым зекIуапIэ къыдимытыжу, зэхэтхынуи, зэфIэтхынуи, зэхэдгъэкIынуи зэман хуэдмыгъуэтыжу егъэлея хъуащ.

Ауэ «зи Iуэху зыхуэмыщIэжым къуажэ Iуэхур ищIэну хэтщ» зэрыжаIэм тету, мэжджытым, нэмэзым пэжыжьэ цIыхухэми я зэхуаку къыдэхъуэ псалъэмакъми хэIэбэрэ, абыи дыхэIэбэжын хуейуэ зыщI куэд диIэщ.

А Iуэхугъуэм лейуэ тепсэлъыхьын хуейщ, иджыпсту кIэщIу абы дыблэкIкIэ Iуэхур зэхэха хъунукъым, ауэ кIэщIу захуэдгъэзэну абыхэми дыхуейт: «фи мыIуэху зевмыхуэ, фи пIэ фисыж, фи унагъуэ фпIыж, фи нэмэз фщIыж, фи гуэныхь вгъеиж!», -жытIэу.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, ди Iуэхури нэхъыфIкIэ къызэридзэкI, иманым и IэфIагъри ди гум кIуэцIригъэкI, хьэлыншагъэми ди гур щигъэкI!