ФIыщIэр Алыхьым ейщ: лъэIур Iызыхым, гущIэгъур къезыгъэхым. Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, гъуси Iыхьэгъуи зэримыIэм. ФIы лэжьыныр, хъейр къехьэлIэныр къыдигъэхъулIащ.
Щыхьэт дытохъуэ ди зиусхьэн Мухьэммэдыр صلى الله عليه وسلم Алыхьым и пщылIу икIи и лIыкIуэу зэрыщытым, къигъэщIауэ хъуам зэрахигъэлъэпIыкIам, фIы дыдэуи къызэрилъэгъуам…
Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам зыкъытхуегъазэри унафэ къытхуещI:
( يا أيها الذين آمنوا اتقوا الله ولتنظر نفس ما قدمت لغد واتقوا الله إن الله خبير بما تعملون).
«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Алыхьым фыщышыни, цIыху къэскIэ пщэдейрей махуэм хуигъэхьэзырам иреплъ. Фыщышынэ Алыхьым. Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм!». (Iэл-Хьэшр, 18 ).
Муслъымэн жэмыхьэт! Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم-р дунейм щехыжам, абы и лIэныгъэм гуитIщхьитIкуэдыр ищIауэ щытащ, уеблэмэ диныр пхэнжу къызыгурыIуахэм, ар IэщIыб ящIыжауэ щытащ.
Абы щыгъуэ Абу Бэкр رضي الله عنه –р цIыхум къахыхьэри Iуэхум и пэжыпIэ дыдэр къагуригъэIуат. «Мухьэммэд хуэпщылIу щыта къыфхэтмэ, Мухьэмэд лIащ, ауэ Алыхьым фыхуэпщылIу щытамэ, Алыхьыр псэущ икIи лIэнукъым», — къажриIат.
Нобэрей ди зэхэтыкIэри зыгуэркIэ ещхьщ абы щыгъуэ къэхъуам. ИкIи ухуейми ухуэмейми мыпхуэдэу жыпIэну урехулIэ: «Рэмэдан мазэм хуэпщылI къытхэтамэ, Рэмэданыр икIащ, ауэ Алыхьым дыхуэпщылIу щытмэ, Алыхьыр зыщIыпIи кIуакъым».
КIуакъым зыщIыпIи Аллаху Тэгьалар, ауэ итIани Рэмэданыр зэриухыу ди мэжджытхэр нэщI хъуащ, жэмыхьэтыр мащIэ хъуащ, КъурIэн еджэхэми, сэдэкъэ зытхэми я бжыгъэр зэуэ кIэрыхуащ, хьэулейхэр, уэрамым Iуэхуншэу дэтхэр куэд хъуащ.
Абы къегъэлъагъуэ дыкъыщIагъэщIар нэгъэсауэ къызэрыдгурымыIуэр, щIэщыгъуэм тещIыхьауэ ди диныр зэрызетхьэр, зэман пыухыкIам Алыхьым дыхуэлажьэмэ, аткIэ шейтIаным жиIэм дытелажьэми ягъэ мыкIын хуэдэу къызэрытщыхъур.
Дыщывгъэшынэ Алыхь Инми Рэмэданым зэтетлъхьар дывмыгъэгъэкIуэдыж, гуэныхьым псапэр едвмыгъэгъэшхыж; Алыхьыр Рэмэдан мазэми, адрей мазэхэми я Тхьэщ, дапщэщ тщIэри елъагъу икIи ирегъэтх, лIэныгъэри зэуэзэпсу къэсынкIэ мэхъу…
Бегъымбару щыIам я нэхъыфIым зыкъыхуегъазэри, Аллаху Тэгьалам жеIэ:
“وَاعْبُدْ رَبَّكَ حَتَّى يَأْتِيَكَ الْيَقِينُ”- «Шэч зыхэмылъыжыр (лIэныгъэр) къыпхуэкIуэхукIэ уи Тхьэм хуэпщылI!». (1эл-Хьиджр, 99).
Ауэ диныр пхэнжу къызыгурыIуахэм: (Шэууал мазэр къихьэхукIэ Алыхьым хуэлажьэ) жиIэу къагуроIуэ аятыр.
Пэжщ, Рэмэданым узэрыщытым хуэдэ дыдэу адрей мазэхэми ущымытыфынкIэ мэхъу, псапэ къэхьынри нэхъ мащIэ хъуми гъэщIэгъуэн хэлъкъым, ауэ гъэщIэгъуэныр хуит дыкъащIа нэхъей гъунапкъэм дебакъуэу, гуэныхь къэтхьынращ.
Апхуэдэ дуней тетыкIэ диIэмэ, «ди нэщIри Алыхьым къабыл ищIауэ пIэрэ?!», жытIэу дызэупщIыжын хуей мэхъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи нэщIыр къабыл хъуам и дуней тетыкIэр цIыхуфIи дуней тетыкIэ мэхъу, «псапэ иджыри къэсхьащэрэт, Алыхьым нэхъри нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуащэрэт»,- жеIэ.
Шэддад ибн Iэус رضي الله عنه-м жиIауэ къаIуэтэж: «ЦIыхум псапэ илэжьу плъагъумэ, абы нэгъуэщI псапэхэри зэрилэжьым шэч къытомыхьэ; цIыхум гуэныхь илэжьу плъагъумэ, нэгъуэщI гуэныхьхэри абы къызэрихьыр зэгъащIэ!».
Псапэм псапэ къыдокIуэ, гуэныхьми гуэныхь къыздешэ; фIы блэжьауэ гуэныхь къэпхьу удэувэжамэ, а фIы блэжьар къабыл мыхъуауэ аращ къикIыр. Ар къабыл хъуатэмэ, псапи хъуатэмэ, абы къыкIэлъыкIуэнур псапэт, гуэныхьтэкъым.
ЦIыхупсэр апхуэдэу гъэпсащи, псапэ къимыхьмэ гуэныхь къихьыну, псапэ йомыгъэлэжьмэ, гуэныхь уигъэлэжьыну щытщи, зы дакъикъэкIи утеплъэкъукI хъунукъым.
ЦIыхум и щхьэр зэрытригъэун Iуэху сыт щыгъуи зэрехуэ, IэфIагъ гуэр зэхищIэну хуейщ. ЦIыху делэм гуэныхькIэ фIэкIа зытебгъэу мыхъуну, IэфIагъи нэгъуэщIым хэмылъу къыщохъу.
Ауэ цIыху губзыгъэм къыгуроIуэ икIи ещIэ тегъэупIэм я нэхъыфIыр зыхэлъыр хьэлэлрауэ зэрыщытыр, IэфIагъым я нэхъыфIри я нэхъ инри зэхэзыщIэр Алыхьым и даIуэныгъэм хэтыр зэрыарар.
ЖеIэ Абу Сулейман Iэд-Дараний رحمه الله: «Жэщым нэмэз зыщIхэм IэфIагъ зэхащIэр куэдкIэ нэхъыбэщ, джэгукIэ зи щхьэр тезыгъэухэм зэхащIэм нэхърэ. Гум зэман къыхуохуэ Алыхьым и зикрым къыхэкIкIэ къэфэнум хуэдэу джэгуу икIи жызоIэ: Жэнэтым исынухэр зыхэтынур мыпхуэдэ гуэрмэ, ахэм псэукIэ дахащэ яIэнущ!».
А псэукIэ дахащэр къэзылэжьыфын муслъымэн Алыхьым дищI дэтхэнэ зыри! Алыхьым дыкъихъумэ, гуэныхьым дыщихъумэ! Алыхьым диузэщI, псапэ куэду дигъэлэжь!