Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Тэухьидыр

ФIыщIэри, щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Алыхь Закъуэрщ. Аращ щытхъу къызыхуэтхьри, фIыщIэ зыхуэтщIри, гущIэгъурэ дэIэпыкъуныгъэрэкIэ дызыщыгугъри. Алыхьым и сэламыр къырихыну и нэфIри къыщыхуэну дахуолъаIуэ Мухьэммэд лъапIэми, абы и унагъуэм исахэми, абы игъуса цIыху махуэхэми, Тхьэ унафэм жыIэщIэ хуэхъуу Абы хьэкъ къыбгъэдэкIам хуэпэж псоми. 

Дыщывгъэшынэ ди Тхьэшхуэми, Тхылъ къыригъэхар ди гъуазэу щырет, къигъэкIуа ЛIыкIуэ лъапIэми Суннэ къихьам дытевгъэт! 

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам цIыхур къигъэщIри уафэми щIылъэми щыIэр къыхуэжыIэщIэну унафэ яхуищIыжащ, абы и фIыщIэ ищIу езым Алыхьыр игъэзакъуэу, Алыхьым и фIыщIэр нэгъуэщIым хуимыщIу псэуну и пщэ къыдилъхьащ. 

ИкIи пэж дыдэу, цIыхухэр а унафэм тетурэ илъэсищэ бжыгъэ къагъэщIащ, ауэ зыхъуэжыныр зыфIэфI цIыхум мыбдежми зыщихъуэжащ, фIы ищIэ игугъэжу иригъажьэри, Iейуэ щыIэм я нэхъ Iейр къыIэщIэщIащ: Алыхьышхуэу псори къэзыгъэщIыжам къигъэщIахэм щыщ гуэр гъусэ хуищIащ. 

Ар зэрыщыуагъэшхуэр икIи зэрыгуэныхьышхуэр къагуригъэIуэжыну Алыхьышхуэм тхылъхэр къахуригъэхащ, лIыкIуэхэр къахуигъэкIуащ, иужь дыдэу къригъэхыжа КъурIэнри нэхъыбэ дыдэу зытеухуэжар а Iуэхугъуэращ. 

Уеблэмэ КъурIэн лъапIэр къызэIутхрэ деджэмэ, япэ дыдэу «зыгуэр фщIэ!» жиIэу къызыхэщ аятыр зэхьэлIар Алыхьым и гъэзэкъуэныгъэращ. Дыкъыщоджэ дэ Iэл-Бэкъэрэ сурэм  и пэублэ напэхэм: «يَا أَيُّهَا النَّاسُ اعْبُدُوا رَبَّكُمُ » — «Уэ, цIыхухэ! ФыхуэпщIылI фи Тхьэм (вгъэзакъуэ Ар)». (Iэл-Бэкъэрэ, 2I). «Зыгуэр фымыщIэ!»,- жызыIэу япэ дыдэу къакIуэ аятри зытеухуар тэухьидым и пхэнж ширкращ. 

Iэл-Iихълащ сурэми и пщIэр апхуэдизу лъагэ зыщIар Алыхьым и гъэзэкъуэныгъэм зэрытеухуаращ. Аетул-Курсийри къыщIыхэщыр а щхьэусыгъуэ дыдэращ. 

Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм,  езэшыр имыщIэу, илъэсипщIкIэ къызыхуриджари, цIыхухэр зыщIипIыкIари, нэхъыбэу цIыхум яхипщари аращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум и нэмэзми, и нэщIми и нэгъуэщI гьибадэтхэми зыри къарыкIынукъым тэухьидыр къабзэу хэмылъмэ. 

ИужькIэ гьибадэт Iуэхугъуэхэр къехыу щыщIидзами тэухьидым и Iуэхур къигъэнакъым, атIэ сыт хуэдэ дин унафэмкIи Алыхьыр гъэзэкъуэн, Абы и арэзыныгъэр къэлъыхъуэн зэрыхуейм тригъэчыныхьу и гъащIэр ихьащ. 

Жыжьэ къикIыу зыгуэр къыхуэкIуами япэ дыдэ къызыхуриджэтэр Алыхьым и гъэзэкъуэныгъэрат, жыжьэ зыгуэр игъэкIуэнуми япэ дыдэ къызыхуриджэну жыриIэри арат. 

