Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Мамырыгъэмрэ диным и зыужьыныгъэмрэ зэпыщIащ

03.01.2022
Еджауэ 483

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам цIыхур къигъэщIу мы дунейм къыщIытригъэхьар, цIыхум къызэрезэгъым хуэдэу мыбдежым щыпсэун папщIэщ. ИкIи а псэуныгъэр щыIэн папщIэ, цIыхум «мэпсэу» хужыпIэн папщIэ япэ дыдэ игъуэтын хуейхэм ящыщщ: мамырыгъэр.

Мамырыгъэ зыдэщымыIэм гъащIэ щыIэкъым. Мамырыгъэ зыдэщымыIэм цIыхум зыщиужьынукъым, и щIэныгъэми щыхигъэхъуэнукъым, IэщIагъи зыригъэгъуэтынукъым, уни иухуэнукъым, гъуэгуи ищIынукъым, икIи нэгъуэщIынукъым.

Мамырыгъэ зыдэщымыIэм цIыхупсэр щагъэпуд, цIыху щIыхьыр щыхаутэ, мылъкур тыншу щыIэщIах, къарукIэ къигъэгугъэхэм къарукIэ псори зэфIах, къарууншэхэр хэутэн ящI.

Аращ цIыху губзыгъэхэм къыщIыхагъэщыр «мамырыгъэр фIыгъуэу щыIэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ» жаIэу. Ауэ, цIыху акъылыншэхэм ар къащыгурыIуэр мамырыгъэр щафIэкIуэдам дежщ, я щхьэр зыдахьынур ямыщIэу утыкум къыщинахэм дежщ.

Сыт хуэдиз насыпыншагъэ ягъэврэ нобэ мамырыгъэ зэрымылъыж щIыналъэхэм. Сыт хуэдиз адэ-анэ гуIэм хэт я быныр ямыгъуэтыжу, сыт хуэдиз сабийи зеиншэу къэна я адэ-анэр къащхьэщымытыжу, сыт хуэдиз цIыхуи дунейм къытена уни, лъапси ямыIэжу, я къэралми имысыжыфхэу, нэгъуэщI къэралми ирамыгъэхьэу.  

НэхъапэIуэкIэ ди адэшхуэ Ибрахьим, عليه السلام, мэккэдэсхэм папщIэ арат щIалъэIуар мыхэр жиIэурэ:

“رَبِّ اجْعَلْ هَذَا بَلَدًا آمِنًا”

«Си Тхьэ, мы щIыналъэр мамыру щыгъэт!…». 

«ЩIыналъэр мамыру щыгъэт!» жиIэу лъэIуа нэужь абы къыкIэлъыкIуэу, «щыпсэухэми ерыскъы къет…», — жиIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мамырыгъэ зыдэщымыIэм ерыскъы щыIэкъым, щыIэми абы и IэфIагъыр цIыхум зэхащIэжкъым.

Сыхьэт бжыгъэ дэкIмэ зэраукIынур зыщIэ цIыхум мы дунейм фIыгъуэу телъыр и пащхьэ иплъхьэми абы хуеинукъым икIи къыфIэIуэхунукъым.

Аращ щIыжиIэр ЛIыкIуэ лъапIэм عليه الصلاة والسلام-ым: «Зи унэм мамырыгъэ щIэлъу, зи IэпкълъэпкъкIи узыншэу, махуэм ишхыни иIэу нэху къекIам:  дунейр зэрыщыту къыратам хуэдэщ». (Тирмизийщ).

Муслъымэн жэмыхьэт! НэгъуэщI гуэрым къыджиIэн хуэмейуэ дэ езым ди диным мамырыгъэм гулъытэшхуэ зэрыхуищIыр къыдгурыIуэжу дыщытын хуейщ. КъинэмыщIауи, мамырыгъэм дэ езыр дызэрыхуэныкъуэр тщIэжу дыщытын хуейщ.

Мамырыгъэ щыщыIэм деж диным зызэриужьым хуэдэу зэикI зиужькъым. Тхыдэм дыхэплъэжми абы щыхьэт техъуэ куэд хэбгъуэтэнущ.

Муслъымэнхэмрэ мэккэдэсхэмрэ зэгурыIуэу зауэ Iуэхур къыщагъэувыIам акъыл гуэр зыбгъэдэлъ зыри къэнэжатэкъым диным къимыхьауэ е абы и гупэр къыхуимыгъэзауэ. Ар щIэныгъэлIышхуэхэм къыхагъэщ.

Уеблэмэ ди ЛIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и щхьэр Мэккэ къыдихыу Мэдинэ къыщIихьатэр а мамырыгъэр къилъыхъуэти аращ. Къилъыхъуэт хуиту диныр зыбгъэдилъхьэн, абы и дахагъэр нэгъэсауэ зыригъэлъэгъун.

Мамырыгъэ щыщыIэм деж цIыхум гупсысэну Iэмал егъуэт. Гупсысэ цIыхуми диным и къабзагъымрэ, и дахагъымрэ къыгурымыIуэнкIэ Iэмал иIэкъым.

Ауэ мамырыгъэ щыщымыIэм и деж, цIыхум гупсысапIэ иIэкъым, атIэ и гупсысэр псори зытеухуар и щхьэр зэрихъумэжынращ. Шынагъэм зэщIищта цIыхум и хьэлри зэтокI, пцIы IэщIэкIыу, фэрыщIагъым зэрихуэу, убзэнымрэ-упсэнымрэ къыдэмыхуэу мэхъу.

Алыхь Иным долъэIу мы щIыналъэми, муслъымэну щыIэм я щIыналъэми мамырыгъэр иригъэлъыну, муслъымэнхэм зызэраужьын Iэмалхэр къаритыну, я диныр ящызыгъэгъупщэн щытыкIэ яримыгъэлъэгъуну!