Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЗызыгъэпIийр пуд мэхъу!

03.11.2024
Еджауэ 17

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам къытхуищIахэм, фIыгъуэуи къыдбгъэдилъхьахэм дегупсысыжмэ фIыщIэ Абы хуэдмыщIынкIэ, щытхъуи Абы къыхуэдмыхьынкIэ Iэмал иIэкъым.

ФIыгъуэхэри Iэджэуи зэхедзыж, ауэ абыхэм нэхъ ин дыдэу яхэтыр: Аллаху Тэгьалам мы дин дахэм уи гур къыхузэIуихынращ, абы иужькIэ а диным ухуэпэжу мы дунейм утригъэтынращ.

Мы дунейм зыгуэркIэ уи щхьэр щыпIэт хъунумэ, зыгуэркIэ зыбгъэщIагъуэ хъунумэ диныр дахэу зэрыпхэлъым папщIэ зыбгъэщIагъуэ хъунущ, ауэ диныр дахэу зыхэлъым зэикI зигъэщIэгъуэнукъыми, зыгъэщIэгъуэныр цIыху мыгъэсахэм я хьэлу къонэж.

Мылъку зиIэм мылъкуншэр ауан ищIыныр, къулыкъу зыбгъэдэлъым цIыху къызэрыгуэкIыр зыримыпэсыныр къызыхэкIыр цIыхум и акъылыр зэрыкIэщIращ, жыжьи зэрымыгупсысэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мылъкури, къулыкъури чэзущ икIи къакIуэ-кIуэжщ.

Мы хьэдис лъапIэми цIыху гупсысэкIэр ипIэм иригъэуэвжын хуейщ. ЖеIэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم Жэннэт Iыхьлы хъунухэм ятеухуауэ: «Дэтхэнэ къарууншэу тегушхуэгъуафIэ ящIращ, ауэ Алыхьым и цIэкIэ тхьэ иIуэмэ къыхуимыщIэу къимыгъэнэну». Жэхьэнэмэ Iыхьлыхэм ятеухуауи мыр жиIащ: «Ар дэтэхэнэ цIыху пхъашэжьу, нэпсеижьу, пагэныгъэ хэлъу щытращ!». (Бухъарий, Муслим).

Уеблэмэ, Ахърэтым ипэ къихуэуи дунеягъэкIи зы щIыпIэ нэхъ нэсыр зызыгъэпIийхэракъым, атIэ зи щхьэ ехьэхауэ Iуэху дахэ зыщIэу мы дунейм тетхэращ.

Езыхэр дымылъэгъуами я хъыбар куэдрэ зыхэтхыу, я цIэр куэдрэ жытIэу, я тхылъхэми деджэу, нобэ мыпсэужхэми псэум хуэдэу къытхэту щытхэм я Iуэхум сыту пIэрэ нэхъ щэхуу хэлъыр, жытIэу дызэупщIыжын хуейщ.

ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъа куэдым я цIэр тхыдэм хэгъуэщэжащ, я тхылъхэри щIым щIэкIуэдэжащ, ауэ мыхэм я щIэныгъэр мыкIуэдыжу цIыхум къахуэнащ, я цIэри ящымыгъупщэжу цIыхум я жьэм къыжьэдэнащ. Абы зы щэху гуэр хэлъщ.

Ибн Iэл-Мубарэк жеIэ: «Малик хуэдэу зи пщIэр нэхъ лъагэ хъуа слъэгъуакъым сэ. Къапщтэмэ, и псапэ нэмэзкIи, и псапэ нэщIкIи адрейхэм къахэщкъым ар. Зы щэху гуэр и Iуэхум хэмылъмэ сщIэкъым зыхуэсхьынур?!».

Сыт-тIэ а щэхум къикIыр? Алыхьым нэхъ ещIэри, щэхуу апхуэдэ цIыхухэм ябгъэдэлъар: Езы Алыхьым фIэкIа къадимыщIэу я гур къабзэу IуэхуфIхэр зэралэжьаращ, Абы къаритыжыну псапэм фIэкIа щымыгугъыу Iуэхум зэрыбгъэдыхьахэращ.

Пэжращи, цIыхум и гум и къабзагъым куэд иIыгъщ. ЦIыхур Алыхьым деж лъапIэ щызыщIри, Алыхьым деж пуд щызыщIри а и гум илъращ.

ЦIыхухэр уэ къэбгъэлъагъуэм теухуауэ къыбдекIуэкIмэ, Алыхьыр къызэрыбдекIуэкIыр цIыхум ямылъагъуу уи гумкIэ бгъэв гупсысэхэмкIэщ.

НеткIэ дызэджэри аращ. Абы и мыхьэнэр икъукIэ зэыриным къыхэкIкIэ щIэныгъэлI куэдым я тхылъым пэублэу хуащIар Нетым ехьэлIауэ къэкIуа хьэдисращ.

Нэхъыбэ дыдэуи Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم дэр щхьэкIэ щIэгузэвар фэрыщIагъым и Iуэхуращ, ширк цIыкIу зыфIищари аращ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «ЦIыхухэм ялэжьам пэкIуэр ягъуэтыжа нэужь, Алыхьу Лъэщу, Лъагэм (фэрыщIагъ зыхэлъахэм захуигъэзэнурэ) жиIэнущ: — ДунеягъэкIэ зызыхуэвгъэфэрыщIахэм я деж фыкIуи зыгуэр къыватыжыфмэ феплъыт!».

Муслъымэн жэмыхьэт! Дэтхэнэ зыми гукъеуэ нэхъыщхьэ зыхуэтщIыжу дызэупщIыжын хуейщ мыпхуэдэу: уа мы злэжьым зыгуэр къикIыу пIэрэ? Уа мы си лэжьыгъэм фэрыщIагъ гуэр хэмылъу пIэрэ? Уа мыр къабылу сIахыну пIэрэ хьэмэрэ си нэгум кърадзэжыну пIэрэ?

Абы нэхъ насыпыншагъэ щыIэ: цIыхум нэмэзкIи, нэщIкIи, сэдэкъэкIи гугъу зригъэхьауэ, и гъащIэ псоми «муслъымэнышхуэу дунейм тетащ» зыхужаIэхэм хуэдэу псэуауэ, ауэ и лэжьыгъэр псори фэрыщIагъкIэ зыхэлъу, цIыхум я фIыщIэ къилъыхъуэуи дунейм тетауэ къыщIидзыжыну.

ЦIыхум и акъылкIэ е и щIэныгъэкIэ зэрытхьэмыщкIэращ ар къызыхэкIыр. Армырамэ, цIыхум ищIэу хъуар Алыхьым и цIэкIэ къабзэу щищIэм деж, щытхъури, фIыщIэри цIыхухэм я жьэм Алыхьым къыжьэделъхьэ.

Арамэ, Алыхьым псори бгъэдэлъхьэжын хуейщ, Алыхьым псори хуэгъэзэн хуейщ. Алыхьым хуэгъэзаращ къэнэжынур, адрейхэр псори е кIуэдыжынущ е цIыхум и щхьэ къихуэжынущ.

Алыхьым нэхъыфIкIэ дыщывгъэгугъ дэтхэнэ зыри! Ди гур Алыхьым тхуигъэкъабзэ, дифI зыхэлъми ди гупсысэр хуишэ, дунеягъэкIи, АхърэткIи фIыгъуэр къыдбгъэдилъхьэ!