Псалъэм япэ иту тхьэшынагъэм дегупсысыну фыкъыхузоджэ. Тхьэм щышынэр цIыху пэжу дунейм тетынущ, цIыху къабзэу Ахърэтым екIуэлIэжынущ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Дин лъапIэу Алыхьым къыдитам дыхэплъэжмэ нэрылъагъуу къыхощ: дызэрылъагъуным, дызэрыIыгъыным, дызэкъуэтыным, ди псалъэр зыуэ щытыным мыхьэнэшхуэ зэрыритыр, гулъытэшхуи зэрыхуищIыр.
Абы ипкъ иткIи, дызэщыIеиным, дызэщыхьэжыным, дызэфIэнэжыным, дызэпэщIэувэжыным щхьэусыгъуэу яхуэхъум дащегъэшынэ, дигури ящегъэкI.
ИкIи шэч хэлъкым: цIыхум и щIыбагъкIэ ухуэпсэлъэным, бзэгу зехьэным, и щыуагъэ къэлъыхъуэным, диным щымыщ гуэр илэжьа хуэдэу, «бидгьэлэжь» цIэр тебгъэIукIыным, гуэныхьышхуэ гуэрхэр илэжьа хуэдэу «фасикъ»-ыцIэр фIэпщыным, е фэрыщIагъ хэлъщ жыпIэу «мунафикъ»-ыцIэр иупэсыным, абы фIэIэбыкIыжи «джаур» цIэ IеймкIэ уещэным… муслъымэнхэр зэрызэкъуиудым, къару лъэпкъ хэмылъыжу утыкум къызэрыринэм.
Нобэ муслъымэнхэм гугъуехьу яшэчыр плъагъуу, дэнэкIи я Iуэхур зэрыщымыкIуатэм ущыгъуазэу, къагуэтым нэхърэ къапэщIэтыр зэрынэхъыбэм хэпщIыкIыу – узезыхуэр сыт апхуэдэу удэтыну, муслъымэнхэм я бийхэм уадэ папщIэу закъебгъэгъэсэбыпыну?!
Муслъымэнхэм ятеухуауэ зи бзэ хуимытыжхэм яхэплъи гу ялъыптэнущ: муслъымэнагъ лъэпкъ зыхэмылъхэм е нэгъуэщI дин зезыхьэхэм хьэмаскIэжь цIыкIум хуэдэу и кIапэр игъэджэгуу зэрахэтым, ауэ муслъымэнхэм хьэмыгъасэм хуэдэу, хэти жьэхэлъу зэрахэтым.
НэгъуэщI дин зезыхьэхэм е диныншэхэм лей ех, гугъу егъэхь, жытIэкъым дэ, ауэ, уи гум фIы илъу, Iуэхур нэхъыфI зэрыхъуныр къыпфIэIуэхуу щытамэ, уи Iуэху бгъэдыхьэкIэр нэгъуэщIу щытынут, бжетIэу аращ. Мыр къыбгурымыIуэмэ, уэ уделэу аращ, къыбгурыIуэмэ, зэбгъэделэу аращи, тIум щыгъуэми уи Iуэхур шынагъуэщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Зэманыжьым къекIуэкIами, нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщекIуэкIами, дэ ди щIыналъэр зы фитнэ гуэрым нэхъ щыхъумауэрэ къекIуэкIащ, ауэ иджыпсту абы и щхьэр къыкъуигъэжу, къыкъуэжрэ къуэлъэдэжу дэри абы зыкъыдегъащIэ.
Зи гугъу тщIыр, муслъымэн цIыхум «джаур»-кIэ уеджэнращ, диным ар икIауэ унафэ тепщIэнращ, муслъымэнхэм яхэпхуу мымуслъымэнхэм залмыгъэкIэ яхэпхуэнращ.
Мыр егъэлеяуэ Iуэху шынагъуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, егъэлеяуэ Iуэху шынагъуэ куэд пыщIэжащи. Махуэм я нэхъ къабзэм уафэм дыгъэр зэритым щыхьэт узэрытехъуэфым хуэдэу, мы Iуэхум хэпщIыкIмэ хыхьэ, хьэуэ жыпIэрэ, уи пIэ исыж.
ИкIи зэрынэрылъагъущи, мыпхуэдэ Iуэхухэм хэзэрыхьауэ зэхэтхыжхэм я нэхъыбэр, я ныбжькIи щIалэхэу, я щIэныгъэри мащIэу, я акъылкIи тхьэмыщкIэхэу щытхэращ.
ЦIыху муслъымэным джаур фIэпщамэ, «Уэ Жэнэтыр уи хьэрэмщ, Жэхьэнэмэр уи натIэщ, сэлами уэсхынукъым, уи жэназыми сыныхыхьэнукъым, уи нэчыхьри къутащ….» жепIэ хуэдэу аращ. Хэт апхуэдэ унафэшхуэ зыхуэщIынур?!
Зы щIэныгъэлI и жыIауэ: «Муслъымэнхэм я бжыгъэр хэбгъэхъуэн, бийхэр абыхэм къащыбгъэшынэн ипIэкIэ, муслъымэнхэм я бжыгъэр хэбгъэщIу, абыхэм яхэпхуурэ джаурхэм ахэр яхэпхуэу, я бжыгъэр хэбгъахъуэу удэтмэ… ар сыт хьэдыгъуэдахэ?!».
Хъэуариджхэм я цIэр апхуэдизу Iейуэ къыщIыхэщами, егъэлеяуэ ткIийуэ абыхэм عليه الصلاة والسلام-ыр щIытепсэлъыхьами и щхьэусыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ, абыхэм а хьэлыр зэрахэлъыр, зыхуэмыфащэм джаурыцIэр зэрыфIащыр, мымуслъымэнхэр къагъанэурэ, муслъымэнхэм лей зэрырахыр.
Бегъымбар лъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым: «ЦIыхум джаурыгъэ езыпэсам е «Уа, Алыхьым и бий!» жезыIам, ахэр къимылэжьмэ, езым и деж къагъэзэжынущ», — жиIауэ, узезыхуэр сыт апхуэдэ псы ухыхьэну! (Хьэдисыр къаIуэтэжащ Бухъарийрэ Муслимрэ).
ЦIыхур джаур хъуауэ, диным икIауэ жыпIэныр егъэлеяуэ Iуэху гугъущ. Джаурыгъэ гуэр цIыхум илэжьыпэу плъэгъуами, а зымкIэ ар джаур хъукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щхьэусыгъуэ Iэджи уэ абы хомыщIыкIыу хэлъынкIэ хъунущ. Ахэр къомыщIауэ, сыт хуэдэ унафэ пщIынур?!
Ущыуэрэ джаур миным «муслъымэн» яфIэпщмэ нэхъыфIщ, ущыуэрэ зы муслъымэн закъуэм «джаур» фIэпщ нэхърэ. Уеблэмэ, Къемэт махуэм «Фиргьэун джауру щхьэ жомыIарэ?» жиIэу Алыхьыр къоупщIыжынукъым, си къуэш, ауэ «мыпхуэдэ муслъымэным джауркIэ щхьэ уеджа?!» жиIэу зыкъыпхуигъэзэнущ.
Алыхьым дыкъихъумэ, ди бзэгури Iейм щихъумэ! Муслъымэнхэм дигури, ди бзэри, ди Iэпкълъэпкъри яхуэкъабзэу Алыхьым и пащхьэ дыришэж, Жэнэтыр екIуэлIапIэ псоми Алыхьым тхуищI!