Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Ныкъуэкъуэн хьэлыр

Мунафикъ хьэлъ зыхэлъым анэмэтыр зиIысыр ищIэкъым, зыгуэр бзыщIын зэрыхуейр, зыгуэрхэри жыпIыж зэрымыхъунур къыгурыIуэкъым. Зыгуэр игу зэрыримыхьу щэхуу къыбдищIэу хъуар утыкум къырилъхьэнущ.


الحمد لله المُبدئ المُعيد، الفعَّال لما يريد، أنزل القرآن المجيد، فيه وعدٌ ووعيد، وترغيبٌ وتهديد، لا يأتيه الباطل من بين يديه ولا من خلفه تنزيلٌ من حكيمٍ حميدٍ.
وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له شهادةً أرجو بها النجاة من الوعيد، وأشهد أن محمدًا عبد الله ورسوله بشَّر الرشيد، وحذَّر العنيد، ودلَّ على كل أمرٍ حميد؛ فصلوات الله وسلامه عليه وعلى آله الطيبين الطاهرين، وعلى أصحابه الغرِّ الميامين، وعلى التابعين ومن تبِعَهم بإحسانٍ إلى يوم الدين.أما بعد:

ФIыщIэр хуэфащэщ ди Тхьэ лъапIэу псори къэзыгъэщIам, иджыри къэзыгъэщIыжынум. ФIыщIэр хуэфащэщ КъурIэн лъапIэр къытхуезыгъэхам: гугъэрэ шынэрэкIэ дызыузэщIыр, япэм къеха тхылъхэм ар ягъэпцIыу щытакъым, ар зыгъэпцIыфын тхылъи иужькIэ щыIэнукъым.

Къемэт махуэшхуэм ди къелынум щхьэусыгъуэ хуэхъуну дыгугъэу щыхьэт дытохъуэ ди Тхьэ лъапIэм гъусэ зэримыIэм. Щыхьэт дытохъуэ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэри, Мухьэммэд صلى الله عليه وسلم-эр Аллаху Тэгьалам къызэрытхуигъэкIуам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Сыт дымыщIами, сыт жыдмыIами Аллаху Тэгьалар къызэрытщхьэщытыр тщыгъупщэ хъунукъым; абы адэкIэ, псори зы Iуммэту, зы муслъымэн жэмыхьэту дызэрыщытри дигум идгъэху хъунукъым, фитнэ къызэрыкI псалъэмакъхэми дахэзэрыхь хъунукъым.

Пэжщ, псомкIи узэгурыIуэфынукъым, сыт иIысым теухуауи акъылэгъу уздэхъуфынукъым, дыздзэхъун хуейуи унафэ щыIэкъым, атIэ щхьэж езым жиIэм темытынкIэ Iэмал щимыIэм и дежи зэпсэлъэкIэ тщIэуэ, Iуэху зэфIэхыкIэм дыщыгъуазэу, ди щхьэм пщIэ хуэтщIыжу, ди динми дыхуэфэщэжу дыщытын хуейщ.

Нобэ нэхъыбэу псалъэмакъ къызэрыкIыр мылъку Iуэхуращ. Къапщтэмэ, абы гъэщIэгъуэн илъкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мылъкум куэд елъытащ ди дин IуэхукIи, ди дуней IуэхукIи. «Мылъку щхьэкIэ мэпсалъэ» щIыжытIэни щыIэкъым, ауэ «мылъку щхьэкIэ и динри, и напэри ещэж, муслъымэнагъри, цIыхугъэри щогъупщэж» жепIэ хъунущ зыхуэфащэм.

Хьэдис пэжым къызэрыхэщщи, псалъэмакъ къыщыхъуам и деж Iуэхум пцIы хэзылъхьэм, зэрыщымытым хуэдэуи Iуэхур утыкум изылъхьэм мунафикъ хьэл хэлъщ. (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ абы ехьэлIа хьэдисыр).

ЩIыхэлъри нэрылъагъущ: и Iуэхур щыфIым щыгъуэ, зы фIы гуэркIи къыщыпщыгугъым щыгъуэ динкIэ уи къуэшу, дахэу къыпхущыту щытащ, ауэ игу иримыхьын гуэр зэрилъагъуу и муслъымэнагъыр уэ птеухуауэ щыгъупщэжащ. Абы къикIращи, гурэ псэкIэ къабзэу къыббгъэдэмытауэ аращ ар, атIэ фэрыщIагъ зэрихьэу, мунафикъ хьэлми зэрихуэу къыбдекIуэкIауэ аращ.

Апхуэдэ мунафикъ хьэл зыхэлъыр къодэуэну утыку ихуэмэ: и бзэгур и акъылым япэ йолъадэ, жиIэнур жеIэри итIанэ жиIам йогупсысыж; жиIэнур псалъэ екIукIэ хужыIэн пэтрэ, тхьэкIумэр иуIэу псалъэ дыдж къыжьэдокI.

