Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалар муслъымэным къызэрыхуэупсэ фIыгъуэхэм ящыщщ: гъащIэм и фIыгъуэр, псэуным и нигьмэтыр.
ГъащIэм зы сыхьэт хэхъуэхукIэ муIминым Iэмал егъуэт зэгупсысыжыну, зыкъипщытэжыну, зыхуэкIуэж гъащIэ пэжым зыхуигъэхьэзырыну. Псом хуэмыдэжу иджыпсту дызыхиубыда Шэгьбан мазэм хуэдэ зэманхэр гъащIэм къыщыхэхуэкIэ.
Нобэ етхьэкI мазэр лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم къыхигъэщащ и псалъэмкIэ, къыхигъэщащ и IуэхущIафэмкIэ.
Зейд икъуэ Iусамэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къеIуэтэж: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم сеупщIат: Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ! Шэгьбан мазэм узэрыхэнэщIыхьым хуэдизкIэ узыхэнэщIыхьа мазэ слъэгъуакъым?! «А мазэр, — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым, — Рэмэданымрэ Рэджэб я зэхуакум зэрыдэтым папщIэ цIыхухэм яIэщIогъупщыкI (абы тогупсысыкIхэ). А мазэми ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр дунейуэ щыIэм я Тхьэм и деж драхьейри, нэщI сису си лэжьыгъэр драхьеину нэхъ къызощтэ“. (Щэхьихь Iэт-Тэргъиб уэт-Тэрхиб).
Рэджэб мазэр (Шэгьбан мазэм ипэ къитращ) «Хьэрэм Мазэхэм» зэрыхиубыдэм папщIэ цIыхухэм абы нэхъ гулъытэ хуащI, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, мы мазищыр зэпыщIауэ, зым адрейр къыпхупымычыну, къыпыпчми уи зэран къыхэкIыну щытщ.
ЖеIэ Абу Бэкр Iэл-Бэлхъий رحمه الله: «Рэджэб мазэр щыхасэ мазэщ, Шэгьбан мазэр хасам псы щыщIакIэ мазэщ, Рэмэданыр къэкIар къыщрахьэлIэж мазэщ». Мыри жиIащ абы: «Рэджэб мазэр жьапщэм ещхьщ; Шэгьбаныр пшэм, Рэмэданыр уэшхым».
Арамэ мы мазэр фIыкIэ, хъеркIэ, псапэкIэ къэгъэсэбэпын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, илъэс псом длэжьа лэжьыгъэр зэгъусэу Аллаху Тэгьалам и пащхьэ иралъхьэжынущи, иужьрейуэ длэжьауэ Алыхьым IуэхуфI гуэр зыдегъэлъэгъун хуейщ, тIэщIэкIахэм теухуауи тобэ къабзэ къэхьыжын хуейщ.
Къызыщыгъэхъут, Аллаху Тэгьалар уи IуэхущIафэхэм хэплъэрэ, «мыпхуэдэр зылэжьар си гущIэгъум щыремыгугъ!», — жиIэмэ е блэжьа гуэр щхьэкIэ и ней къыпщыхуэмэ?! Тобэ къэдвгъэхьыж!!
Муслъымэн жэмыхьэт! Iуэхушхуэу щыIэм Iуэху цIыкIу ипэ иту къокIуэ; Iуэху цIыкIур зыхуэмыщIэм Iуэхушхуэри хуэщIэнукъым, дызыхуэкIуэ мазэ лъапIэм иджыпсту щыщIэдзауэ зыхуэдмыгъэхьэзырмэ, къэса иужькIэ кIасэ хъунущ.
Фарз нэмэзхэм ящIыгъу суннэ нэмэзхэм ещхьщ, жаIэ щIэныгъэлIхэм, Шэгьбан мазэм е Шэууал мазэм щаIыгъ нэщIхэр. ЗэрытщIэщи, суннэ нэмэзхэмкIэ фарзыр къыбохъумэ сыт илъэныкъуэкIи.
НэщI мазэм нэщIкIэ пежьэу щытащ عليه الصلاة والسلام-ыр. Ибн Рэджэб رحمه الله жеIэ: (Абы теухуауэ (щIэныгъэлIхэм) жаIащ: Шэгьбан мазэм пIыгъ нэщIымкIэ Рэмэданым пIыгъыну нэщIым зыхуэбгъэхьэзыр хуэдэу мэхъу, Рэмэдан мазэм и нэщIым зэуэ ухыхьэу къызытомыгъэхьэлъэу, нэщI Iыгъыным уи Iэпкълъэпкъыр есауэ, нэщIми и IэфIагъыр зэхэпщIауэ, нэжэгужэу, къару пщIэлъу Рэмэданым ухуожьэ). «ЛэтIаIиф Iэл-Мэгьариф».
Ауэ Шэгьбаныр икум нэблэгъа иужькIэ нэщI пIыгърэ, адэкIэ къэкIуэну фарз нэщIыр къыптригъэхьэлъэну, нэхъ къарууншэу Рэмэданым ухыхьэну щытмэ, абдежым нэщIыр зэпыгъэун хуейщ. Псом хуэмыдэжу зыхуэсакъын хуейхэм ящыщщ: зы махуэ махуитI фIэкIа къыщымынэжам деж нэщI уис зэрымыхъунур.
Муслъымэн жэмыхьэт! НэщIым имызакъуэу, адрей IуэхуфIыу нэщI мазэм щалэжьхэм иджыпстуи щелэжьын хуейщ. Псалъэм папщIэ КъурIэн еджэным, сэдэкъэ тыным, зикр щIыным, н.
Дыпевгъажьэ мазэ лъапIэм тобэ къабзэ къэтхьыжауэ, гуэныхьу щыIэм зыкъыхэдгъэкъэбзыкIауэ, Алыхьым и хьэкъкIи цIыхухэм я хьэкъкIи зыри къыттемынауэ! Дытевмыгъэхьэ мы мазэ лъапIэм ди хьэл мыхъумыщIэхэр зэхэдмынауэ!
И чэзу хъуащ ипэжыпIэкIэ Алыхьым дыщышынэну, ди муслъымэнагъым дыхуэпэжу дыпсэуну, псэлъэным дыкъыхэкIыу ди IуэхущIафэкIэ зыкъэдгъэлъэгъуэну!