Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Хъуэхъу

15.06.2013
Еджауэ 5 588

Мы хъуэхъур “Адыгэ макъ” газету 1917-1918 гъэхэм къыдэк1ыу щытам къытехуауэ щытащ. Ар зыхуэгъэзар, а газетыр зи жэрдэмк1э къыдэзыгъэк1ыу щыта ущиякIуэ-узэщ1ак1уэхэрат.

“Биибэм я шынагъуэкIэ дурэшым дэкIуэдауэ щыт ди бзэр къыдэзыхыжауэ адыгэр къэзыгъэпсэужыну мурад зыщIауэ, а IуэхумкIэ гугъу зезыгъэхьу щыт ди ущиякӀуэхэм Алыхьым фIы яхуищIэ!

Абы адэкIэ, я дэ ди Тхьэ, ди бзэ дурэшым къыдахыжамкIэ ди Iуэху зетхьэжу, ди цIыхухэр гъэса хъуауэ дыгъэлъагъу!

Мы Iуэху дахэм и гуфIэгъуэкIэ тIэкIу сыхъуэхъуэнщ. Сынэхъ Iэзэщ жызыIэри ирехъуахъуэ:

Уэ дэ ди тхьэуэ тхьэшхуэ!
Дэ апхуэдэу гугъу зыкъытхуезыгъэхь
Ди шынэхъыжьхэм
Я унагъуэр уардэ-унэжьу,
Выжь нышхэр щаукIыуэ,
Выжь укIыпIэуэ,
УнапIэр махуэуэрэ
Бжэгъу махуэ хасауэ,
Я Iэлыхь, гъэунэхэ!
Абы адэкIэ,
Мы уафэр щыкъащхъуэуэ
ЩIылъэр щыщхъуантIэм
ПхъэIэщэжьхэр зэрыхэшэу, зэрешажьэу,
ЗэIущащэу, зэщэхуакIуэуэ,
ФIэбзыр я гъуазэуэ,
Вабдзэр зэкIэлъыкIуэуэ,
Вагъэбдзумэр зэгуилъхьэрэ
ЩIым и гулъыр къыдрипхъейуэ,
ЩIым и махуэрэ
Хум и кIыпIэуэ, я Iэлыхь, дыхуэшэ!
Мэшу къытекIхэр благъэ мэшу,
Шынэ гъуэгуу,
Бзий фIыцIэрэ цIэякIуэу,
Лъэрыгъынэм икIуэсу,
Лъэсыр худэIэбейуэ,
Ажэ жьакIэм хуэдэуэ уфафэу,
Афэ гъуапэм хуэдэуэ уэндэгъуу,
Жэпкъыхъу щхьэ пIащэу,
Iэтэбэу зы хьэсэм къикIыу,
Я Iэлыхь, апхуэдэу гъэзекIуэ!
Хьэму зырашалIэм
И гъунэр гуигъэзу,
И нэзыр гуиуду,
Зэ кIыщтэгъуэр гуибгъуу,
ЕтIуанэ кIыщтэгъуэр гулъипщIу
Ялыхь,
Унагъуэ и пщIырыпщIу дыгъэкIыщтэ!
Абы надэхуа-къадэхуахэр
ЗэрыдгъэкIуэдынур
Къуэху хужь бжьэплъу,
ДакIэлъыплъами дыгуфIэуэ,
Я Iэлыхь, дыгъэлъагъу!
Ди шынэхъыщIэхэм
Дэрэ хуэрэ хакIуэ къаубыду,
Iэубыд къакIухьу,
Хъуэхъу фIэкI хъуанэ жамыIэу
Ди лъэпкъыр зекIуэу,
Я Iэлыхь, дыгъэлъагъу!”

Гуанэ Зулкъарней.
Шэджэм II къуажэм дэсащ. Мэдрэсэр къиухат. Совет зэманым пэщ1эдзэ классхэр иригъаджэу щытащ. 1974 гъэм дунейм ехыжащ.