Зэдэуэну зыбгъэдэувам зы фIы гуэр хэлъу ищIэжыххэкъым абы, атIэ фIей къэзылъыхъуэ хьэпIацIэм хуэдэу, цIыхум и щыуагъэм фIэкIа имылъагъуж мэхъу, уеблэмэ абыи фIоIэбыкIыжри, цIыхум фIы хэлъхэри Iей и лъэныкъуэкIэ къигъэлъэгъуэну яужь йохьэ, абыи фIоIэбыкIыжри, цIыхум и гум илъымкIэ унафэ ищIыну къоув!

Мунафикъ хьэлъ зыхэлъым анэмэтыр зиIысыр ищIэкъым, зыгуэр бзыщIын зэрыхуейр, зыгуэрхэри жыпIыж зэрымыхъунур къыгурыIуэкъым. Зыгуэр игу зэрыримыхьу щэхуу къыбдищIэу хъуар утыкум къырилъхьэнущ.

Зы мыхьэнэншэ гуэр щхьэкIэ апхуэдэ щIыкIэкIэ и ныбжьэгъум и напэр тезыха дапщэ щыIэ?! Зы мыхьэнэншэ гуэр щхьэкIэ зи фызым и напэр тезыха, и щэхухэр къэзытIэщIа лIыми сыт фIэпщ хъун? Зы мыхьэншэ гуэр щхьэкIэ лIым щэхуу дищIэр хьэблэм дэз зыщIа, жылэр зыщызыгъэдыхьэшха фызми сыткIи уеджэ хъун?!

ГъэщIэгъуэнракъэ, дэуэну утыкум ихьа цIыхум «сэ хьэрэм сшхыну сыхуейкъым» жеIэф, абыкIэ зеIыгъыжыф, ауэ и къуэш муслъымэным и лыр зэришхыр, и бзэ бзаджэмкIэ абы и гур зэрызэхиуIэр зыми хибжэкъым. Модрей хьэрэмым,бгы къытехуэнум хуэдэу, щощтэ, мыдрей хьэрэмыр бадзэ къытетIысхьауэ къыщыхъукъым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшынэ, Абы и пащхьэ дызэрихьэжынуми девгъэгупсыс, нэхъ жагъуэ дыдэу Алыхь Иным илъагъур дэуэнкIэ ерыщу, ныкъуэкъуэнкIэ емылыджу щыт цIыхур зэрыарари зыщыдвмыгъэгъупщэ!

Ибн Рэджэб щIэныгъэлIышхуэм رحمه الله жеIэ: «Дин IуэхукIэ ирехъу е дуней IуэхукIэ ирехъу, пцIым пкъы щIигъэувэфу, ар пэжу къыпщигъэхъуфу, пэжым и пкъыр щIиуду, ар пцIы хуэдэу къыпфIэзыгъэщIу щыт цIыхум — хьэрэму щыIэм я зы нэхъ Iей дыдэр, мунафикъыгъэми и нэхъ фIей дыдэр хэлъщ».

Абу Дауд и «Сунэн»ми итщ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-эм и псалъэр: «ЗэрыпцIыр ищIэ пэтрэ, абыкIэ дауэ цIыхур — абы къыхэкIыхукIэ (ар къигъэнэхукIэ) Алыхьым и губжьым къыхэмыкIыу хэтщ».

Муслъымэн жэмыхьэт! ЩыIэмэ щыIэ хабзэр: мылъку нэгъуэщIым къытрихыжын папщIэ дауэ цIыхущ, ауэ мылъкур нэгъуэщым Iихын папщIэ дауэ цIыхум дауэ феплърэ?! Апхуэдэ щапхъэ дахи щыIэщ!

Иджыпсту псэу зы щIэныгъэлI иджыблагъэ дунейм ехыжа зы сатуущIэ гуэрым тепсэлъыхьыжу етх: Илъэс тIощIрэ ирэкIэ Iуэху дищIат абы нэгъуэщI зы лIы гуэрми, апхуэдиз илъэс бжыгъэм и кIуэцIкIэ зэ закъуэ фIэкIа псалъэмакъ я зэхуаку къыдэхъуакъым.

А зэ закъуэри къызыхэкIар мырат: сом мин щитIрэ плIыщIрэ я зэхуакум къыдэнат, зей дыдэр яхузэхэмыгъэкIыу. Зым уэращ мыр зейр, жиIэт, адрейм хьэуэ уэращ зейри къэщтэж, жиIэт. Сытми псалъэмакъ кърахри, нэгъуэщI зыгуэрхэр къыхэIэбэри зэхагъэкIыжауэ щытащ!!

Муслъымэн жэмыхьэт! Мылъку щхьэкIэ дызэдэуэну хэзыщIыкIым ди Iуэхур щетхьэлIэм и деж мы хьэдисыр ди нэгум щIырет:

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Сэ сыцIыхууращ, фэри фызэдауэу си деж фыкъокIуалIэ. Фи языхэзым и тегъэщIапIэри (довод) нэхъ зэгъэкIуауэ жиIэнкIэ мэхъу, сэри а зэхэсхам тызощIыхьри абы и лъэныкъуэр къызощтэ. Арамэ, и къуэшым и хьэкъым щыщ гуэр модрейм къылъысу унафэ сщIами, ар модрейм къыремыщтэ, ипэжыпIэкIэ мафIэм щыщ зы Iыхьэ къыхугуэсхауэ аращ сэ абы!». (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ).

أقول قولي هذا …