Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Хъуэнэбзэр

27.12.2022
Еджауэ 2 480

Муслъымэн жэмыхьэт! Iуэху цIыкIу дигугъэжурэ Iуэхушхуэу къыщIидзыжу е Iуэху цIыкIуу къежьэу иужькIэ Iуэхушхуэм хуэкIуэжу куэд ди гъащIэм къыхохуэ, и чэзум зыкъэдмыщIэжмэ икIи дызэмыгупсысыжмэ иужькIэ икъукIэ дыхущIегъуэжыну, ауэ ди щIегъуэжым зыри къимыкIыжыну. 

Нэхъыбэуи Iуэхур къыщежьэ хабзэр унэ кIуэцIращ, иужькIэ ар уэрамым къыдохьэ, иужькIэ абы псори ецIалэри уз яхуохъу, Iуэхур абы щынэсам деж цIыху узыншэхэм абы зыри хамылъхьэжыфу мэхъу.

Нобэ зи гугъу тщIыну Iуэхугъуэри абыхэм ящыщ зыщ. Ар апхуэдизу быдэу цIыху гъащIэм хэуващи, ар къаIэщIэпчмэ я щIакхъуэ Iыхьэр къатепхыу къащохъу языныкъуэм.

Зи гугъу тщIыр: цIыхум я жьэм къыжьэдэкI емыкIухэращ, псалъэзэпх папщIэу къагъэсэбэп псалъэ фIейхэращ, зы псалъэкIэ жыпIэмэ: хъуэнэбзэ яжьэдэлъращ.

ЦIыху хьэлыншэхэм, цIыху мыгъэсахэм хъуэнэныр я гъащIэм щыщ зы Iыхьэ хъуащ, я бзэгур абыкIэ яуфIеящ. МыдэкIэ цIыху хьэлыфIэхэм, цIыху гъэсахэм ар яжьэдэмылъми, зыжьэдэлъхэм жаIэр зэхахын хуей мэхъу, абы къыхэкIкIэ абыхэми я тхьэкIумэр уфIея мэхъу.

Аращи, уи бзэгур узыншэу къызэтенэми, уи тхьэкIумэр узыншэу къызэтенэкъым. Уи бзэгум жиIэм теухуауэ ухуитыж щхьэкIэ, уи тхьэкIумэм зэхихым зыри пхуещIэкъым, аращи ухуейми, ухуэмейми апхуэдэ гуэр тхьэкIумэм къос.

ХъуэнэнкIэ нэхъ ерыщыр цIыхухъухэращ, ауэ цIыхухъухэр къыуигъэщтэжыну цIыхубз ерыщ щыIэщ абы теухуауэ. ЦIыхухъу хъуанэ щыщыIэкIэ, цIыхубз хъуани щыщыIэкIэ сабийхэр дэнэ кIуэжын, ахэми хъуэнэбзэр яжьэдэлъу къохъу.

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ ди цIыхухэр псэлъамэ хэт «сымуслъымэнщ!» жеIэри абыкIэ зыкъыхегъэщ, хэт «сыадыгэщ!» жеIэри хабзэм, нэмысым и гъащIэр трищIыхьу къыщохъуж, ауэ сыт хуэдэ дин е сыт хуэдэ хабзэ хъуэнэныр зыгъэдахэр?! Зыми игъэдахэкъым, ауэ итIани дэнэкIэ умыплъами хъуэнэбзэщ.

Диныр зи гъащIэм лъабжьэ хуэзыщIыжахэм яхуэгъэщауэ къыдохь мы хьэдис лъапIэр. ЖиIащ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم муслъымэн хьэлым теухуауэ:

“ليس المؤمن بالطَّعَّان ولا اللعَّان، ولا الفاحش ولا البذيء”.

«МуIминыр убэрейкъым, шхыдэрейкъым, бзэфIейкъым, нэмысыншэкъым!». (Тирмизий).  

  )) رواه الترمذي بسند حسن.

Арамэ, хъуэнэныр муслъымэным къемызэгъыххэу аращ, сыт щыгъуи, дэнэ дежи. И фIэщуи, гушыIэуи, къэгубжьауи, къэмыгубжьауи.

Зыми хуэмыгъэзэхауэ хъуэнэбзэр цIыхум къыжьэдэкIмэ абыкIэ гуэныхь къехь, муслъымэн цIэ лъапIэ зэрихьэм епIэскIужа мэхъу, ауэ хъуэнэбзэр нэгъуэщI муслъымэным хуэгъэза хъумэ ар куэдкIэ нэхъ хьэлъэ мэхъу.

ЖеIэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم

“سِباب المسلم فسوق وقتاله كفر”

«Муслъымэным псалъэ фIей йопэсыныр фасикъыгъэм щыщщи, уезэуэныр джаурыгъэм щыщщ. (Бухъарий, Муслим).

Муслъымэн жэмыхьэт! ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, балигъхэм я дежщ къыщежьэр сабийхэми къажьэдэкI псалъэхэр. «Ин жыIэ цIыкIу Iуэтэж» жыхуаIам тету, сабийм зэхимыха жиIэнукъым.

Уеблэмэ, сабийм зэрыжиIэм иридыхьэшхын мурад иIэу хъуэнэбзэ абы езыгъащIэ адэ-анэ щыIэщ. – Мыр дауэ?- жыпIэрэ захуэбгъазэмэ, — Мыр иджыри сабийщ, жаIэри загъэзэхуэж.

Ар сабийми уэ убалигъщ, абы гуэныхь къимыхьми уэ гуэныхь къыбохь. КъинэмыщIауи,  — Мыр иджыпсту сабийщи, иджыпсту зы фIы гуэр хэдмыпщэмэ иужькIэ хэпщэжыгъуей хъунущ!-жиIэн хуейуэ арат цIыху губзыгъэм, хьэуэ, а нэхъ зэманыфI дыдэр зыIэщIагъэкI, джэгухэурэ сабийр ягъэсэхъу.

Сабийм и Iуэхум ещхьщ мыри: акъылкIэ сэкъат гуэр зиIэ ялъагъумэ абы псалъэ фIей жрагъэIэурэ абы иридыхьэшхыжхэу, абы нэхъ Iеижращи, абы сурэт трахрэ цIыхухэм хэз ящIрэ — абыкIэ цIыху хьэлхэр зэтезыху, зи гуэныхьхэр щэ бжыгъэкIэ, уеблэмэ, мин бжыгъэкIэ зыгъэбагъуэ акъылыншэхэр щыIэщ.

Делэр хэт абы иужькIэ? Нобэ ауан ящI мо тхьэмыщкIэра, хьэмэрэ пщэдей ауаныпIэ ихуэжыну мыдрей делэшхуэхэра?!

Дызыхуэвгъэсакъыж дэтхэнэ зыри! Дымуслъымэнмэ муслъымэну дэнэ дежи дыщывгъэт! ЦIыхур нэхъыбэ дыдэу зытеунахъуэр и бзэгуращ, Жэхьэнэмэри нэхъыбэ дыдэу къезыгъэлэжьыр аращи, Алыхьым псоми гущIэгъу къытхуищI!