ДунеягъэкIи ахърэткIи цIыхум и ефIэкIуэныгъэр Алыхьым и гъэзэкъуэныгъэм быдэу зэрыпыщIар хьэкъыу зыпхырыкIа лIыкIуэ лъапIэм цIыхухэм къажриIэт: «Ла Iилахэ Iиллэл-Лах жыфIи фехъулIэнщ!». 

«Ла Iилахэ Iиллэл-Лах» псалъэр ауэ сытми уи бзэгупэм телъмэ уехъулIэну аракъым, атIэ абы къикI дыдэр къыбгурыIуэу уи гъащIэм хыупщэмэщ абы ущылъэIэсынур. 

ЦIыхум «Ла Iилахэ Iиллэл-Лах» псалъэр щыжиIэм и деж: «Сэ тхьэуэ къэслъытэри, узыхуэпщылIыну си фIэщ хъури, сыкъыхымэщтыкIыжу сыт иIысым теухуауэ сызэдэIуэнури Алыхьращ. Абы и унафэм зыри япэ изгъэщынукъым, Ар згъэарэзын папщIэ хэти къэзгъэгубжьыфынущ», — жиIэ хуэдэщ. 

Апхуэдэу Iуэхум бгъэдыхьэ цIыхур зэрехъулIэнум шэч хэлъкъым дунеягъэкIи ахърэткIи. Апхуэдизыр къикIти аращ а псалъэм хьэрыпхэр щыщтэу лIыкIуэ лъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым зауэр къыращIылIауэ щIыщытар.    

Нэхъ лъапIэ дыдэу цIыхум иIэр Алыхьыр зэригъэзакъуэращ, нэхъыбэ дыдэу ихъумэн хуейри аращ. «А закъуэныгъэр зыгуэрым имыкъутэжащэрэт и къабзагъыр имыгъэутхъуащэрэт, си псэр пытыхукIи абы сытемыкIащэрэт», — жиIэу и гъащIэр ирихьэкIын хуейщ цIыхум. 

Тэухьидым нэхъ къабзи, нэхъ щаби зыри щыIэкъым, — жеIэ зы щIэныгъэлI, — а нэхъ Iуэху цIыкIу дыдэми, нэхъ мыхьэнэншэу къыпщыхъуми тэухьидыр иуIэнкIэ е ириIэнкIэ хъунущ. Щыгъын хужьыбзэм е гъуджэ къабзабзэм сытри къызэрыхэщым ещхьщ ар. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдизу Аллаху Тэгьалам зытригъэчыныхьа Iуэхугъуэм емызэгъыу хьэдыгъуэдахэ куэд зылэжь муслъымэнхэр щыIэщ. 

Дэ ди щIыналъэри къелакъым апхуэдэ зыгуэрхэм, ауэ Алыхьым и фIыщIэкIэ адрейхэм ебгъапщэмэ фIыуэ къызэтенащ. АдэкIэ Iуэхур зэрекIуэкIынур дэ абы етхьэлIэм, хэтщIыхьым куэд елъытащ. 

Къозэрыхь ди щIыналъэм куэд, динкIэ зи гури зи акъылри къабзэ цIыхухэм щхъухь къахэзыкIэ, ягури я акъылри зэтезыху, гуп-гупу ахэр зыугуэш, зыр зым хукIэщIэплъу къэзэхэзынэ. 

Иджыри къэс гукъеуэу диIар муслъымэнхэр зэрымащIэрамэ, муслъымэнагъми цIыхухэр къыхуэгъэушыжынрамэ, нобэ гукъеуэ къыдэзытыр иджы а муслъымэнагъым зезытыжахэр я фIэщхъуныгъэкIи я гупсысэкIэкIи зэрытхъумэнращ, адэкIэ мыдэкIэ къыщепщэ жьым къихь фIейр къазэрыкIэрымыпщIэнращ. 

Ди мурадыфIхэр къыддиIыгъыну Алыхьышхуэм дыщогугъ! Дыщогугъ Алыхьышхуэм и гъэзэкъуэныгъэр ныкъусаныгъэншэу дгъэзащIэу дигъэпсэну, дгъэзэщIауи и пащхьэм дыришэжыну!